ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Жылагъуэм пщIэ лъагэ щызиIэ Дадэ Суфэдин

2021-11-30

  • Къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт, ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я зыужьыныгъэмрэ ефIэкIуэныгъэмрэ зи къару хэзылъхьэу гу хьэлэлрэ псэ къабзэкIэ бэм яхуэлажьэхэм ящыщщ педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, СССР-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным и Iэна- тIэм и отличник, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Дадэ Суфэдин (Исмел) Iэбузед и къуэр. ЗэфIигъэкI Iуэху щхьэпэхэмкIэ щIыналъэм щыцIэрыIуэ хэкупсэ нэсым мы махуэхэм егъэлъапIэ и илъэс 70 юбилейр.

  • Дадэ Суфэдин Тэрч щIыналъэм хыхьэ Болэтей къуажэм 1951 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха щIалэщIэм еджэным щыпищащ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым урысыбзэмрэ литературэмкIэ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм. Гумрэ псэмрэ зыхуеIэу, зы-щIэхъуэпсу къыхиха егъэджакIуэ IэщIагъэм хуиту пэрыхьэну хунэ- мысу, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэрызригъэгъуэтрэ куэд дэмыкIауэ, Суфэдин дзэм ираджащ икIи хэ- кум хуищIэн хуей къалэныр щIыхь пылъу зэфIихащ.
  • — Дзэ къулыкъур къесхьэлIэу си хэку къэзгъэзэжа нэужь, яужь сихьащ си хъуэпсапIэр нахуапIэ щIыным пыщэным. Сэ ди къуажэм дэт курыт школым сыуващ, адыгэбзэмрэ литературэмрэ ныбжьыщIэхэм езгъэджыну, — игу къегъэкIыж Дадэм. — Сызыпэрыхьа лэжьыгъэр апхуэдизу сфIэфIти, къарууи зэмануи сиIэр есхьэлIэну сыхьэзырт. Лъэпкъ куэдым къыхэкIа сабийхэр щеджэрт а зэманым а школым. Зы илъэсым къриубыдэу псоми адыгэбзэ ящIэу езгъэсат.
  • ЩIалэщIэм хэлъ жыджэрагъым-рэ зыпэрыт IэнатIэм хуиIэ жэуаплыныгъэмрэ гу лъамытэу къэнакъым школым и унафэщIхэм, егъэджэныгъэмкIэ щIыналъэ IуэхущIапIэм и пашэхэм. Абы и Iуэху зехьэкIэ дахэр зэман кIэщIым къриубы- дэу хэIущIыIу щыхъуати, унафэ ящIащ жэрдэмыщIэхэр зи куэд IэщIагъэлI щIалэм бгъэдэлъ зэфIэкIхэр щIыпIэм и гъэсэныгъэ-егъэджэныгъэ IэнатIэр егъэфIэ-кIуэным къыщагъэсэбэпыну. Ар ягъэуващ япэщIыкIэ ХьэпцIей дэт школым, иужькIэ ХьэпцIей цIыкIу щыIэм я унафэщIхэм егъэджэныгъэмкIэ я къуэдзэу. 1977 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэси 10-кIэ Дадэ Суфэдин щытащ ХьэпцIей цIыкIу къуажэм дэт курыт школым и унафэщIу. КъыкIэлъыкIуэ илъэси 7-м ар и пашэу щытащ ХьэпцIей жылэм щылажьэ курыт школым.
  • Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрыувэми, ар лэжьыгъэ купщIафIэ щекIуэкI IуэхущIапIэ зэман кIэщIым къриубы-дэу ищIыфырт Дадэм. Куэдым ящIэж ар иужьрейуэ щылэжьа ХьэпцIей курыт школым Суфэдин и жэрдэмкIэ къыщызэрагъэпэщу щыта зэхыхьэ инхэр, IуэрыIуатэ-этнографие махуэшхуэхэр. Къыдалъхуа и анэбзэм, лъэпкъ IуэрыIуатэмрэ адыгэ хабзэмрэ зи псэм хэлъ, хуэнэхъуеиншэ цIыху щып-къэм зэфIэкIрэ къарууэ иIэр ирихьэлIэрт апхуэдэ зэхуэсхэр купщIафIэу, къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщыным икIи егъэкIуэкIыным. Абыхэм Суфэдин къришалIэрт еджагъэшхуэхэр, щIэныгъэлI-къэхутакIуэхэр, жылэм дэс нэхъыжьыфIхэр. А псори сэбэпышхуэ хъурт егъэджэныгъэм зегъэужьынымкIэ, лъэпкъ щэнхабзэм и пщIэр жылагъуэм къыщыIэтынымкIэ, щIэблэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ. А лъэхъэнэр игу къыщигъэкIыжкIэ, дадэм фIыщIэ яхуещI сыт щыгъуи щIэгъэкъуэну, чэнджэщэгъу Iущу иIа и ныбжьэгъуфIхэр, унэтIакIуэ-хэр.
  • — ЦIыху къэс иIэщ игукIэ, и акъылкIэ адрейхэм нэхърэ нэхъыбэрэ зызыхуигъазэ, зэчэнджэщ, зи псалъэм пщIэ хуищI ныбжьэгъу нэхъыжь. Апхуэдэ ныбжьэгъуфIу, гуапэу а лъэхъэнэм сиIахэм ящыщщ Нало Ахьмэдхъан, ХьэкIуащэ Евгений, ХьэкIуащэ Андрей, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм сы- мэ, — жеIэ Дадэм. — Куэдым сыхуигъэсащ, чэнджэщ щхьэпэхэр къызитащ Ахьмэдхъан. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм сызэрыпэрыувэу зэзгъэгъуэта ехъулIэныгъэхэр и фIыщIэщ Налом. Абы и чэнджэщкIэ къызэзгъэпэщу езгъэкIуэкIыу щыта махуэшхуэхэр куэдым ягу къинащ.
  • УнафэщI щыпкъэ, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэ Дадэ Суфэдин и апхуэдэ дэтхэнэ текIуэныгъэри гъэнщIат езымрэ и нэIэм щIэт егъэджакIуэ гупымрэ я гуащIэдэкI къызэрымыкIуэкIэ. Дадэр здэщыIа курыт школхэм щылажьэ куэдым ноби ягу илъщ зэфIэкIышхуэхэр ягъэлъагъуэу район, республикэпсо утыкухэм зэритар. Апхуэдэ лэжьыгъэфIхэм папщIэ Суфэдин къыхуагъэфэ-щащ «СССР-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтын и IэнатIэм и отличник», «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджа- кIуэ» цIэ лъапIэхэр, абыхэм щыхьэт техъуэ дамыгъэхэр, щIыхь, щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр.
  • Тэрч щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм зиужьыным хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа Дадэ Суфэдин 1994 гъэм хахауэ щытащ КъБР-м и Парламентым и депутату. Абы игъэпэжащ цIыхубэм къыхуащIа дзыхьыр икIи а зэманым къыщы-щIэдзауэ хэхыгъуищкIэ зэкIэлъ-хьэужьу, 2003 гъэ пщIондэ, Парламентым и депутату щытащ. Абы лэжьыгъэшхуэ щрихьэкIащ а хабзэубзыху IэнатIэм, егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым хэту.
  • Зэрихабзэти, а IэнатIэми Суфэ-дин пэрытащ, и хэхакIуэхэм сэбэп зэрахуэхъуным хуабжьу елIалIэу, Iуэхур фIы зэрыхъуным хуэгъэпса лэжьыгъэхэр, жэрдэмхэр утыку ирихьэу. Суфэдин хущIэкъуащ, сыт хуэдэ Iуэху ирихьэжьэми, ар нэгъэсауэ, къызыхуэтыншэу зэригъэзэщIэным, зыпэрыхьэ IэнатIэр адэкIэ егъэфIэкIуэным, абы и гъунапкъэхэм заригъэубгъуным елIа- лIэу.
