ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адэжь щIыналъэр игу  лъащIэм щигъафIэу

2021-11-30

  • Адыгэм и дэтхэнэ бын псэ къабзэри дапщэщи хуэнэхъуеиншэщ ди къурш уардэхэм, тафэ хуитышхуэхэм, псы уэрхэм, лъахэрыс цIыхухэм — ХЭКУ псалъэм къызэщIиубыдэ псоми. Апхуэдэущ зэрыщытын хуейр лъэпкъым и цIыхуу зызылъытэжхэр. Адэжь щIыналъэр игу лъащIэм щызыгъафIэу, Хэку-анэри псэри зы чысэм илъу къэзылъытэу зи дунейр езыхьэкIа хэкупсэхэм я щапхъэщ зи ахърэ-тыр нэху хъун Абеикъуэ Шухьэиб Мэзан и къуэм и гъащIэр. Кавказ щIыналъэм 1763 гъэм къыщылыду илъэси 101-кIэ екIуэкIа зауэм ди лъэпкъым къыхуихьауэ щыта бэлыхьхэмрэ гугъуехьхэмрэ, щыщIэныгъэ инхэмрэ насыпыншагъэшхуэмрэ, леймрэ залымыгъэмрэ я лъэужь куэд зыгъэвахэм ящыща нэхъыжьыфIым и псэр Тхьэм щигъэгуфIыкI нобэ дигу къызэрыдгъэкIыжыр.

  • ХамэщIыр псэупIэ зыхуэхъуа адыгэ истамбылакIуэхэм къащIэхъуа Шухьэиб адэжь хэкум щыпсэуныр и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэ дыдэрэ гъащIэ джэлэсу къилъы-тэу щытащ. А гурылъ IэфIыр зэзыгъэхъулIэу нахуапIэ япэу зыщIыфа ди лъэпкъэгъухэм ящыщами, абы илъэс 50-м нэскIэ щыпсэужами, езым жиIэу зэрыщытамкIэ, зигъэнщIатэкъым фIыуэ илъагъу хэку-анэмкIэ. Ар икIи гурыIуэгъуэт: «икIута из хъужыркъым», — жиIащ пасэрейм. Тхьэмадэ Iумахуэр щIэх-щIэхыурэ къедгъэблагъэрт «Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщым, и гъуэгуанэм иридгъэплъэжмэ, лъэпкъым и зыужьыныгъэм епха и гупсысэхэмрэ гукъеуэхэмрэ дыщIэдэIумэ, тфIэигъуэу. И гъащIэм щытепсэлъы-хьыжкIэ, и илъэсхэр, щыпсэуа щIыпIэм елъытауэ, ипэрэ иужьу игуэшу щытащ. И гур къызэфIэнэ-рэ и нэхэм нэпс къафIыщIэкIыу апхуэдэт ар. А дадэм и нэхэм къащIэж нэпсыр зэми къыпщыхъурт нэхъ шыугъэу, гуащIэу, пщтыру щыту, епсэлъылIэми ди гур кърасыкIырт абыхэм. ИтIанэ, адэжь хэкум и куэщIым щигъакIуэ махуэхэм я гугъу щищIкIэ, а нэпс дыдэхэр гуфIэ нэпс щабэхэм, къабзэхэм хуэкIуэжырт. Къыздигъэзэжа щIыпIэми лъэпощхьэпо куэд щыIууами, «жэм лъакъуэ шкIэ иукIыркъым», жыхуаIэрати, и гур куэдрэ зыхуеIам и псэр къихьэсыжати, Шухьэиб псоми щыгуфIыкIырт, ихъуреягъыр дапщэ-щи и щIэщыгъуэт.
  • — Гугъэмрэ хъуапсэмрэ адэжь щIэинщ, си псэм хуэдэхэ. Фи гур фымыгъэкIуэду фи мурад дахэ- хэм сыт щыгъуи фыхуеIэ, псом хуэмыдэу ар лъэпкъым, хэкум, анэм епхамэ, — иригъажьэрт абы псалъэмакъыр. — Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм гузэвэгъуэ къызылъэIэсу бэлыхь куэд зыгъэ-ва ди лъэпкъым и нэхъыжьхэм а зэман жыжьэм ябгынат адэжь щIыналъэр. Абеикъуэхэ Ислъэмей дыщыщщ. Си адэ Мэзан абы къыщалъхуащ. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и пэщIэдзэ дыдэхэм (нэхъ пасэнкIи хъунущ ар къыщыхъуар) си адэш-хуэ Абеикъуэ Мухьэмэдрэ абы и шынэхъыщIэмрэ я унагъуэхэр я гъусэу хэкум икIащ. Я къэкIуэнумрэ зэрыс хъуа къэралым щызекIуэ хабзэхэмрэ яхузэхуэмыгъакIуэу, зэрахьэ диныр зэрахъумэным тегужьеикIарэ къэзызэуа лъэпкъышхуэм и цIыхухэм яIэ фIэщхъуныгъэм залымыгъэкIэ бэр зэщIрагъэщтэным щыщтэу къэнат абы щыгъуэ бгырысхэр. Нэхъыжьхэм жаIэжу зэрыщытамкIэ, си адэшхуэри абы и къуэшри а щхьэусыгъуэрат хэкум щIикIар. ХьэжыщI кIуэ щIыкIэу лъахэр ябгынащ, я унагъуэхэри я гъусэу. Абы щыгъуэ си адэ Мэзан и ныбжьыр илъэс 13 — 15-хэм нэсат.
