ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Джатауэ Уэлийи кIуэдыкIар

2016-07-15

  • Ди хъыбарыр ятеухуащ гъащIэ хьэлэмэт къэзыгъэщIа Джатауэ Шэмсиятрэ (Джэдгъэфхэ япхъущ, 1884-1963 гъэхэм псэуащ) Джатауэ Былымгъуэт и къуэ Уэлийрэ (1872 — 1923 гъгъ.).
  • Псори къыщежьар XIХ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэрщ, Иджырей Черкесск къалэ пэмыжыжьэу щыс Зеикъуэ жылэрщ. Зы нысашэ гуэрым щызэрыцIыхуат уэркъ унагъуэм къыхэкIа хъыджэбз дахэ зэкIужымрэ и теплъэрэ къарукIэ зыхыхьэм къахэщ щIалэ екIу, Джатауэхэ я къуэ Былымгъуэтрэ.
  • АрщхьэкIэ, щауэр уэркъ лъэпкъым къыхэкIатэкъым, мэкъумэшыщIэ унагъуэт зейр. Абыи емыплъу, ныбжьыщIэхэм унагъуэ яухуэну тегушхуами, нысащIэм и адэр абыхэм пэрыуэгъу къахуэхъуащ. Тхьэм ещIэ, фIыщэу илъагъу и пхъум нэгъуэщI насып къыщIэкIынт зыхуэлъыхъуэр. НыбжьыщIэхэм я Iуэхур хэплъэгъуэ хъуащ, щIалэм къилъытащ и пщIэр хаутэу. Апхуэдэу щыхъум, абыхэм мурад ящIащ къуажэм дэкIуэсыкIыу унагъуэ щхьэхуэу тIысыжыну. Щауэм и Iуэхур къыдэзыIыгъ и къуэшхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ зэгурыIуэри, пщащэр адэ лъапсэм къыдадыгъукIри, шы жэрхэм тесу зрачыжащ.
  • Хъыджэбзым и адэм абыхэм пхъэр  якIэлъигъэкIуащ, дауэ ищIми и пхъур и жьэгум щригъэтIысэхыжыну фарз зыщищIыжауэ. Сыт хуэдизу къэмыгуоуами, ягъэшынэну яужь имытами, ныбжьыщIэхэр къахуэгъэувыIакъым. Сыт хуэдэ бгырыс щIалэт фIыуэ илъэгъуам пхупыкIынур?! Ар зыгуэркIэ къэдзыхатэмэ, пщIэ лъэпкъ иIэжынутэкъым. Ауэрэ фочыр гъэуэн щIадзащ икIи зыпэмыплъа къаIэщIэщIащ — фочышэр техуащ хъыджэбзым … ЩIалэм и шыр къыжьэдикъуэри, къапэщIэувахэм къахэлъэдащ, абдеж и псэр щитми, нэхъыбэ зэрыздихьынум пылъу.
  • ЩIалэ къызэщIэплъахэр щызэрыукIащ абдеж, я псэугъуэу куэди хэкIуэдащ. Щауэм и лъэныкъуэкIэ псэууэ къэнар зэкъуэшитIырщ — езы Былымгъуэтрэ Темболэтрэ. Зыкъомрэ щысащ ахэр гупсысэу: сыт тщIэн, дэнэкIэ дунэтIын? — жаIэу.
  • Къэхъуам и ужькIэ, дауи, абыхэм я къуажэм ягъэзэжынутэкъыми, КъэбэрдеймкIэ яунэтIыну мурад ящIащ. Лъагъуэ щэхухэмкIэ къыпхрыкIыурэ Налшык и Iэгъуэблагъэхэм а тIур къэсащ. Мэзым мазэ зыбжанэкIэ щIэсащ, Шыпшым и цIыхухэм ахэр къапэщIэхуэхукIэ. КъызэрыщIэкIамкIэ, абыхэм зыщагъэпщкIур а пщым и мэзрат. Iуэхур зэхигъэкIын щхьэкIэ пщым и деж ахэр ириджащ. А зэманым абы и хьэщIэт пщы ХьэтIохъущокъуэри. Джатауэ Былымгъуэт и закъуэу къэкIуащ, зыми дзыхь хуэзымыщI, цIыху сакъ Темболэт мэзым къыщIэнэри. Зэпсэлъа нэужь пщыхэм мурад ящIащ зэкъуэшитIым я нэIэ трагъэтыну. Апхуэдэу Былымгъуэт ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм (Зеикъуэ) псэун щыщIидзащ икIи абдеж и къуэпсхэм зыщригъэубгъуащ.
  • Былымгъуэт 1870 гъэм щхьэгъусэ къишэри унагъуэ дахэ иухуащ, къуихрэ пхъуищрэ къыщIэхъуащ. Дэтхэнэми хуэфащэу я    лъэпкъ жыгым и къудамэхэм зрагъэшэщIащ.
