|
2021-12-02
- Ди республикэр къулейщ абы и зэIузэпэщыныгъэм, ехъулIэныгъэм зи акъылрэ щIэныгъэрэ, гуащIэрэ зэфIэкIрэ езыхьэлIэ цIыхухэмкIэ. Апхуэдэ хэкупсэхэр и мащIэкъым Аруан щIыналъэм хыхьэ къуажэ нэхъ дахэхэм ящыщ, зи щIыпIэр псынащхьэ къабзэхэмкIэ къулей, «Псынабэ» цIэ дахэмкIэ зэджэ жылэ Iумахуэми. Щалъхуа и жылэм адэкIи зиузэщIыным, псынабэдэсхэм я гъащIэр егъэфIэкIуэным, абы къыдэхъуэ щIэблэр хэкупсэу къэгъэтэджыным зи гупсысэхэри IуэхущIафэхэри хуэгъэпсахэм ящыщщ Теувэ Алексей Щэрэлыкъуэ и къуэр. НэхъыжьыфI гумызагъэм, жылагъуэ лэжьакIуэ жыджэрым мы махуэхэм егъэлъапIэ и илъэс 80 юбилейр.
Псоми еджэн…
2021-12-02
- ГъащIэм декIу, абы зи Iыхьэ къыхэзыхыф цIыхум щхьэкIэ «псэукIэ ещIэ» жаIэ. Апхуэдэ цIыхур Iуэху куэдыщэ зи пщэ къыдэхуэ цIыхубзхэм ящыщмэ, нэхъыбэжу уи гуапэ мэхъу. Еджамэ, унагъуэ ихьамэ, бын дахэ игъэсамэ, и унэр къабзэлъабзэмэ, цIыху хыхьэкIэ-хэтыкIэ ищIэмэ, лэжьыгъэ IэнатIэр зыхуей хуэзэу ирихьэкIмэ… сыт адэкIэ къыпыпщэн?! А псори, къанэ щымыIэу, къызэхъулIахэм ящыщ зыщ мы тхыгъэ кIэщIыр зытедухуа Хъыдзэдж (Ансокъуэ) Верусэ Хъусен и пхъур.
Псоми еджэн…
2021-12-02
- Дунейм щикъухьа адыгэр къацIыху и лIыгъэкIэ, акъылкIэ, щIэныгъэкIэ, зэфIэкIкIэ. Къэрал зэхуэмыдэхэм къулыкъу лъагэхэм щыпэрытхэщ — пщIэ къыхуащI, дзыхь кърагъэз. Уэздемыр Джем адыгэщ, нэмыцэ политикщ, «Удзыфэхэр» политикэ партыр къызэзыгъэпэщахэм язщ. Иджыблагъэ Германием мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр хъуащ щIалэр.
Псоми еджэн…
Фэеплъыр щылъэужьыфIэм деж
2021-12-02
- Сыщалъхуа хьэблэм сыщыдыхьэжкIэ, зэгуэр бынунэр щыпэкIуу щытауэ иджы нэщI хъуа, си цIыкIущхьэр щызгъэкIуа пщIантIэшхуэм и IэплIэм сыкъыщихутэжкIэ, псэр пкъым пкърысыкIрэ блэкIам хилъэсэжу къысщыхъуу щытыкIэ гъэщIэгъуэн сохуэ. Си нэгу къыщIоу-вэж псори, зыри къэмынэу: зи IэфIкIэ зызмыгъэнщIу пасэу сIэщIэкIа си анэ цIыкIур, къысщхьэщыубгъуарэ къысхуащIэмкIэ иримыкъуу дунейм тета си адэшхуэ-анэшхуэр, гумащIэрэ сыт щыгъуи къысхуэщабэу щыта си анэ дэлъхухэр, зи гулъытэ зэи сыщызымыгъэщIа хьэблэ нэхъыжьхэр, щIалэхэр, хъыджэбзхэр… Дэтхэнэр жыпIэн, дэтхэнэм зэуэ утепсэлъыхьын?! Арагъэнщ, сабиигъуэр IэфIщ, щIыжаIари. Си гум IэфIу къинэжахэм ящыщщ ди хьэблэм дэсхэм я зэхуаку илъа зэхущытыкIэ дахэхэр, къыщекIуэкIыу щыта