  • Апхуэдэу адэжь хэкур IэщIыб ящIащ Абеикъуэ зэкъуэшитIым. Хэкужьым Iуэхур щызэтеуIэфIэжа хъумэ, къагъэзэжыну я мурадат куэдым, дауи. АрщхьэкIэ абы ежьэу зыри щысакъым: псэун, шхэн, быныр пIын хуейтэкъэ? А хъуэпсапIэр гу лъащIэм щагъафIэ зэпытурэ, ар щIэблэм щIэин нэхъыщхьэу къыхуагъанэурэ, илъэсхэр кIуащ. Уэрэдым зэрыщыжыIащи, «лыуэ ятелъыр ямейми, къупщхьэу яIэр Хэкум ейт»…
  • Иорданием и къалащхьэ Амман 1936 гъэм къыщалъхуащ Шухьэиб. Курыт школыр къиуха нэужь, электроникэмрэ электротехникэмрэ хуеджащ, политикэ Iуэхуми дихьэхащ. Коммунист партым хэтхэм я Iуэху еплъыкIэхэр фIэтэмэмти, Иорданием щызэхэт апхуэдэ партым хыхьауэ щытащ. СССР-м а лъэхъэнэм коммунистхэм щатетыгъуэ дахэти, ди къэралым ирахауэ парт литературэ гуэрхэр къыIэрыхьэмэ, щэхуу щIиджыкIырт. Совет Союзым, псом хуэмыдэу Кавказым икIыу зыгуэр Иорданием кIуамэ, абы нэхърэ нэхъ хьэщIэ лъапIэ я щIыгум имыхьауи къащыхъурт хэхэсхэм.
  • ХамэщI къыщалъхуами, зэрыадыгэр, Къэбэрдейм зэрыщыщыр ящIэжу щIэблэр къагъэхъуащ нэхъыжьхэм. Абеикъуэ Мэзан и адэм пхъуитIрэ къуитIрэ иIэти, быным анэдэлъхубзэмкIэ фIэкIа зэи епсэлъакъым, лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ я гъащIэ гъуазэу къигъэтэджыныр и гурылъу. Адэм и ущие псалъэм щIэт бынми пасэу къагурыIуащ, хьэрып къэралым щыпсэуми, зэрылъэпкъ щхьэхуэр, я гур зы махуи щамыгъэтIылъу илъэсхэр ирахьэкIащ.
  • Адыгэхэм хуэдэу зи хэкур фIыуэ зылъагъу куэд щымыIэу, адыгэпсэмрэ адыгэгумрэ адрейхэм емыщхьу жиIэрт Шухьэиб. Абы къыщыхъурт адыгэхэр, дэнэ щыIэми, сытым дежи щалъхуа хэкум, и анэдэлъхубзэр щыхуит, и лъэпкъыр щыпсэу щIыналъэм хуэпабгъэу. Абеикъуэм къызэрилъытэмкIэ, Хэкури псэри зы чысэм илъщ, хэкури укъэзылъхуа анэри а зы къуэпсымкIэ гум пыщIащ, зэхэдз лъэпкъ ямыIэу. Абы фIыщIэшхуэ яхуищIырт нэхъыжьхэм, лъэпкъ хабзэр, адыгэбзэр фIыгъуэ ину щIэблэм хуахъумэну лIыгъэ къазэрыкъуэкIам папщIэ.