  • Макаренкэ Яков «Друзья, каких знал и люблю» и тхылъым (Налшык, 2005 гъэм Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ) дыкъыщоджэ: «Къулейсызу псэу Джэдгъэф ТIам и унэм къыщыхъуащ кIарцей жыгыщIэм хуэбгъэдэну Iэпкълъэпкъ зэкIуж зиIэ, илъэс 16 зи ныбжь Шэмсият. Хъыджэбзым и дахагъэр жылэ псом щызэлъащIысащ. Абы лъыхъу къыхуэкIуащ зи ныбжьыр илъэс 40-м нэблэгъа, къулеижьхэм ящыщ Дыкъынэ Жамбэч. Шэмсият и адэр абы фIэлIыкIырти, «хьэуэ» жриIэфакъым. Апхуэдэу щыхъум, Дыкъынэм нысащIэм уасэфI щIитащ: шитI, жэмитI, витI. АрщхьэкIэ, Шэмсият а щауэм хуейтэкъым, фIыуэ илъэгъуар Джатауэ Исмелт. Исмел къулейсызт, ауэ дахэт, и ныбжькIи щIалэт».
  • Адэм Шэмсият и гухэлъхэр къыщищIэм, ар гущIэгъуншэу иубэрэжьащ, нысашэр къыщыдыхьэну пIалъэмкIэ ягурыIуащ. Дыкъынэхэ я унэм ирашэлIащ нысащIэр. ХьэгъуэлIыгъуэр къызэрыдахрэ махуэ ещанэр екIуэкIырт. Шэмсият яхуэшхэртэкъым, Исмел деж зэрыкIуэсэнрат зэпымыууэ зэгупсысыр. Ар зыщIэс пэшыр яхъумэрт, итIани, махуэ ещанэм и пщыхьэщхьэм абы хузэфIэкIащ Дыкъынэхэ къыщIэкIуэсыкIыжу  Джатауэхэ  я деж екIуэлIэну.
  • Шэмсият и адэми и анэми пунэлат кърахащ. Дыкъынэм нысащIэм щIита уасэр ятрихыжри, илъ ищIэжыну Джатауэ лъэпкъыр бий ищIащ. Илъэс дэкIауэ къэIуащ фоч уэ макъыр. Дыкъынэм иукIащ Джатауэ Исмел и къуэш Уэлий. Апхуэдэу щIидза хъуащ лъэпкъитIым  илъэс  куэдкIэ  яку  дэлъа  лъыщIэжыр.
  • Шэмсият Джатауэ лъэпкъым я гуауи гуфIэгъуи ядигуэшу илъэс  62-кIэ  яхэсащ, анэ гумащIэу, щхьэгъусэ пэжу щытащ, пхъуиплIрэ къуищрэ ипIащ.
  • Шэмсият и къуэ Хъусен 1942 гъэм Хэку зауэшхуэм хэкIуэдащ. Ар щыщIалъхьащ Украинэм и Киев областым хыхьэ Фастов къалэм. И къуэ нэхъыжь ТIорэ колхозым ветеринару щылэжьащ, нэхъыщIэ Хьэсэн зауэм 1946 гъэм къикIыжа нэужь, псэухукIэ колхозым хэтащ. Ипхъухэр унагъуэ хъуауэ насыпыфIэу псэуащ.
  • Былымгъуэт унагъуэшхуэ иIащ — къуихрэ пхъуищрэ. Зэкъуэшхэм я нэхъыжьыр Уэлийт. Ар фIыуэ щыгъуазэт и адэм и гъащIэр къызэрекIуэкIам. ЗэрыцIыкIурэ лIыгъэ щIапIэм зыхуигъэхьэзыр зэпыту къэгъуэгурыкIуат. Абы и хахуагъэмрэ IэкIуэлъакIуагъэмрэ зэрыжылэу щыгъуазэт. Нэхъыжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, шым уардэу тест, сэшхуэр фIыуэ игъабзэрт. Дауи щIыи, абы зэрихьэ унэцIэми куэд къыбжиIэрт — Джатауэ. Уеблэмэ шы нэхъ фэншэ дыдэри абы екIуу хуэгъасэрт. Жэщыр щыхэкIуэтами, Бахъсэн псы уэрым ар зэпрыкIыфырт, бгым дэкIынуми къехыжынуми лъагъуэ лъыхъуэртэкъым. Мыр къагупсыса хъыбаркъым, атIэ пэжщ, хэзыщIыкIыу щыта и ныбжьэгъухэмрэ и къуэшхэмрэ ди деж къахьэса Iуэхущ.
  • … Уэлий иджыри къэс зызыхуигъэхьэзыра лIыхъужьыгъэр къыщигъэлъэгъуэну пIалъэр къэсащ. Урыс-япон зауэр къыщыхъеям, езыр фIэфIу абы кIуащ, и къуажэгъу щIалитху щIыгъуу, Тэрч-Псыжь шуудзэм хыхьэ Къэбэрдей шууищэм (128-м щыщу 14-р балъкъэрт) хэхуащ. Маньчжурием къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ Георгий щихъым и жорищыр къратащ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри къыхуагъэфэщэн папщIэ Уэлий лIыгъэшхуэ зэрихьащ. Абыхэм щыхьэт тохъуэ дамыгъэхэм ящIыгъу дэфтэрхэр.
