ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Акъылрэ щIэныгъэрэ, гуащIэрэ зэфIэкIрэ

2021-12-02

  • Ди республикэр къулейщ абы и зэIузэпэщыныгъэм, ехъулIэныгъэм зи акъылрэ щIэныгъэрэ, гуащIэрэ зэфIэкIрэ езыхьэлIэ цIыхухэмкIэ. Апхуэдэ хэкупсэхэр и мащIэкъым Аруан щIыналъэм хыхьэ къуажэ нэхъ дахэхэм ящыщ, зи щIыпIэр псынащхьэ къабзэхэмкIэ къулей, «Псынабэ» цIэ дахэмкIэ зэджэ жылэ Iумахуэми. Щалъхуа и жылэм адэкIи зиузэщIыным, псынабэдэсхэм я гъащIэр егъэфIэкIуэным, абы къыдэхъуэ щIэблэр хэкупсэу къэгъэтэджыным зи гупсысэхэри IуэхущIафэхэри хуэгъэпсахэм ящыщщ Теувэ Алексей Щэрэлыкъуэ и къуэр. НэхъыжьыфI гумызагъэм, жылагъуэ лэжьакIуэ жыджэрым мы махуэхэм егъэлъапIэ и илъэс 80 юбилейр.

  • Теувэ Алексей Псынабэ къуажэм 1941 гъэм и дыгъэгъазэм и 5-м къыщалъхуащ. Ар къыщыхъуар пщIэрэ нэмысрэ, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ зэрылъ адыгэ унагъуэ щыпкъэщ. Теувэ зэщхьэгъусэхэу Щэрэлыкъуэрэ Мысырхъанрэ (ар БжэIумыххэ япхъут) быних зэдагъуэтащ: Бабусэ, Умбэрид, Хьэпагуэ, Алексей, Мурадин, Риммэ сымэ. Адэ-анэм яхузэфIэкIащ абыхэм ящыщ дэтхэнэми щIэныгъэ нэхъыщхьэ, зэрыпсэун IэщIагъэ ирагъэгъуэтын, нэхъыщхьэращи, цIыху пэжу, лъэпкъ гъэсэныгъэ дахэ яхэлъу къагъэтэджын. Быным я щапхъэт къуажэдэсхэм пщIэрэ щIыхьрэ зыхуащIу псэуа Щэрэлыкъуэ. Аращ жылэщIэу 1928 гъэм тIысауэ щыта Псынабэм япэу къыщызэрагъэпэща мэкъумэшыщIэ советым и тхьэмадэу хахауэ щытар. Дзыхь къыхуащI дэтхэнэ IэнатIэри езыгъэфIакIуэ Щэрэлыкъуэ иужькIэ партым и райкомым ираджащ икIи Хэку зауэшхуэм ипэкIэ абы щылэжьащ къудамэм и унафэщIу.
  • И адэм хуэдэу, жыджэру, акъылыфIэу къэхъуащ Алексей. Къуажэм дэт школым фIы дыдэу зэрыщеджэм къыдэкIуэу, еджапIэм щекIуэкI сыт хуэдэ жылагъуэ Iуэхуми щыпашэу щытащ. Куэдым хунэсырт Алексей. Ар пионер зэгухьэныгъэм и пашэт, классым и старостэт, еджакIуэхэм я комитетым хэтт, художественнэ самодеятельностми щыжыджэрт. Арат гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм школым къыщызэрагъэпэщ ныбжьыщIэ производствэ бригадэми и пашэр. Школым щыщIэса лъэхъэнэм щытепсэлъыхьыжкIэ, Алексей гуапэу игу къегъэкIыж и япэ егъэджакIуэу щыта Сэншокъуэ Аслъижан Хьэсанш и пхъур. Абы зэрыжиIэмкIэ, Аслъижан сабийхэм щIэныгъэ яригъэгъуэта къудейуэ аракъым, атIэ ныбжьыщIэхэм лъэпкъ гъэсэныгъэ дахэ яхэлъхьэным, ахэр хэкупсэу къэгъэтэджыным елIалIэуи лэжьащ. Абы и нэIэм щIэту Алексей 1956 гъэм фIы дыдэу къиухащ Псынабэ дэт илъэсибл школыр, иужькIэ илъэситIкIэ щеджэжащ Къэхъун дэт курыт школым.
