ЩIыр зи гъащIэ лъынтхуэ
2021-06-24
- Иджыпсту къэпхутэжыну гугъущ агроном ныбжьыщIэм щхьэкIэ мыпхуэдэу жызыIауэ щыта унафэщI жыжьаплъэр: «Суфян губзыгъэщ икIи гумызагъэщи, лэжьакIуэшхуэ къыхэкIынущ».
- Курыт школыр къэзыуха Шыгъэлыгъуэ Суфян, еджапIэ нэхъыщхьэ щIэтIысхьэн мурад иIэу, «уэ фIыуэ уеджауэ зэхэсхащи, еплIанэ бригадэм учетчикыу тхуэув» — колхоз унафэщIым къыщыжриIэм, лэжьыгъэ зэпэубыдам апхуэдэ куэдрэ къэхъуртэкъыми, «хьэуэ» къыхимыгъэкIыу, арэзы хъуащ. А щIыкIэм тету Суфян и гъащIэм зыкъыщызэридзэкIым, лажьэурэ, заочнэу еджэным триухуащ.
- Учётчикыу щыщыта илъэсхэр аращ абы колхоз унафэщIхэм гу къыщылъатар. Абы къыхэкIыуи, Шыгъэлыгъуэр 4-нэ мэкъумэш бригадэм унафэщIу ягъэкIуащ. ЗдагъэкIуар, районым хьэщIэ къакIуэмэ, «фшэ «Красная Кабарда» колхозым щыIэ еплIанэ бригадэм» хужаIэу, ягъэлъагъуэу здрагъэблагъэ гуп пашэт. Ар зы илъэсым нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъ лъэщ хъурт, ефIакIуэрт. Абы хэтхэр псоми щапхъэ яхуэхъуу лажьэрт, къэкIыгъэ къытрахым и куэдагъымкIи я цIэр жыжьэ Iуат. Апхуэдэу илъэс куэд щIауэ екIуэкIырт.
- Бригадэм хэтхэм я гугъу хьэщIэхэм щахуищIкIэ, Суфян и гуапэу зытепсэлъыхьыр гъавэ бэв къэзыгъэкI механизаторхэрат. ЕплIанэ бригадэр къызэзыгъэпэщари, зэкъуэт зыщIари председателу лажьэ Къылъшыкъуэ Изэтрэ агроном нэхъыщхьэ Мэлыхъуэ Сэфудинрэ зэрыарар къыхигъэщырт. Ауэ абыхэм еупщIамэ, мырат Суфян теухуауэ я жэуапыр: «Шыгъэлыгъуэм удэлэжьэну тыншщ, узыщыгугъ хъун унафэщIщ, щIыр фIыуэ елъагъу, цIыхухэр хуэарэзыщ, къызэгъэпэщакIуэшхуэщ». Дэтхэнэ зы унафэщIри зэрыгушхуэ хъун щытхъу псалъэт ахэр.
- КъБКъУ-м щIэтIысхьэу агроном IэщIагъэр зригъэгъуэта иужькIи, «фи щхьэ зэрыхьщ, сэ гугъу сехьу седжащ, фэри феджэ», жиIэу зыкъыфIэщIыжакъым. ЕджапIэ нэхъыщхьэ щIэтIысхьэну зызыгъэхьэзырхэми, щIэтIысхьауэ еджэ и лэжьэгъухэми сыт и лъэныкъуэкIи ядэIэпыкъуащ, защIигъэкъуащ.
- Губгъуэм
- Арыкъ къуажэм пэмыжыжьэу бжьэпэм тет губгъуэ унэр апхуэдизкIэ даущыншэщи, зэхэпхыр бжэIупэм фIэлъ уэздыгъэ нэхум епщIа цIывхэм я зэщIэвууэ макъыр аращ. Нэху щымэ, къапэщыт лэжьыгъэ гугъур зыхащIэу, жьыуэ гъуэлъыжа механизаторхэр жей IэфIым хэтщ. «Мэжей» батэкъутэр зыгъэшу махуэ псом сабэр зышхыу хьэсэм хэта тракторхэри.
- Зэманыр къосри, механизаторхэр кIыфI зэхэту къызэщIэушауэ, лэжьыгъэм зыхуагъэхьэзыр. ЯщIэж абыхэм тракторхэр «ягъашхэу», нэхутхьэху щыхъум хьэсэм хыхьэн зэрыхуейр. Бригадэм и унафэщI Суфяни лэжьапIэм къыкIэрыхуакъым, къэсащ механизаторхэм зыщаужь зэманым.