  • Хьэзабрэ бэлыхь куэдкIэ гъэнщIауэ щыта а истамбыл гъуэгужьым ирикIуахэм, шэч хэмылъу, яхэтагъэнкъым Абеикъуэ Шу- хьэиб хуэдэу адэжь щIыналъэм гур икъузу къыхуемыплъэкIыжа. Адэжь хэкум цIыхум хуиIэ гуры-щIэр лъым хэт адэ щIэину къыдалъху къыщIэкIынщ. Шухьэиб и адэшхуэ Абеикъуэ Мухьэмэд быныр ипIащ, хэхэс гъащIэм хигъэуващ, ауэ зэи щигъэгъупщакъым хы адрыщIымкIэ Хэкурэ лъэпкърэ зэрыщаIэр. Апхуэдэущ и щIэблэр къызэригъэхъуар Шухьэиб и адэ Мэзани. Абы бынихри: Шэрифэ, Шэхьирэ, Iэдиб, Шыхьбан, Шухьэиб, Башир сымэ — псори щIипIыкIащ хэку лъагъуныгъэм, абы и къарум нэхърэ нэхъ лъэщ псэм зэрыхэмылъыр хьэкъ ящищIу. Адэжь хэкум теухуауэ ищIэж псо- ри къигубзыгъыжурэ быным яжриIэжырт адэм. И ныбжьым теухуауэ куэд имылъэгъуами, щIалэ цIыкIуу хэкур зрагъэбгына Мэзан и гукъэкIыжхэр мащIэтэкъым. Ар тепсэлъыхьырт Бахъсэн аузыр гъунапкъэншэу къызэрыпщыхъум, щIымахуэм псыр щыщтым деж, абы зэныбжьэгъухэм чын къыщрахуэкIыу зэрыщытам, адэкIэ-мыдэкIэ къыщыкI щхъуантIагъэм хуэдэ адэжь хэкум фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ зэрыщымыIэм, и цIыхухэм хуэдэ зэрыгъуэтыгъуейм… Адэм и дэтхэнэ псалъэри зыпхидзырт хэкупсэ нэсу къэхъу Шухьэиб и гум. Абы къыфIэщIырт Мэзан зи гугъу къахуищI Iуащхьэмахуэ къыщIэж псынэ щIыIэр зэнзэныпсу и джийм ежэхыу, акъужь къабзэмкIэ тхьэмбылым щызу бауэу, и адэм зи гугъу ищI чын вур езыми кърихуэкIыу мылгъурыджэм тету… ЩIалэщIэм и щхьэм гупсысэрэ хъуэпсапIэу щызэблэжым щIэи гъуни яIэтэкъым. ЖиIэжу зэрыщытамкIэ, абдеж и гум къыщыушыпащ Хэкум Iэмал имыIэу къигъэзэн зэрыхуейм епха мурад быдэр. Абы иджы зэрыадыгэр ищIэ къудейтэкъым — ар и гумрэ и псэмрэ, и Iэпкълъэпкъым и лъынтхуэ псоми щыгъэбыдауэ хэлъ лъы налъэт абы и дежкIэ.
  • — Адэжь щIыналъэм и теплъэр, ар зэи сымылъэгъуами, пщIыхьым хэмыкIт, нэгум щIэмыкIт. Ди адэр езыри апхуэдизкIэ щIэхъуэпсырт хэкум къигъэзэжынуи, «лъэс мыгъуэми, сыкIуэжынт», жиIэрт, — игу къигъэкIыжырт Шухьэиб. — Къэбэрдейм щытепсэлъыхькIэ, абы и нэгум ислъагъуэрт зэи зылъэмыIэсыжыну фIыгъуэшхуэ гуэрым пэIэщIэ зэрыхъуам къытригъэуа мыхъур хьэлъэм и лъэужьыр. Сэ сыкъэкIуэжыну сызэрыхуейр нахуэу къыздимыIыгъми, шэч хэлътэкъым: ар щэхуу абы иригуфIэрт, иригушхуэрт. Хэт ищIэрэ, «силъ зыщIэт гуэр адэжь щIыналъэм щеувэхми, ари куэд и уасэщ си дежкIэ», жиIэу пIэрэт?..
  • Адэм и псэм и щытыкIэр зыхэзыщIэ къуэм зы махуэм нэхърэ адрейм нэхъ лъэщыжу къыпкърыхьэрт гу лъащIэм щигъафIэ и хъуэпсапIэр. Мэзан дунейм ехыжа нэужь, абы мурад ищIащ икIэщIыпIэкIэ а Iуэхур зэрихуэну — Шухьэиб и анэ Муслъимэт (ар Насыпхэ япхъут, лъэпкъкIэ Анзорей щыщт) и гъусэу хэкужьым къэкIуэжыну. Абы хэнейрэ иужь ихьами, къехъулIакъым. Куэд дэмы- кIуи Муслъимэт дунейм ехыжащ.