  • Дадэр и депутат илъэсхэм щытепсэлъыхьыжкIэ, гу лъумытэу къанэркъым абы и нэгум гуфIэгъуэу илъым. Ущалъхуа хэкум, уи лъэпкъэгъухэм уи къарум къызэрихькIэ уи сэбэп ебгъэкIыныр, уахуэлэжьэ-ныр абы и дежкIэ къалэн пэжу, насыпу зэрыщытыр шэч лъэпкъ зыхэмылъ Iуэхугъуэщ. Суфэдин зэрыжиIэжымкIэ, депутатым лъэIукIэ зыкъыхуэзыгъэзахэм я процент 90-м ядэIэпыкъуфащ ар. Абы и жэрдэмкIэ а лъэхъэнэм Парламентым къищтащ адыгэ лъэпкъым и къэкIуэну дахэм хуэгъэпса унафэ куэд. Абыхэм ящыщщ 1994 гъэм КъБР-м и Парламентым республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэм зегъэужьыным теухуауэ къищтауэ щыта унафэри.
  • — Лъэпкъым и дежкIэ нэхъыщхьэ дыдэу щыIэр абы и анэдэлъхубзэращ. Абы и зэхэщIыкIым и пщалъэр и бзэм зэрыхущытырщ. Бзэм пыщIа Iуэхухэр лъэпкъ политикэм щынэхъыщхьэщ икIи абы и Iыхьэ нэхъ гугъу дыдэщ. Бзэр джыным, зэгъэщIэным, хъумэным лъэпкъым и пщIэр еIэт. Уэ пщIэ зыхуумыщIыжмэ, нэгъуэщIми къыпхуищIынукъым, — жеIэ Суфэдин.
  • И пщэрылъ къалэнхэр зэфIэхынымкIэ жэуаплыныгъэ лъагэ зыхэзыщIэу зи дунейр зыхь политикым, жылагъуэ лэжьакIуэм ди щIыналъэм щигъуэта пщIэ лъагэмрэ щIыхьымрэ гурыIуэгъуэщ: абыхэм я лъабжьэщ Суфэдин бгъэдэлъ апхуэдэ Iуэху зехьэкIэ екIур.
  • Дадэр, пщIэ къыхуащIу, 2009 гъэм ягъэуващ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и чэнджэщэгъуу. А къалэныр абы ирихьэкIащ 2011 гъэ пщIондэ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Суфэдин ирагъэблэгъащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм. Зэгухьэныгъэм хэту, абы и нэIэм щIэтащ егъэджэныгъэ, щIэныгъэ, спорт Iуэхухэр республикэм зэрыщекIуэкIыр. А Iуэхухэм дапщэщи хуэнабдзэгубдзаплъэ Суфэдин абыхэмкIэ цIыхухэм ноби япыщIауэ щытщ. Акъыл шэщIа, гупсысэ нэху зиIэ хэкупсэ нэсыр иропIейтей икIи кIэлъоплъ ди республикэм щекIуэкI политикэ, щэнхабзэ, жылагъуэ гъащIэм. КъинэмыщIауэ, Дадэр тхэнми дехьэх. Абы и очеркхэр куэдрэ къытохуэ ди «Адыгэ псалъэми», ди щIыналъэм къыщыдэкI нэгъуэщI газетхэми, журналхэми. Ахэр ятеухуащ езым хуэдэ хэкупсэ нэсхэм, зи зэфIэкIхэр республикэм и зыужьыныгъэм, зыузэщIыныгъэм хуэзыгъэпс цIыху гуащIафIэхэм.
  • Апхуэдэу купщIафIэу, щызу и гъащIэр ирехьэкI къызыхэкIа лъэпкъым, къэзылъхуахэм яхуэфащэ, цIыхугъэшхуэ, зэхэщIыкI куу зыбгъэдэлъ Дадэ Суфэдин Iэбузед и къуэм. Лъэпкъым хуэщхьэпэн лэжьыгъэшхуэ илъэс куэд хъуауэ къезыхьэлIэ нэхъыжьыфIым, ди газетым и ныбжьэгъу пэжым, хэкупсэ нэсым дохъуэхъу узыншэу, и пщIэмрэ щIыхьымрэ хэхъуэ зэпы- ту, къыщIэхъуэ щIэблэм я дахэрэ я IэфIрэ хэмыкIыу и унагъуэм куэд- рэ ящхьэщытыну, и гурылъхэр къехъулIэу дунейм тетыну.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.