- — ФеужьэрэкI-феужьэрэкI, дыгъуасэрей хьэсэр нобэ сэн дымыухмэ, дыкъикIынукъым, — егъэпIащIэ Суфян щIалэхэр.
- «Нива» трактор лъэщхэр, жыласэ машинэхэр зыкIэрыщIахэр хьэсэм хыхьащ. МакIуэ ахэр лъэрыхьу, зэбгъурыту, лэжьыгъэм хуэхьэзыру. Суфян абыхэм якIэлъыплъурэ гупсысэу щытщ, и гур зэгъарэ адэкIэ ищIэнур иубзыхуу…
- Зи гъащIэр щIым елэжьыным, дэтхэнэ зы махуэ лэжьыгъэри махуитI-щыуэ къэплъытэ хъунум тезыухуа Суфян сыту пIэрэт абы тезыгъэгушхуар, гухэхъуэ къезытар? Дыщэпсым хуэдэу дыгъэм пэцIу нартыху самэшхуэм, школакIуэу щIыхьэху щашам ищIа лэжьыгъэм и гур хэхъуэу щеплъар армырауэ пIэрэт «щIы узыр» къыщеуэлIар?
- ЦIыхур псэуху, и мурадхэм заузэщI
- Сыту фIыт лэжьыгъэ псори цIыхум теухуауэ щытамэ. Куэдрэ къыщыхъу щыIэщ дунейр хъийм икIыу лэжьакIуэхэм къащыпэув.
- … Бригадэм и лэжьыгъэ псори зы мардэм тету, фIагъ хэлъу зэфIагъэкIри, гъавэ бэвыр зи нэщэнэ нартыху цIыкIухэр «къалъхури», я щхьэр къыхагъэжат. Ауэ дэнэт, напIэзыпIэм дунейм зыкъызэIищIэри зиублэрэкIащ. Уэшхри, уэри, жьапщэри зэхэзэрыхьыжащи, нэплъэгъуэ къуитыркъым. А жэщым механизаторхэр дэнэ къэна, зы лэжьакIуэ жеяуэ къыщIэкIынукъым. Нэху къызэрекIыу псори губгъуэм зэрыхьащ. Зыуэ жыпIэмэ, апхуэдэ дунейм иужькIэ, къэкIыгъэ зызыужьа куэдым я щхьэр щIым нэсыжат, зэфIищIыкIахэри мащIэтэкъым, псым «итхьэлахэри» щыIэт. ЩIым иримыщIа щыIэтэкъым: зэхиутат, зэхипщэжат, зэхэжыхьат…
- — Ди лэжьыгъэр хэкIуэдащ, сыт иджы тщIэнур, Суфян? — еупщIащ зи гур иджыри къимыхьэжа, зэхэфыщIа хъуа губгъуэшхуэр иджыри зи нэгу щIэту гупсысэ куум хэт щIалэм механизаторхэр.
- — ДеIэзэнущ щIым, — жиIащ Суфян, — тлъэкIынущ ар дэ къэдгъэпсэужын, нэхъ гугъу дехьыну аркъудейуэ аращ абы щхьэкIэ.
- Иджыт Шыгъэлыгъуэм къыщыгурыIуар хэщIыныгъэу щыIэм и инагъыр. Гектарищэм нэблагъэ хьэсэм зыри щыплъагъужыртэкъым. Зы махуэ ипэкIэ мыбы хэтахэм, бэвыгъэу къытрахынум иригушхуэу щытахэм иджыпсту я гум хьэлъэу телъыр зыхуэдизыр къыпхуэщIэнтэкъым.
- Суфян и гупсысэмрэ и щытыкIэмрэ адрейхэми фIыуэ къагурыIуэрт икIи езыхэми хэпщIыкIыу къапкърыхьэрт.