  •  Ар ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, адэкIэ еджэным и нэ къыхуикIми, Алексей лэжьыгъэ IэнатIэм щыпэрыуващ я жылэм щызэхэт хозяйствэм. Абы зэрыжиIэжымкIэ, трактористым и дэIэпыкъуэгъу ныбжьыщIэр и пщэрылъ къалэнхэм хагъэгъуэзат лэжьакIуэ IэкIуэлъакIуэ-
  • хэу Тхьэзэплъ СулътIан, Къэжэр Iэмин, ГъуэплъащIэ Анзор, Теувэ Хъанбий, ХьэбытIэжь Мухьэмэд сымэ. Лэжьыгъэм къыпимыкIуэт щIалэ жыIэщIэр Старэ Шэрэдж дэт мэкъумэш училищэм 1958 гъэм еджапIэ ягъэкIуауэ щытащ, колхозым и правленэм и жэрдэмкIэ. Ар ехъулIэныгъэкIэ къиухри, тракторист IэщIагъэр иIэу Алексей хозяйствэм IэнатIэ щыпэрыувэжащ, зэрылажьэм хуэдэури 1960 гъэм къиухащ Къэхъун дэт курыт школым и пщыхьэщхьэрыеджэ къудамэр. КъыкIэлъыкIуэу щIалэщIэм зригъэгъуэтащ киномеханик IэщIагъэр икIи Аруан районым щэнхабзэмкIэ и къудамэм киномеханикыу лэжьэн щыщIидзащ.
  • ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIалэщIэм абы епха и гугъапIэхэр нахуапIэ ищIащ. 1960 — 1965 гъэхэм Алексей щеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым мэкъумэш хозяйствэр механизацэ щIынымкIэ и къудамэм икIи щалъхуа жылэм къигъэзэжащ инженер-механик IэщIагъэр иIэу. Куэд дэмыкIыу Теувэр дзэм ираджащ. Абдежми щапхъэ игъэлъагъуэу Хэкум къулыкъу хуищIащ адыгэ щIалэм. Абы щытхъу иIэу къиухащ Пермь областым щыIэ дзэ частым къепхауэ, офицерхэр щагъэхьэзыру щыIа курсхэр.
  • Дзэ къулыкъур ныкъусаныгъэншэу езыхьэкIыу къэзыгъэзэжа щIалэр Аруан районым и гъэзэщIакIуэ комитетым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и управленэм «Псыкуэд» совхозым инженер нэхъыщхьэу игъэкIуащ. Жыджэру, жэуаплыныгъэр зыхищIэу лэжьэн езыгъэжьа IэщIагъэлIым район унафэщIхэм гу къылъамытэу къэнакъым: куэд дэмыкIыу Алексей управленэм къашэжащ, инженер-инспектор къулыкъури «Госсельтехнадзор» инспекцэм къыщыхуагъэфэщащ.
  • 1969 гъэм и гъатхэпэ мазэр Алексей и гум IэфIу къинащ — щалъхуа жылэжьым къыщызэрагъэпэща совхозыщIэм ар инженер нэхъыщхьэу ягъэкIуэжащ. Хэлъэт зиIэ IэщIагъэлIым бгъэдэлъ зэфIэкIыр нэхъри наIуэ къэхъуащ ар «Мэкъумэштехникэ» зэгухьэныгъэм Аруан щIыналъэм щиIэ управленэм и унафэщIым сату IуэхухэмкIэ и къуэдзэу щыщылэжьа илъэсхэми.
  • НэгъуэщI IэнатIэ куэди дзыхь къыхуащIащ Теувэ Алексей. Партым и Аруан комитетым и чэнджэщкIэ 1985 гъэм Алексей ягъэуващ Нарткъалэ и щIыдагъэ базэм и унафэщIу. ЖыпIэнурамэ, сыт хуэдэ къулыкъу къыхуамыгъэфэщами, сыт хуэдэ къалэнхэр пщэрылъ къыщамыщIами, Теувэм Iуэхур зэфIихырт, и зэмани къаруи емыблэжу, дзыхь къыхуащIа IэнатIэр пашэхэм харигъэлъытэу. 1985 — 1987 гъэхэм ар, зэрылажьэм хуэдэурэ, щеджащ Москва дэт ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ технологие институтым и аспирантурэм. А илъэсхэм иригъэкIуэкIа щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр Алексей щызэхуихьэсыжащ «Машинэм и гидравликэ системэр къызэрапщытэ Iэмалхэр» зыфIища лэжьыгъэ купщIафIэм. Абы гулъытэшхуэ щигъуэтауэ щытащ а унэтIыныгъэм ирилажьэ IэщIагъэлIхэм я деж икIи СССР-м КъэхутэныгъэхэмкIэ и къэрал комитетым абы папщIэ автор тхылъ къритащ.
