Адыгэ бзэщIэныгъэм и лъэбакъуэщIэ
2021-11-30
- Бзэуэ пщIэм хуэдиз цIыху уриуасэщ, жаIэ. Къыбдалъхуа анэдэлъхубзэм фIыуэ урипсэлъэныр, гупсысэр гъэхуауэ кърипIуэтэныр адыгэм пщIэ зыхуищI Iуэхугъуэу къилъытэу игъащIэми къогъуэгурыкIуэ. Ар щыгъэтауэ, зи бзэр лантIэм, шэщIауэ псалъэм жылэ Iуэхухэр и пщэ далъхьэу, хеящIэу хахыу, щыхьэту ягъэуву къекIуэкIащ. Я фIэщ хъурт адыгэбзэ укъуэдиякIэ псалъэм укъимыгъэпцIэну, и псалъэ тебгъуэтэжыну, и жыIэр зэщIа хъуну. ПсэлъэкIэм хуащI гулъытэм къыхэкIагъэнущ ар зыIэт, зыгъэлъагэ Iэмалхэр бзэм уэру щIыхэ-тыр, хуей хъумэ, цIыхум и гупсысэр щIэщыгъуэ ирищIыну, зэIубзу къриIуэтэну, нахуэу иришэщIыну хэкIыпIэ зэмыщхьхэр къриту. БзитIым е нэхъы-бэм ирипсалъэ цIыхум сыт щыгъуи фIэлIыкI иIэу, ахэр IэкIуэлъакIуэу зезыхьэм лъытэныгъэ хуащIу къекIуэкIащ.
- Бзэ зэмылIэужьыгъуэхэм ирипсалъэ цIыхум и дуней лъагъукIэр бгъуэщ, сыту жыпIэмэ, зымкIэ къиIуатэ гупсысэр адреймкIэ игъэбеину, игъэдэхэну, я гъунапкъэхэр зэлъыIуигъэкIуэтыну, уеблэмэ лъэ быдэкIэ игъэувыну Iэмал кърет. БзитI е нэхъыбэ зыщIэ цIыхум и зэхэщIыкIри лъагэщ, сыту жыпIэмэ гупсысэкIэ зэмыщхьхэм къагъэщIа Iуэху еплъыкIэхэр къегъэIурыщIэ, щIэныгъэм и къигъэхъуапIэ куэд и IэмыщIэ кърелъхьэ.
- Дызытет дунейр цIыкIу, цIыхухэм я зэхыхьэ-зэхэкIыр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъур къэплъытэмэ, зэхущытыкIэхэм щэнхабзэ, щIэныгъэ, экономикэ, политикэ я лъэныкъуэкIэ зэрызаубгъум уеплъ-мэ, бзэ нэхъыбэ щIэным и мыхьэнэми хохъуэ, дэтхэнэ зыми и куупIэм унэсы-ныр, дэтхэнэми фIыуэ ущыгъуэзэныр къалэнуи къоув.
- ЦIыхум и щыIэныгъэм зиужьыху, бзэ- ми зэхъуэкIыныгъэхэр егъуэт, ар псом хуэмыдэу нэрылъагъу щохъу лексикэм. Зы псалъэхэр жьы мэхъури, бзэм хокIыж, нэгъуэщIхэри щIэуэ къыхохьэ, зэрамыхьэжу, яIэщIэхужауэ, мыхьэнэщIэ ягъуэтауэ къэзыгъэзэж псалъэхэри мащIэкъым. А псор къызыхэщри зыщIэзышэри псалъалъэхэращ. Щхьэж и мыхьэнэр и пIэм иту къыбгурыIуэнымкIэ, къэпIуатэ гупсысэм езэгърабгъуу хэбгъэзэгъэнымкIэ псалъалъэхэм мыхьэнэш-хуэ яIэщ. БзитI псалъалъэ щыхъум деж, а мыхьэнэр тIуащIэ мэхъу: укъыщежьэ бзэми зыхуэпшэ бзэми щызекIуэ псалъэм я мыхьэнэхэр зэрызэпэджэжым, зэрызэтехуэм гу лъыуегъатэ, уи щIэныгъэм хагъахъуэ. ЖыпIэнурамэ, дуней лъагъукIитIым я IункIыбзэIухыр къыпIэ-щIелъхьэ.
- Адыгэ бзэщIэныгъэр лъагапIэщIэ зэрыдэкIам, псынщIэу зызыхъуэж дунейм пэджэжыну зэрыхущIэкъум и щыхьэтщ иужьрей илъэсхэм къыдэкIа псалъалъэхэр. Я цIэ къиIуапхъэщ «Адыгэ-Урыс псалъэгъэнахуэм», «Адыгэбзэм и фразеологие псалъалъэ», «Адыгэбзэм и синонимхэм я псалъалъэм», «Адыгэ-Урыс псалъалъэм», «Урыс-Адыгэ псалъалъэм», нэгъуэщIхэми. Дэтхэнэри адыгэбзэм и зыужьыныгъэм толажьэ, лъэпкъ щэнхабзэм и къигъэхъуапIэ хъарзынэуи къоув.