- — ЗэрыжыпIам хуэдэу, тетсэжыным яужь дихьэнщ, нэгъуэщI хэкIыпIэ диIэкъым, тлъэкI къэдгъэнэнкъым, щIыхуэ зытедгъахуэу десакъым, ауэ къытлъыкъуэкIам ди гур игъэузащ, — жаIэрт мэкъумэшыщIэхэм…
- Бригадирым и чэнджэщыр щхьэпэт
- Тхьэмахуэ зытIу хуэдиз нэхъ дэмыкIыу, хозяйствэм хузэфIэкIащ уэлбанэшхуэмрэ уэмрэ щIым тридза «уIэгъэр» ягъэхъужын. Суфян мэкъумэшыщIэхэм я гъусэу губгъуэм, жэщ-махуэ имыIэу, итащ, ядэIэпыкъуащ, ядэлэжьащ, къэкIыгъэхэм аргуэру зыкъаужьыжыху. Гъэ псом гугъу зыщIрагъэхьар илъэсым и кIэм къэнэхуэжащ.
- ИужькIэ, гурыфIыгъуэу, саугъэт пэлъытэу, нартыху бэв — гектарым хуэзэу центнер 75-рэ — къытрахащ. Адрей къэкIыгъэхэми уагъэгуфIэрт: сэхураныр зы гектарым — центнер 25-м, гуэдзым — центнер 35-м, хьэм — центнер 25-м щыщIигъурт.
- «Чэнджащэ щыуэркъым» жаIэ игъащIэми. Суфян япэщIыкIэ механизаторхэм, трактористхэм ечэнджэщырти, иужькIэ унафэ ищIырт. Арауэ къыщIэкIынут гупым зыщIезыгъэх щIахэмытыр, я гур лэжьыгъэм щIыхуитхьэщIыкIар. Абы щыхьэт тохъуэ бригадэм щылажьэхэм къулыкъукIэ ягъэкIуэта куэд, саугъэт зратахэр къазэрыхэкIар. Лъэкъущо Ильяс, илъэс куэдкIэ бригадирым и къуэдзэу лажьэурэ а гупым и унафэщI хъужам, къыхуагъэфэщащ Лэжьыгъэ Бэракъ Плъыжь орденыр. СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату хахауэ щытащ бригадэм и механизатору щыта Вындыжь Арсен. Абыхэм я ехъулIэныгъэм, шэч хэмылъу, и гуащIэ хилъхьащ Шыгъэлыгъуэм.
- Гупым и Iуэхур ефIакIуэ зэпытт, фIым я фIыжт, колхозым пашэныгъэр щиIыгът, район зэхыхьэхэм я Iупэм телът абы и лэжьакIуэхэм я цIэхэр. Илъэс къэс гъавэ бэв къехъулIэрт, уеблэмэ нартыхуу гектарым къытрахауэ щытащ центнер 80, гуэдзым — центнер 40, хьэм — 25-рэ.
- Шыгъэлыгъуэр лэжьыгъэм пэлъэщырт икIи ар фIыуэ илъагъурт. Абы унафэщIым хэлъын хуей къарури, гупсысэ куури, къызэгъэпэщакIуэ Iэзагъри — псори бгъэдэлът. Бригадэр зы илъэсым нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъ къулей, нэхъ лъэщ хъууэ екIуэкIырт.
- Колхозым ищIа фермэщIэм щIаубыдат пшэру ягъашхэу ятыну зыхуамурад, IэщIэвыщIэ швиц лъэпкъыу 120-рэ. Шыгъэлыгъуэм и пщэм далъхьащ ари, и лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, здихьыну. Былымхэм я хьэлъагъыр килограмм 350 — 400-м нагъэсурэ, колхозым лымкIэ планыр щIигъуу игъэзэщIауэ щытащ.
- ЩIым гурэ псэкIэ бгъэдэту, ехъулIэныгъэфI зыIэрызыгъэхьэф Суфян, нэхъыбэж зэрылъэкIынум шэч къытрамыхьэу, колхозым и агроном нэхъыщхьэу ягъэуващ. ЗэрыжаIэу, зыщымыгъуазэтэкъым ар зыпэрыувар, ауэ къыгурыIуэрт лэжьыгъэ мытыншыр дагъуэншэу гъэзэщIэн, дзыхьыр гъэпэжын зэрыхуейр.
- Бригадитхум щIыуэ гектар 7549-рэ зэрахьэрт. Абы щыщу гъавэ зытрасэ вапIэр гектар 6040-рэ хъурт. Апхуэдиз щIыр зыхуей хуэбгъазэу, хъер къыпыпхыным гугъуехьу хэлъыр къызыгурыIуэр ар зезыхьэ лэжьакIуэхэр арат.