  • Щеджэми щылажьэми Теувэр сыт щыгъуи жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру хэтащ. Ар я пашэт парт, профсоюз зэгухьэныгъэхэм, аттестацэ комиссэхэм хагъэхьэрт. Дэни и Iуэху еплъыкIэр щыжиIэфу, ар пхигъэкIыфу, къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Къапщтэмэ, Нарткъалэ и щIыдагъэ базэм и унафэщIу щыщытам щыгъуэ, Теувэр етIысэхакъым фэтэр 27-уэ зэхэт унэ зэIузэпэщ и лэжьакIуэхэм папщIэ иригъэщIыхукIэ.
  • ЗэфIиха апхуэдэ лэжьыгъэфIхэм къапэкIуэу Теувэ Алексей куэдрэ ягъэпэжащ. Абы къратащ «Лэжьыгъэм къызэрыхэжаныкIам папщIэ», «ГуащIэдэкI лэжьыгъэфIым папщIэ», «Лэжьыгъэм и ветеран» медалхэр, къыхуагъэфэщащ парт, комсомол, къэрал, жылагъуэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, РСФСР-м, КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм, КъБР-м Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм я зэгухьэныгъэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми къабгъэдэкI щытхъу, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, саугъэт лъапIэхэр.
  • 2001 гъэм Теувэр пенсэ кIуащ, и ныбжьыр нэсри. АрщхьэкIэ и Iэр зэтридзэу тIысыжакъым, атIэ иджыри илъэсиблкIэ совхозым щылэжьащ, хадэхэкI гупым я пашэу. КъинэмыщIауэ, жылагъуэ Iуэхухэми дапщэщи хуэжыджэру щытщ нэхъыжьыфIыр. ЦIыхухэм яхуэщхьэпэн апхуэдэ Iуэху куэд зэфIихащ, ноби зэфIегъэкI Теувэм. Къапщтэмэ, Псынабэ дэс ветеранхэм я Советым и тхьэмадэу щыхахам, пхигъэкIащ я къуажэм щыщу Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ ягъэувыныр. Алексейщ зи фIыгъэр а зауэшхуэм зэрыщIидзэу партизанхэм яхэту бийм япэщIэува, зи хъыбар лъэпкъ абы лъандэрэ ямыщIэ я къуажэгъу ХьэбытIэжь Борис Исхъэкъ и къуэм и цIэр жылэм хэIущIыIу зэрыщыхъужар. Теувэм иригъэкIуэкIа къэлъыхъуэныгъэхэм наIуэ къызэращIамкIэ, ХьэбытIэжьым и цIэр тетщ Чикола къалэм дэт фэеплъым. Хэкум и къыщхьэщыжакIуэ хахуэм и цIэр иджы тетщ къуажэ школым и пщIантIэм щагъэува фэеплъым.
  • — Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ дэтакъым ди жылэм 2015 гъэм ипэкIэ. А Iуэхугъуэр хуабжьу сигу къеуэрти, жылэм дэс ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и пашэ сыщыхъум, мурад сщIащ яужь сихьэну, — жеIэ Теувэм. — Тхьэм и фIыщIэкIэ, нобэ ди къуажэм дэтщ апхуэдэ фэеплъ. А Iуэху щхьэпэм епха си жэрдэмыр къыздаIыгъащ Аруан район администрацэм и унафэщIхэм. Фэеплъыр ухуэным щIыпIэ бюджетым и мылъкум щыщи хухахащ. Апхуэдэу дэIэпыкъуэгъушхуэ хъуауэ щытащ щIыналъэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Джэдгъэф Мухьэрбий, ди къуажэ администрацэм и пашэхэр, «Аруан ПМК»-м и унафэщI Балъкъэр Вадим сымэ. Iуэху дахэр зэфIэха хъуным мылъку къыхилъхьащ ди къуажэгъу хьэрычэтыщIэ щIалэ Хьэкъун Тимур. А псоми я гуащIэ ирахьэлIэри, фэеплъыр школ пщIантIэм къыщызэIутхащ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 70 щрикъу махуэшхуэм.
  • Къуажэдэсхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ 2016 гъэм и накъыгъэм щIыпIэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и пщIантIэм «Абыхэм я цIэхэр къуажэ тхыдэм къыхэнащ» фэеплъ стелэхэр къызэрызэIуахам. А Iуэхуми лэжьыгъэшхуэ хилъхьащ Теувэм. Жылэм и администрацэм и Iэтащхьэ Хьэкъун Рустам и чэнджэщым тету, Алексей зэхуихьэсыжащ Псынабэм и зэфIэувэныгъэм зи къарурэ зэфIэкIрэ езыхьэлIахэм ятеуха хъыбархэр. Абыхэм я цIэ-унэцIэхэр тратхащ а стелэхэм.
  •  Иджыпсту Теувэ Алексей щIыпIэ администрацэм къепхауэ лажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэщи, къуажэм и зэIузэпэщыныгъэм епха сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи чэнджэщэгъуфIщ, унэтIакIуэ Iэзэщ, жылагъуэ лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэщ. Апхуэдэу Алексей иджыблагъэ зэхуихьэсыжащ икIи хэIущIыIу ищIащ Хэку зауэшхуэм и зэманым Псынабэ и уэгум щекIуэкIауэ щыта зауэм къыщраудыха совет кхъухьлъатэм теуха хъыбархэр. Къуажэм къыдэхъуэ щIэблэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ ахэри хуабжьу лэжьыгъэ щхьэпэщ.
  • Алексей и щIыбагъ къыдэтщ узэрыгушхуэ хъуну унагъуэ дахи. Абы и щхьэгъусэ Теувэ (Хужьокъуэ) Любэ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и отличникщ. Ар илъэс 50-м нэскIэ хьэлэлу пэрытащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм, Псынабэ къыдэхъуэ ныбжьыщIэхэм математикэр яригъэджу. Алексейрэ Любэрэ щIалитI яIэщ: Аслъэнрэ Iэдэмрэ. Ахэр зэщхьэгъусэхэм ягъэсащ лъэпкъ хабзэм къигъэув мардэхэм тету, щIэныгъэ нэхъыщхьэ, IэщIагъэ ирагъэгъуэтащ, унагъуэу ягъэтIысыжащ, гъащIэм гъуэгу пэж щытрагъэуващ. Аслъэн хирург цIэрыIуэщ, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, доцентщ, КъБКъУ-м и медицинэ факультетым и егъэджакIуэщ, категорие лъагэ зиIэ дохутырщ. Iэдэм и IэщIагъэкIэ экономистщ. Ар и бухгалтер нэхъыщхьэщ Прохладнэ дэт чырбыш заводым. Теувэхэ пхъу пэлъытэ яхуэхъуащ я ныситIри. Залини (ар Къалэбатэхэ япхъущ) Рузанни (ар ПщыукIхэ ящыщщ) унагъуэ дахэхэм къахэкIащ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ, IэщIагъэфI яIэщ. Нэхъыжьхэр щыщIэркъым я бынхэм, я нысэ гумащIэхэм, къуэрылъхухэм я пщIэрэ гулъытэрэ. Ахэр ягъэгуфIэ къащIэува щIэблэм я ехъулIэныгъэхэм, гъащIэм и IэфIыр иджыри зэ зыхрагъащIэу, дунейр нэхъри щIэщыгъуэ къыщащIу.
  • И илъэс 80 махуэшхуэм апхуэдэу ирохьэлIэ цIыху гуащIафIэ, хэкупсэ нэс, жэуаплыныгъэр зыхэзыщIэу сыт хуэдэ Iуэхугъуэри зэфIэзыгъэкI лэжьакIуэ, щхьэгъусэ пэж, адэ щабэ, адэшхуэ IэфI Теувэ Алексей Щэрэлыкъуэ и къуэр. НэхъыжьыфIым дохъуэхъу узыншагъэ иIэу, и дунейр нэхурэ гуауэм пэIэщIэу, дэрэжэгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ и бэу, и щхьэгъусэмрэ езымрэ зэкIэрымыхуу, я бынхэм, абыхэм я щIэблэм я насыпым я лъэр щIигъэкIрэ я гум ехуэбылIэу иджыри куэдрэ псэуну. Теувэхэ я унагъуэ жьэгур мыужьыхыу, я дадэр жьыщхьэ махуэ зыхужаIэ нэхъыжьыфIу я жьантIэм куэдрэ Тхьэм дигъэс.
  • Уи бынхэми зэрыжаIауэ, Алексей, уэ упащIынут гуми, ари къоувыIэ, упащIынут псэми, унэхъ IэфIу къалъытэ, уэ упащIыр гъащIэм — ар уахътыншэщ! Апхуэдэ псалъэхэр къыпхуэзыгъэфащэ щIэблэр уи жьауэм Тхьэм куэдрэ щIигъэт.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.