- Псалъалъэ къыдэгъэкIыныр хабзэ да-хэ зыхуэхъуа, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым иджыри зы тыгъэфI къытхуищIащ — иджыблагъэ дунейм къытехьащ «Урыс-Адыгэ псалъалъэ ин» зи фIэщыгъэ тхылъ фафIэшхуэр. Институтым и щIэныгъэлэжь гупым мы псалъалъэм трагъэкIуэда илъэс бжыгъэр пщIэншэ хъуакъым — и инагъкIи, и купщIэкIи, щапхъэу къыщыхьахэмкIи иджыри къыздэсым къыдэкIа бзитI псалъалъэхэм къащхьэщокI, дунейпсо бзэщIэныгъэм и мардэхэм тетщ, псалъалъэр зэхэгъэувэным теухуауэ щыIэ къэхутэныгъэхэм я пщалъэхэри къыщылъытащ.
- Урыс-Адыгэ псалъалъэ иным псалъэ- рэ псэлъафэу мин 75-м щIигъу итщ. Тхылъыр зэхэзыгъэувахэм къалэн зыщащIыжам ипкъ иткIэ, иужьрей илъэс тIощIырыпщIым бзэм щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэр Iэмал зэриIэкIэ уб- гъуауэ абы къыщыгъэлъэгъуащ, къыбгурыIуэнкIи зыхэпщIэнкIи нэхъ хьэлъэ дыдэу щыт Урысейм и тхыдэщIэм адыгэбзэм къыхэхъуамрэ хэщIамрэ псалъалъэм щызэгъэуIуащ. Псалъалъэшхуэм ущрихьэлIэнущ совет къэралыр къутэжа нэужькIэ уэру бзэм къыхыхьа псалъэ- хэм, цIыхугъэм епха псэлъафэхэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, макъамэм, щIэны-гъэм, диным, спортым, экономикэм, политикэм, нэгъуэщIхэм епха фIэщыгъэ-хэм. А псалъэхэм щыщ куэдыр жьы хъуауэ, псэлъэкIэм хэкIуэдыкIыжауэ е щIыналъэхэм щызэрахьэу, диалект хуэмэбжьымэ яIэу, тхыбзэ щапхъэм емызэгъыу жаIэу лъэхъэни Iуэху еплъыкIи щыIами, бзэм и тхыдэ налъэу зэрыщы-тыр тхылъыр зэхэзыгъэувахэм зыщагъэгъупщакъым.
- Псалъалъэр къызыщежьэ урысыбзэм щелэжьым, абы нэхъ къыщагъэсэбэп, нэхъыбэрэ щызэрахьэ псалъэхэмрэ псэлъафэхэмрэщ нэхъ зэрагъэуIуар. Къыхаха псалъэхэр щызэрадзэкIым, щIэныгъэлIхэр хущIэкъуащ зэрыхъукIэ дэтхэнэми и адыгэбзэр гуэгъу зэрыхуащIы-ным, Iэмал зэриIэкIэ урысыбзэ псалъэр гуэгъуншэ зэрымыхъуным. Псалъэ куэд дыдэ иджырей адыгэбзэкIэ дунейм къытехьэ тхылъхэмрэ газетхэмрэ кърахащ.
- Мыр нобэр къыздэсым дунейм къытехьа бзитI псалъалъэхэм ящыщу нэхъ ин дыдэщ. Абы хыхьа псалъэхэм хуэдиз къэзыхь, къызэщIэзыубыда лэжьыгъэ абазэ-адыгэбзэхэр къыщыгъэнауэ, кавказыбзэхэм яхэткъым. Ар къэплъытэмэ, Урыс-Адыгэ псалъалъэр зэхэзыгъэува щIэныгъэлэжь гупым Iуэхушхуэ зэфIахащ, адыгэбзэм и зыужьыныгъэм и хэлъхьэныгъэм къищынэмыщIауи, ар зи анэдэлъхубзэ лъэпкъми Iуэхутхьэбзэш-хуэ хуащIащ. Мы псалъалъэм и пщIэр, шэч хэмылъу, кIуэтэху нэхъ лъагэ хъунущ, абы лъэужьышхуи къигъэнэнущ.
- Псалъалъэр яхуэщхьэпэнущ адыгэбзэр зыджхэми, ар езыгъэджхэми, абы ирилажьэхэми, анэдэлъхубзэр фIыуэ зылъагъу дэтхэнэ зыми. Тхылъыр и бжыгъэкIэ мащIэ дыдэущ къызэрыдэкIар, ауэ ар зыIэрызыгъэхьэну хуейхэр щыщIэупщIэ хъунущ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым.
- ШУРДЫМ Динэ.