хабзэхэр, уэршэрхэр, щIы- хьэхухэр, зэкIэлъыкIуэр. Сщыгъупщэркъым щIалэгъуалэр пщыхьэщхьэкIэрэ уэрамыщхьэм къыдэкIрэ жэщыбгым нэсыху дыхьэшхымрэ гушыIэмрэ хэту ягъакIуэу щыта зэманыр. Абыхэм я зэхэкIыжыгъуэ хъуху нэхъыжьхэри дыхьэжыртэкъым, къахуеплъэкIрэ пыгуфIы-кIыу фIэкIаи зыми зыри жраIэртэкъым… УимыIэжыр къыщыплъыхъуэм деж, гум зехуз, ауэ гъащIэр апхуэдэурэщ зэрыкIуэр, псори чэзущ…
Псоми еджэн…
2021-12-02
Къызэрызэрагъэпэщрэ илъэсищэ ирикъу ди республикэр зэрыгушхуэ и цIыху щэджащэхэм ящыщщ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща КIыщокъуэ Алимрэ КъБР-м и цIыхубэ уса-кIуэ, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал, Лениным и цIэр зезыхьэу щыта саугъэтхэм я лауреат Кулиев Къайсынрэ. Ахэр зэныбжьэгъуфIу, зэрыгъэпэжу къызэдекIуэкIащ, щызэхуэзэкIэ я мурадхэмкIэ, я гурыгъу-гурыщIэхэмкIэ зэдэгуашэу. Апхуэдэ зэIущIэхэм ящыщ зыщ мы сурэтым щыфлъагъур.
2021-12-02
- «КоммерсантЪ» газетым дигу къегъэкIыж Урысейм и курорт щIэныгъэм къежьапIэ хуэхъуа Кавказ Псы Хущхъуэхэм я хъуреягъкIэ XIX лIэщIыгъуэм япэ зыгъэпсэхупIэхэр къыщызэIуахауэ зэрыщытар. Абы топсэлъыхь газетым и корреспондент Петуховэ Аннэ.
Псоми еджэн…
2021-12-02
- Мамбэт Аделинэ дэни щыпашэщ
- Прохладнэ къалэм дэт, Олимп чемпион Ласицкене Марие и цIэр зезыхьэ, олимп резерв атлетикэ псынщIэмкIэ щагъэхьэзыр школым «С ненавистью и ксенофобией нам не по пути» къэралпсо къыхуеджэныгъэм щIэту щекIуэкIащ 2011 гъэм къалъхуахэм я зэхьэзэхуэ.
Псоми еджэн…
Анэ быныфIэхэр егъэлъапIэ
2021-11-30
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Анэм и махуэм и пэ къихуэу ехъуэхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ унагъуэхэм икIи «Анэм и щIыхь» медалыр яритащ анэ быныфIэ 18-м.
Псоми еджэн…
2021-11-30
- Къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт, ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я зыужьыныгъэмрэ ефIэкIуэныгъэмрэ зи къару хэзылъхьэу гу хьэлэлрэ псэ къабзэкIэ бэм яхуэлажьэхэм ящыщщ педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, СССР-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным и Iэна- тIэм и отличник, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Дадэ Суфэдин (Исмел) Iэбузед и къуэр. ЗэфIигъэкI Iуэху щхьэпэхэмкIэ щIыналъэм щыцIэрыIуэ хэкупсэ нэсым мы махуэхэм егъэлъапIэ и илъэс 70 юбилейр.
