ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Алий Хэкум къэзышэжар

2016-01-27

  • БлэкIа лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм Къармэхьэблэ курыт еджапIэм егъэджакIуэу щылэжьащ Бэрокъуэ Зырамыку. Абы иригъаджэрт тхыдэмкIэ, географиемкIэ, астрономиемкIэ. Ар езыр Къэсейхьэблэ щыщт. Зырамыку 1919 гъэм къиухат Каир дэт Аль-Азхар университет цIэрыIуэр.
  •  
  • Бэрокъуэр ди къуажэм дэсыху зыщыпсэуар си адэшхуэ Мырзэкъан Хьэмид и унэрщ. ЩIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ Зырамыку хьэрыпыбзэр, тыркубзэр, нэмыцэбзэр, урысыбзэр фIы дыдэу ищIэрт. А зэманым ар Наркомпросым ирагъэблагъэу, абы щекIуэкI лэжьыгъэм и псалъэ хилъхьэфу щытащ. Псалъэм папщIэ, адыгэ тхэкIэр латин алфавитым къытекIыу кириллицэм щыхуэкIуэм а лэжьыгъэр зэфIэзыгъэкIа комиссэм хэтат.
  • Хэку зауэшхуэр къэхъея иужь Бэрокъуэр я къуажэ   Къэсейхьэблэ Iэпхъуэжри, ефэндыуэ лэжьащ. 1944 гъэм ар ягъэтIысри, илъэсипщIкIэ щыIащ Сыбырым. Абы къикIыжа нэужь Зырамыку ди адэшхуэм деж мызэ-мытIэу лъагъунлъагъу къэкIуащ, сощIэж ахэр кIыхьу зэпсалъэу зэбгъэдэсу зэрыщытар. Зырамыку теухуауэ ди адэшхуэм куэд жиIэжырт. Абыхэм ящыщщ мы хъыбарри.
  • Зауэр къэхъеиным куэд имыIэжу, абы и деж къэкIуат щIалэ къамылыфэ, и щхьэц фIыцIэр дэжьеяуэ, езыр мыщхьэпэ лъагэу. А щIалэр щежьэжым мыр жиIэу зэхэсхащ: «Зырамыку, уэ сэ къысхуэпщIар игъащIэкIэ сщыгъупщэнкъым, уэр мыхъуамэ сэ си Iуэхур къызэрекIуэкIынур хэт ищIэнт?» ИужькIэ «а щIалэр хэт?» жысIэу сыщеупщIым, «ар ЩоджэнцIыкIу Алий жыхуаIэращ, усакIуэщ, дэхуэхауэ Истамбыл къыщысхуэзэри къыздэсшэжауэ щытащ», — жиIащ. Езы Зырамыку Сыбырым къикIыжа нэужь куэдрэ псэужакъым.
  •  
  • Мырзэкъан Къазий.
  •  
  • Р.S. Мы тхыгъэ кIэщIыр редакцэм къыщIэзыхьар тхыдэтх, тхакIуэ Бейтыгъуэн Сэфарбийщ. Абы зэрыжиIэмкIэ, Къазий къиIуэтэжыр фIэгъэщIэгъуэн хъури иригъэтхауэ аращ. Къазий Къармэхьэблэ щыщщ, и IэщIагъэкIэ зоотехникщ, ауэ тхыдэм еджэ, абы куэд хэзыщIыкI цIыхущ.
  • Шэч хэмылъу, гъэщIэгъуэнт Бэрокъуэ Зырамыку и гъащIэм теухуауэ нэхъыбэ къэтщIэныр. Абы и щIэблэм, нэхъыжьхэм къытхуаIуэтэжыр ди гуапэу ди газетым теддзэнщ.