  • Урыс-Япон зауэр еухри, 1905 гъэм и мазаем Къэбэрдей шууищэм Налшык къагъэзэж, щхьэж и унэ екIуэлIэжыну къыжраIэ. 1906 гъэм и фокIадэм урядник Джатауэ Уэлий Налшык округым и унафэщIым иреджэ, зауэм къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм къыпэкIуэу «милицэм и юнкер» цIэ лъапIэр къызэрыфIащар къыжриIэну.
  • 1910 гъэм и бжьыхьэм округым и унафэщI Къылышбий СулътIанбэч зэщIигъэуIуащ дыгъуэгъуакIуэхэм япэщIэтыну зы гуп. Абы хыхьащ Уэлии.
  • 1914 гъэм шыщхьэуIум Къэбэрдей шуудзэм ар хыхьэнущ. ХьэтIохъущыкъуей жылэм щыщу абы зыхезыгъэтха цIыху 13-м япэ дыдэу итт зи ныбжьыр илъэс 42-м нэблэгъа Джатауэр. ЩIалэхэм я цIэ-унэцIэр зэрыт тхылъымпIэм къуажэ тхьэмадэм тритхэжат: «Езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ  дзэ  къулыкъум пэрохьэ».
  • 1914 гъэм и дыгъэгъазэм Уэлий бийм щыIущIэнущ Галицием и Самбор къалэм деж. ИужькIэ ар мэжэрхэмрэ австрийцхэмрэ щозауэ Калушэ щIыпIэм пэгъунэгъуу. Зэхэуэ гуащIэхэм ящыщ зым, Жаровин жылэ цIыкIум деж, взводым и унафэщIыр уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ. Шухэм къикIуэтын щIадзащ, я щхьэр кърамыгъэIэту шэр къытрагъэлъалъэрти. АрщхьэкIэ Уэлий гупыр къызэтригъэувыIэри, бийм тезэрыгуэну абыхэм Iэмал къахуигъуэтащ икIи абы и фIыщIэкIэ шуудзэм и къалэныр игъэзэщIащ. Генерал-лейтенант Нахичеванскэм куэд дэмыкIыу Джатауэ Уэлий къритащ Георгий щихъым и жорым и япэ нагъыщэр. Апхуэдэу япэу Къэбэрдей шуудзэм къахэщащ Георгий и жориплIри зиIэ хъуа Джатауэ Уэлий.
  • Юнкер Джатауэ Уэлий армэм хэтащ 1915 гъэм и накъыгъэ пщIондэ. ИужькIэ ар Псыхуабэ дэт дзэ сымаджэщым ягъэкIуащ, и узыншагъэр иригъэфIэкIуэжыну. Ар щыпсэуащ къыщалъхуа ХьэтIохъущыкъуей къуажэм. Граждан зауэм и илъэсхэм Джатауэр Совет властым къыдэщIу хэтащ.
  • Япон, нэмыцэ, граждан зауэхэр зэфIэкIащ. 1923 гъэм и бжьыхьэм Уэлий шым тесу блэкIырт мэлхэр щащ щIыпIэм. И къуажэгъу, и щыкъу щIалэу щытам кIэрахъуэр кърипхъуэтри абы къеуащ. Уэлий шы уанэм зыщиIыгъащ икIи лъы къуалэр къежэхыу унэм нэсыжыфащ.
  • Уэлий и анэ Цацу асыхьэту и бынхэр зэхуишэсри яжриIащ: «Филъ фщIэжыну хуит фысщIыркъым. Алыхьым кърита гъащIэр кърепсэу, ищIар игу къэкIыжыхункIэ и напэр сыуэ».
  • ЛIыукIыр къуажэм дахуащ. Бэбий, зэкъуэшхэм я нэхъыщIэм, жьы дыдэ хъуауэ жиIэжырт: «Джатауэхэ куэдрэ Iэмал диIащ Уэлий илъ тщIэжыфыну. АрщхьэкIэ анэм и псалъэм сыт щыгъуи дыкъызэтригъэувыIэжырт».
  • Мы хъыбарым зи гугъу щыщIа дэфтэрхэр архивхэм къыхагъуэтэжу я тхылъхэми къыщызыгъэлъэгъуэжа Опрышкэ Олегрэ («Бывают странные сближения») Къэрмокъуэ Мухьэмэдрэ («ХьэтIохъущыкъуей хъыбархэр») фIыщIэ яхудощI.
  • Тхыгъэр зыгъэхьэзырахэр:
  • Темболэтрэ Былымгъуэтрэ я щIэблэу Ислъэмей, Зеикъуэ къуажэхэм щыпсэухэр,
  • Джэдгъэф Аслъэмырзэ.