Псоми еджэн…
2021-11-30
- Бзэуэ пщIэм хуэдиз цIыху уриуасэщ, жаIэ. Къыбдалъхуа анэдэлъхубзэм фIыуэ урипсэлъэныр, гупсысэр гъэхуауэ кърипIуэтэныр адыгэм пщIэ зыхуищI Iуэхугъуэу къилъытэу игъащIэми къогъуэгурыкIуэ. Ар щыгъэтауэ, зи бзэр лантIэм, шэщIауэ псалъэм жылэ Iуэхухэр и пщэ далъхьэу, хеящIэу хахыу, щыхьэту ягъэуву къекIуэкIащ. Я фIэщ хъурт адыгэбзэ укъуэдиякIэ псалъэм укъимыгъэпцIэну, и псалъэ тебгъуэтэжыну, и жыIэр зэщIа хъуну. ПсэлъэкIэм хуащI гулъытэм къыхэкIагъэнущ ар зыIэт, зыгъэлъагэ Iэмалхэр бзэм уэру щIыхэ-тыр, хуей хъумэ, цIыхум и гупсысэр щIэщыгъуэ ирищIыну, зэIубзу къриIуэтэну, нахуэу иришэщIыну хэкIыпIэ зэмыщхьхэр къриту. БзитIым е нэхъы-бэм ирипсалъэ цIыхум сыт щыгъуи фIэлIыкI иIэу, ахэр IэкIуэлъакIуэу зезыхьэм лъытэныгъэ хуащIу къекIуэкIащ.
Псоми еджэн…
2021-11-30
- КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зи чэ- зу зэхуэсышхуэм блэкIа илъэсхэм ящIар къыщапщытэжри, къэблагъэ пIалъэм союзым и унафэщIу щытынур хахащ.
Псоми еджэн…
2021-11-30
- Новгород Ищхъэрэ къалэм иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ курыт щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ щрагъэгъуэт колледжхэм, техникумхэм я студентхэр зыхэта къэралпсо зэпеуэ. Абы къыщапщытащ апхуэдэ курыт еджапIэхэм IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ щызэзыгъэгъуэт щIалэгъуалэм ябгъэдэлъ зэфIэкIхэмрэ Iэзагъымрэ.
Псоми еджэн…
2021-11-30
- Адыгэм и дэтхэнэ бын псэ къабзэри дапщэщи хуэнэхъуеиншэщ ди къурш уардэхэм, тафэ хуитышхуэхэм, псы уэрхэм, лъахэрыс цIыхухэм — ХЭКУ псалъэм къызэщIиубыдэ псоми. Апхуэдэущ зэрыщытын хуейр лъэпкъым и цIыхуу зызылъытэжхэр. Адэжь щIыналъэр игу лъащIэм щызыгъафIэу, Хэку-анэри псэри зы чысэм илъу къэзылъытэу зи дунейр езыхьэкIа хэкупсэхэм я щапхъэщ зи ахърэ-тыр нэху хъун Абеикъуэ Шухьэиб Мэзан и къуэм и гъащIэр. Кавказ щIыналъэм 1763 гъэм къыщылыду илъэси 101-кIэ екIуэкIа зауэм ди лъэпкъым къыхуихьауэ щыта бэлыхьхэмрэ гугъуехьхэмрэ, щыщIэныгъэ инхэмрэ насыпыншагъэшхуэмрэ, леймрэ залымыгъэмрэ я лъэужь куэд зыгъэвахэм ящыща нэхъыжьыфIым и псэр Тхьэм щигъэгуфIыкI нобэ дигу къызэрыдгъэкIыжыр.
Псоми еджэн…
Адыгэ хэхэсхэм я тхыдэдж Ершов Виталий
2021-11-30
- ЩэкIуэгъуэм и 26-м и ныбжьыр илъэс 60 ирикъуащ шапсыгъ адыгэхэм къахэкIа пэтми, политикэ Iуэху зэIумыбзхэм я щхьэусыгъуэкIэ и адэм и унэцIэр зэрихьэну Iэ-мал зымыгъуэта тхыдэдж-политик Ершов Виталий.
