Бдзэжьей цIыкIухэм я IэзэкIэр
2013-09-14
- «Иппотерапия» (шым и Iэзэгъуэ), «герудотерапия» (псы дыуэм и Iэзэгъуэ) жыхуаIэу иджырей медицинэм къигъэсэбэп Iэмалхэм бдзэжьейхэмкIэ цIыхум еIэзэныр къахохъуэ. 1843 гъэм Австрием и биолог-щIэныгъэлI цIэрыIуэ Геккелем Иоганн япэу къигъуэтауэ щыта, Iэбжьанэ хуэдиз фIэкIа мыхъу бдзэжьей цIыкIунитIэ, «гарра руфа»-кIэ зэджэхэм ущрохьэлIэ Тыркум, Сирием, Ираным, Иракым я хы Iуфэхэм.
- Бдзэжьей цIыкIухэр къызэрыпхуэгъэсэбэпынум пасэу
- щыгъуазэ хъуа КъуэкIыпIэ Гъунэгъу къэралыгъуэхэр абыхэмкIэ зэIэзэ узхэм ящыщщ куэдыр гугъу езыгъэхь псориазыр. Абыхэм я IэзэкIэм укIэлъыплъыныр телъыджэщ, апхуэдизкIэ «жэуаплыныгъэ» яхэлъу щхьэж и къалэныр ягъэзащIэри. Узым зэщIищта фэр языныкъуэхэм трагъэкъэбзыкI, адрейхэр абы IупскIэ йолэжьыж, инфекцэ лъэпкъ нэмысын хуэдэу.
- Ди республикэм и санаторэхэм ящыщ зым «бдзэжьей терапиер» къыщыгъэсэбэпыным теухуа проектыр иджыблагъэ япэу пхигъэкIащ Урысейм туризмэмкIэ и дунейпсо академиер къэзыуха Гочаев Мыхьэмэт.
- «ХьэрычэтыщIэ Iуэху мыинымрэ курытымрэ зегъэужьын» щIыналъэ программэм и грантыр Налшык къалэ администрацэм абы хуигъэфэщащ.
- Мыгувэу бдзэжьей цIыкIухэр ди республикэм къыщыщIэж псы хущхъуэхэм хаутIыпщхьэнурэ, ахэр абы зэрезэгъым кIэлъыплъынущ. «ИтIанэ дэращ Кавказ Ищхъэрэ псом апхуэдэ IэзэкIэр япэу къыщызыгъэсэбэпынур», — жеIэ щIэныгъэлI ныбжьыщIэм.
- Жылокъуэ ТIутIэ.