МафIэсым къела гущэ
2013-09-07
- Инарыкъуей мафIэсым къела гущэ нобэр къыздэсым щахъумэ а жылэм щыпсэу Хьэщэ ТIырэ и унагъуэм.
- ТIырэ Хэку зауэшхуэм хэтащ, илъэс куэдкIэ колхозым и механизатор пашэхэм ящыщу къекIуэкIащ. Ар езыр ирапIыкIащ нобэ я унагъуэм щахъумэ гущэм, зэрыжаIэмкIи, абы къихъукIащ ТIырэ и адэ Жыби. Жыбэ и ныбжьыр фIыуэ хэкIуэтат нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр къуажэм къыщыдыхьам. Ар жылэм къыдадза лагъымым иукIауэ щытащ. А псор зэпэплъытыжмэ, шэч хэлъкъым гущэм и ныбжьыр илъэсищэм зэрыщIигъуам. Нобэр къыздэсым абы Хьэщэхэ я щIэблэ куэд ирапIыкIащ.
- Гущэр иджыпсту щыIэхэм ебгъапщэмэ, абыхэм нэхърэ нэхъ лъахъшэщ, нэхъ бгъузэщ, ар бэрэжьейм къыхэщIыкIащ. Къапщтэмэ, сэ зэрысщIэмкIэ, а пхъэ лIэужьыгъуэм гущэ къыхащIыкIыжыркъым.
- Хъымбэзэр Рашид.