Мазаер щIэкIэщІыр сыт?
2013-02-20
- Мазаер илъэсиплІым зэ махуэ 29-рэ мэхъури, адрей илъэсищым махуэ 28-рэ фІэкІа хъуркъым. Сыту пІэрэ абы и щхьэусыгъуэр?
- ЗэрыжаІэмкІэ, апхуэдэу щІэхъун щхьэусыгъуэ лъэпкъ щыІэкъым, пэжыгъэ хэлъу, щІэныгъэр и лъабжьэу убгъэдыхьэмэ. Хэлъыр Рим императоритІым я зэныкъуэкъу, я гурымыхьщ.
- Нобэ дызытетыр григориан махуэбжылъэщ, щоджэн цІэрыІуэ Георгий VII и цІэм къытрахауэ. Абы и пэ итар юлиан махуэбжылъэрт. Абы дагъуэ гуэрхэр иІэу къыщІэкІынти, император Жулиус (ийулийус) Цезарь, а махуэбжылъэр зэрагъэзэхуэжыну унафэ яхуищІащ. Абы щыгъуэ Мысырым (Египет) щІэныгъэшхуэ щыІагъэнущ. Мысырым щыщу уэщІэныгъэхэмкІэ (астрономие, космографие, метеорологие) Іэзэу, еджагъэшхуэу Созиген а Іуэхур пщэрылъ щащIащ. А лъэхъэнэм ящІэ хъуат илъэсыр махуэ 365-рэ сыхьэтихрэ зэрыхъур. Сыхьэтихыр зэхэплъхьэмэ, илъэсиплІ къэс зэ илъэсыр махуэ 366-рэ мэхъу. А махуэ бжыгъэр мазэ 12-м къанэншэу тебгуашэ хъуртэкъыми, мазихыр махуэ щэщI-щэщIу, адрей мазихри дэтхэнэри махуэ 31-рэ хъууэ ягъэпсат. Ауэ илъэсыр махуэ 365-рэ щыхъу илъэсищым (махуэ 31-рэ хъу мазэхэм ящыщ зыр махуэ 30 ящІыным и пІэкІэ), яужь дыдэу щыт мазаер махуэ 29-м кърагъэхыну ягъэпсащ. Абы щыгъуэ япэ мазэр гъатхэпэрт. Апхуэдэу щыщыткІэ, илъэсыр махуэ 365-рэ щыхъу илъэсищым мазаер махуэ 29-рэ, илъэсыр махуэ 366-рэ щыхъу зы илъэсми махуэ 30 иукъуэдийуэ ягъэпсат.
- Рим император цІэрыІуэ Цезарь Юлий мазэ кІыхьхэм ящыщ зым — июль (бадзэуэгъуэ) мазэм езым и цІэр фІищат. Абы и ужькІэ император хъуа Августи езым и цІэр зэрихьэу зы мазэ къыхихащ, ипэрей императорым и цІэ зезыхьэ мазэм кІэлъыкІуэу. Ауэ ар махуэ 30-т зэрыхъури, езым и мазэр зы махуэкIэ нэхъ мащІэу щыту идакъым. Мо мазае «тхьэмыщкІэм» аргуэру зы махуэ къыхахри, шыщхьэІум (августым) хагъэхъуащ. Апхуэдэурэ пащтыхьитІым я мазитІыр дэтхэнэм ейри махуэ 31-рэ хъууэ ягъэпсащ, мазаер зы илъэсым махуэ 29-рэ, илъэсищым махуэ 28-рэ фІэкІ мыхъуу къагъэнащ.
- Иджы ар гурыІуэгъуэ хъуащ ауэ абы дэ адыгэхэм «мазае» щхьэ фIэтща? Дэ апхуэдэ хабзэ тхэлъакъым, «джэлам» делъэпэуэжу. Лъэщхэм абы махуэ зырыз фІыхахыурэ зэрагъэкIэщIам щхьэкIэ «мазафІэ» жытІэу дгъэфІэжыным и пІэкІэ, «мазае» фIэтщащ. Ар щхьэусыгъуэншэу къыщІэкІынукъым, нэсу дыщымыгъуазэ щхьэкIэ.
- ХЪУАЖЬ Фахъри.