Псоми еджэн…
Псалъэзэблэдз
2021-11-30
- ЕкIуэкIыу: 2. Зыгуэрым и ухыпIэ, и къэухь, и гъунэ. 4. ЛъащхьэзэрытыпIэм и бгъуитIымкIэ хэлъ къупщхьэ цIыкIухэр. 6. Хьэлэмэт, гъуэзэджэ. 8. Хуэмыху, цIыху зэщIэмыкъуэ, зыкIэлъымыплъыж. 10. Зыкъызы-фIэщIыж,нэгъуэщI зэзымыпэсу хъу цIыху. 11. ЩIымахуэ щыгъын хуабэ. 13. Iэдэб, мамыр, псалъэмакъыншэ. 15. Ерыскъыпхъэхэр гъущэу илъын папщIэ, къагъэсэ- бэп щыкъу, кумбыгъэ. 17. Зэлэжьам къит гъавэр. 19. Зыбжанэу зэщIыгъу цIыху. 21. Iэпкълъэпкъым щыщI Iыхьэ. 22. ХьэщIэ къызэрыкIуам щхьэкIэ яукI Iэщ. 24. ГъэзэщIэн хуей Iуэху. 26. Зыгуэрым и лэжьыгъэр дэгъэпсынщIэн мурад. 28. Вагъуэ гуп щхьэхуэ цIэры-Iуэ. 29. Зы гъэкIэ фIэкIа къэмыкI, зи бзийхэр псыгъуэ къэкIыгъэ лъахъшэ. 30. Ар здэщымыIэм насып щыIэкъым. 32. Пэж дыдэ, шэч, щыуагъэ зыхэмылъ. 33. Зыгуэрым щIэхуэм хуэдиз. 34. Дунейм и къэхъукъащIэ. 35. Фэхэр, щэкIхэр зышх хьэпIацIэ цIыкIунитIэ. 37. Зыгуэрым къыщхьэщих бахъэ. 38. Пщым хуэлажьэу щыта пщылI. 40. Щхьэусыгъуэ гуэркIэ унэр ибгынауэ губгъуэм ит цIыхухъу. 41. МафIэр ину щыпIэнкIым деж къыпих лыд цIыкIу. 42. Хьэм хуащI унэ. 44. Уэщым фIэлъ зэраубыд пхъэкъур. 46. УпщIэм къыхэщIыкIа щыгъын щыIутелъ. 47. Къуэ куу, къуэ Iэуэлъауэншэ. 48. Зы адэ-анэ къалъхуа.
-
- Къехыу: 1. Къабзагъэ, дахагъэ, бжьыфIагъэ. 2. ЩIымахуэм бжьэ матэхэр зыщIагъэувэж псэуалъэ. 3. ЦIыху щIагъуэ здэщымыIэ, щыземыкIуэ, къуэгъэнапIэ. 4. Абы … къимыгъанэу хуэлэжьащ гъащIэщIэм. 5. Зи нэм имылъагъу. 7. Губгъуэм нэхъыбэу зэрыщызекIуэу щыта. 9. Ар зимыIэм зыри иIэкъым. 12. Iуэху лэжьыгъуей, хьэлъэ. 13. Унагъуэ Iэмэпсымэ. 14. ГъэщIэгъуэн дыдэ. 16. Адыгэ цIыхухъуцIэ. 17. Псапэ, IуэхуфI зыщIэ, сэбэп хъу. 18. Шынагъуэ, щIыIэ сыт хуэдэхэм къыхэкIыу Iэпкълъэпкъыр щыкIэкуакуэ, щысыс. 20. Зи къуапиплIри зэхуэдэ. 21. ЦIыхубзым и лIым и шыпхъу. 22. Пщыкъуэм и фыз. 23. Бжьэм, хьэдзыгъуэнэм зэрызахъумэу яIэ. 24. Атэлыкъым и гъэсэн. 25. Зэрыщытыпхъэм тет, щыщIагъэ зимыIэ, икъукIэ фIы. 26. Жырым къыхэщIыкIа гъущI кIапсэ шыхьа. 27. Макъышхуэ зымыщI, мыпсынщIэ. 31. ПхъэIэщэ вабдзэм къыгуивыкIыр къызэригъэдзэкIыу абы пкърылъ Iыхьэр. 34. Къалэхэм, къуажэхэм щыщ Iыхьэ. 36. Арэзыныгъэшхуэ бгъуэтам къыуит щытыкIэ. 38. КъэфэкIэ лIэужьыгъуэ. 39. ГъэшхэкI. 42. КъБР-ми КъШР-ми яIэ къуажэ. 43. Мэлым и щIэжьейм ил. 44. Гъэгъа хужь, гъуэжьхэр къудамэ щхьэкIэхэм къыпидзэу илъэс зыбжанэкIэ къэкI удз лIэужьыгъуэ. 45. Тутын ныкъуэф.
- Зэхэзылъхьар Къардэн Алимщ. Къулъкъужын Ипщэ къуажэ.
|