ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Фэеплъхэм къытхуаIуэтэж

2016-08-23

  • Налшык къалэдэс дэтхэнэми ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм епхауэ езым и гукъэкIыжхэр иIэщ. ЗыгъэпсэхупIэм и ихьэпIэм къыщыщIэдзауэ а щIыпIэ щхъуантIэм псори дехьэх. Илъэс 80-м щIигъуауэ зыгъэпсэхупIэм «драгъэблагъэу» аслъэнхэм я теплъэ гъэжа жыг хадэ ихьэпIэм деж щытщ. Сигу къокIыж, дыщысабийм абыхэм я жьэм къыжьэдэж псымкIэ ди псыхуэлIэр идгъэкIыу зэрыщытар. Ноби плъагъунущ ныбжьыщIэхэм шынапэурэ я Iэ цIыкIухэр а аслъэнхэм зэрыхуашийр.
  •  
  • Къапщтэмэ, скульптурэхэм хьэлэмэт зыщI гуэри яхэлъкъым, ауэ гулъытэ зыхууагъэщI, илъэс пщIы бжыгъэхэр я щIыбагъ къыдэтщи, блэкIам ухагъэплъэжыф. Абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ: ахэр щищIым Молодожанин Леонид (Лео Мол цIэмкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуар) и гуи и пси а лэжьыгъэм хигъэхьагъэнут…
  • Молодожанин Леонид Украинэ КъухьэпIэмкIэ щыIэ Полонное щIыпIэм 1915 гъэм къыщалъхуащ. Леонид и адэр кхъуэщыныщIти, абы и дэIэпыкъуэгъуурэ къэхъуащ. Илъэс 15 и ныбжьыр щрикъум, щIалэщIэр Венэ кIуащ, ар щылэжьащ Фрасс Вильгельм и художественнэ студием, нэмыцэбзэр иджащ. 1936 — 1941 гъэхэм Леонид щеджащ ХудожествэхэмкIэ Ленинград дэт Академием. А еджапIэм ар щигъэсат скульптор цIэрыIуэ Манизер Матвей. ИужькIэ Лео Мол къиухыжащ Берлин ГъуазджэхэмкIэ и академиер, щIэтIысхьащ, апхуэдэуи Климш Франц и дэIэпыкъуэгъуу лэжьащ. 1943 гъэм къыщыщIэдзауэ, ар Гаагэ (Голландие) дэт Пащтыхь академием щIэсащ, а илъэс дыдэми абы щхьэгъусэ ищIащ нэмыцэ цIыхубз (Маргарет). Ахэр илъэс щэ ныкъуэм щIигъукIэ зэдэпсэуащ, 1948 гъэм Виннипег (Канадэ) Iэпхъуащ, а щIыпIэращ Лео Мол щылIэжари. Украинэ газет къыдэкIыгъуэхэм Лео Мол теухуауэ къыдат хъыбархэм къахэщыркъым ар Налшык зэрыщыпсэуар. ИтIани, жыIапхъэщ скульпторыр ди щIыналъэм зэрыщыIар езым сэбэп зэрыхуэхъуар. Къэбэрдей-Балъкъэрыращ ар и IэщIагъэм Iэижь щыхуэхъуар.
  • Молодожаниным и унагъуэр Налшык къыщыщыхута илъэсыр зэхэгъэкIакъым. КъБР-м и Лъэпкъ музейм и лэжьакIуэ Емельяненкэ Надеждэ а Iуэхугъуэр ирепх Украинэм гъей щыщыIа зэманым, 1932 — 1933 гъэхэм.
  • Налшык къалэ зэрыдэса илъэсищым Леонид щIэин дахэ къытхуигъэнащ. 1933 гъэм ди щыхьэрым къыщызэIуахауэ щыта ныбжьыщIэ театрым и сурэтыщIу абы щыгъуэм ар и къару еплъыжащ, къыкIэлъыкIуэ илъэситIырщ зи гугъу тщIа скульптурэхэр (аслъэнхэр), нэгъуэщIхэри абы щищIар. Гу лъытапхъэщ: абы щыгъуэм Леонид иджыри илъэс 20 ирикъуатэкъым. 
  • Налшык къалэ и ХьэтIохъущокъуэ жыг хадэм щагъэува «Материнство» скульптурэри (бзииху жыг сатырхэм хэтыр) зыщIар Молодожаниныр зэрыарар ди фIэщ мэхъу. ЦIыху IэпщIэлъапщIэм анэмрэ сабиймрэ я теплъэм лъагъуныгъэрэ гуапагъэу хилъхьар зыхэзымыщIэ блэкIыу къыщIэкIынкъым.
  • Мы скульпторым нэгъуэщI и зы лэжьыгъэми дыщыгъуазэщ. Ар «Спортсменка» жыхуаIэу илъэс куэдкIэ Адыгэ театрым и пщIантIэр зыгъэдахэу щытарщ.
  • Емельяненкэ Надеждэ жеIэ «Победа» кинотеатрым тет «Танцующая пара» скульптурэри Молодожанин Леонид зэриIэдакъэщIэкIыр. Ар пэжынущ, сыту жыпIэмэ фэеплъхэр зытращIыкIахэм ящыщ Атэлыкъ Жанусэ («Кабардинка» ансамблым и япэ гупым хэтащ) и гукъэкIыжхэм къыхощ: «Аслъэнджэрийрэ сэрэ лъэпкъ фащэхэр тщыгъыу Налшык къалэ и Затишье районым скульпторхэм сурэтхэр щыттращIыкIауэ щытащ. Зым и унэцIэр Молодожанинт, адрейм — Василенкэ. Ар 1935 гъэрщ е 1936-рщ» («Газета Юга» № 13, 2000 гъэ).
  • Жанусэ зи гугъу ищIа Василенкэ скульпторыр хэтми, сыт хуэдэ лэжьыгъэ фэеплъхэм ирихьэлIами зэкIэ дыщыгъуазэкъым. Ауэ шэч зыхэмылъыжращи, «Танцующая пара» фэеплыр Молодожанин Леонид и IэдакъэщIэкIщ.
  • Мы скульптор ныбжьыщIэм мыхьэнэ зиIэ лэжьыгъэ куэд зэман кIэщIым къытхуигъэнэну хузэфIэ- кIащ. АрщхьэкIэ, абыхэм я нэхъыбэр нобэ къытхуэхутэжыркъым, тхуэмыхъумаи щыIэщ. Псалъэм папщIэ, «Пастух с ягнёнком» и скульптурэр щыIэжкъым. Ауэ нэгъуэщI скульпторым ищIауэ, щынэ цIыкIу зыIыгъ Iэщыхъуэм и фэеплъыр къалэ бэзэр дыхьэпIэм щытщи, Молодожаниным зригъэщхьауэ пIэрэ жыбоIэ.
  • Котляров Виктор.