  •  Гуауэм иригъэтIысэхат Шухьэиб, итIани абы къыгурыIуэрт и адэр къызэрыщыгугъа хъуэпсапIэр нахуапIэ ищIын зэрыхуейр. И гур имыгъэкIуэду ар лъыхъуэрт и Iуэхур къыдэзыIыгъыфыну къы-щыхъухэм. 1972 гъэм и бжьыхьэм Абеикъуэм къыхукъуэкIащ апхуэдэ Iэмал. А зэманыр игу къыщридзэжкIэ, Шухьэиб и нэпсыр хуэубыдыххэртэкъым, псалъэхэр щызэпимыщэфыр нэхъыбэу. Хэкум къызэрикIуэжам щытепсэлъыхькIэ, псом япэ зи цIэ къриIуэр адыгэхэм ди нэхъыжьыфI, хэкупсэ нэсу зи дунейр зыхь, ди лъэпкъ газетым и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьа, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдт.
  • — СССР-м никIа гупышхуэм яхэ- ту Иорданием 1972 гъэм и бжьы-хьэм нэкIуат жэнэтыр дунейкIэ къэзылэжьа, си гур зымыгъэкIуэду къыздэзыхъума ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. ХьэщIэхэр Иорданием щызэхэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм едгъэблэгъауэ, сэ сыпэрытIысхьа хъуащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ СССР-м и къэрал консулу Иордание пащтыхьыгъуэм а лъэхъэнэм щыIамрэ зыпэрыс Iэнэм. «Фи Iуэхухэр дауэ щыт?» — жиIэу Мухьэмэд къызэрызэупщIу жесIащ си адэжьхэм я лъахэм згъэзэжыну илъэси 6 лъандэрэ яужь сызэритыр икIи ар къызэрызэмыхъулIэр. Си тхьэусыхафэр къыбгъэдэсым жриIэ-жащ ХьэфIыцIэм икIи елъэIуащ хузэфIэкIымкIэ ар къыздэIэпыкъуну. Консулым абдеж сыкъыщигъэгугъащ зэрыхъукIэ сэбэп къысхуэхъуну. Зэман дэкIри, консулым и деж сраджащ икIи къызжаIащ СССР-м сыхуеймэ сыщыпсэуну, сыхуейми пIалъэ гуэркIэ сыщыIэу Иорданием къэзгъэзэжыну хуитыныгъэ сызэриIэр, — жиIэжырт Шухьэиб. — Сыт хуэдизрэ сежьат сэ а псалъэхэм! Си нэр нэпс шыугъэхэм ягъаплъэртэкъыми, слъагъу щыIэтэкъым, ауэ си тхьэкIумэм зэхахат куэд лъандэрэ сызэжьэу си гущIэм щызгъэфIа псалъэ IэфIыщэхэр! Сэ нэхърэ нэхъ насыпыфIэ дунейм темыту, си адэ-анэр къэтэджыжауэ къысщыхъуат а дакъикъэм!
  • Зэман кIэщIым къриубыдэу загъэхьэзырыжри, апхуэдэ щIыкIэ- кIэ хэкужьым къэкIуэжащ Шухьэиб, и унагъуэр и гъусэу. Куэд дэмыкIыу абыхэм псэупIэ яхуэхъуащ Бахъсэн къалэр. Ди щIыналъэм щыбэгъуащ Абеикъуэхэ я унагъуэр: я бынхэр унагъуэ хъужащ, щIэблэхэр къыщIэхъуащ.
  • Сыт хуэдэ гугъуехьи гуауи имыгъэвами, и жьыщхьэ насыпыфIэу зилъытэжу дунейм тетащ Шу-хьэиб. Брат Мурат и усэми зэры-щыжыIауэ, «Хэкуншэ уи щхьэр ауэ хъуамэ, Темыт дунейм уэр щхьэкIэ гупсэхуж». Зи хэку зыгъуэтыжа нэхъыжьыфIыр, абыкIэ зи гум жьы дихужа хэкупсэр илъэс 86-м иту дунейм ехыжащ иджыблагъэ. «И къупщхьэ хужьхэр Хэкум и щIы фIыцIэм» ирилъхьэжри, и гур псэхужащ абы. Адэжь щIыналъэм щилъагъу псори: цIыхухэри, щIыуэпсри, уафэри, щIылъэри — фIыгъуэ мылъытэу зи гум щызыгъафIэу щыта Абеикъуэ Шухьэиб и ахърэтыр нэху ухъу. Абы и ужьри махуэ Тхьэм яхуищI къыщIэна щIэблэм.
  •  ЖЫЛАСЭ Маритэ.