- «Гъатхэ махуэ гъэ егъашхэ» жиIащ псалъэжьым. ЩIым телэжьыхьым и дежкIэ зы махуэри Iэджэ и уасэт. Суфян и лэжьыгъэм кIыфIзэхэту щIидзэрт, кIыфI хъуауи иухырт, шхэгъуэ куэд щыблигъэкIыр нэхъыбэу. Инженер нэхъыщхьи, жылапхъэр зи пщэ дэлъ агрономи щыIэ пэтми, сыт хуэдэ зэхуэмыхъу, зэфIэмыхьэ губгъуэ лэжьыгъэм къыщыкъуэкIми, «ПсынщIэу Суфян фыкъеджэ», — жаIэрт колхоз унафэщIхэм.
- Апхуэдэт абы и лэжьыгъэр махуэ къэскIэ… Къигъуэтырт, къищэхурт, къихъуэжырт, къыдихырт Суфян пкъыгъуэ гъуэтыгъуейхэр, жылапхъэ нэхъыфI зэпэубыдахэр, «ар си Iуэхукъым, си къалэнкъым» жимыIэу, нэхъ псынщIэу зэрызэфIэкIынми яужь итт.
- Ди республикэм итакъым «Красная Кабарда» колхозым зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм хуэдэ зиIа. А псом къыдэкIуэуи, а хозяйствэр ди щIыналъэм япэ дыдэу мелуанырыбжэ щыхъуауэ щытащ. Апхуэдэ зэфIэкIым колхозыр нэсыным зи пщIэнтIэпс куэду хэзылъхьахэм ящыщщ абы и унафэщIу а лъэхъэнэм лэжьа Мэлыхъуэ ФуIэд, мыдрейуи, Шыгъэлыгъуэ Мухьэмэд, РСФСР-м щIыхь зиIэ и агроном Мэршэн Сэрэбий, ордензехьэхэу Къэжэр Исуф, Алэкъул Лолэ, Нэжьыгу Хьэсен, Жаным Къанщобий, Дэгу Мухьэмэд, КъБР-м щIыхь зиIэ и агроном Улымбащ Хьэбас, Шыгъэлыгъуэ Суфян сымэ.
- Шыгъэлыгъуэм къыхуагъэфэщащ «Лэжьыгъэм и ветеран» дамыгъэр, ВДНХ-м и медалхэр, республикэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и ЩIыхь тхылъыр. КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм, апхуэдэуи, къуажэ Советым я депутатуи хахауэ щытащ.
- А зэманым зэрыщытар арати, депутатыр зэIущIэхэм, сессиехэм ауэ сытми Iэ иIэту щIэстэкъым. Жылэм хуэсэбэпын, зезыгъэужьын Iуэхугъуэхэр къыхилъхьэрт, езым пщэрылъ къыхуащI псори тэмэму, и пIалъэм ирихьэлIэу, Iэпэдэгъэлэл имыщIу игъэзащIэрт.
- Сыт щыгъуи щIэ гуэрхэм щIэбэнын, хэлъхьэн, цIыхухэм пщIэ яхуэщIын — а хьэл-щэнхэрт Шыгъэлыгъуэр адрейхэм къазэрыщхьэщыкIыр.
- «Красная Кабарда» колхозыр, «КСХП», «СХП» хуэдэхэр фIащурэ, зэтраIыгъэурэ, иужьым лъэлъэжыпащ.
- «Ныбгъуэр хьэм хэсми, хумкIэ и гур щыIэщ» жыхуиIэм хуэдэу, унэм дэсым и гур губгъуэмкIэ щыIэ зэпытти, балигъ зэрыхъурэ зэрыта губгъуэм игъэзэжащ.
- КъэкIыгъэр мэкъумэш хозяйствэм и Iуданэ псыгъуэщ. Ар гурэ псэкIэ плъагъуу, зы хьэдзэ закъуэм щхьэкIэ «усымаджэу» ущытын хуейщ. Ар фIыуэ къызыгурыIуэ Суфянрэ езым хуэдэу агроном IэщIагъэр зэзыгъэгъуэта и къуэ Муратрэ мы зэманым гектари 100 бэджэнду къащтауэ, гъавэ зыщIэхэм ящыщщ.
- Суфян ар мыIейуэ къохъулIэ. Гъэр къайгъэуэ щымытмэ, ику иту нартыхум центнер 75-рэ, гуэдзым центнер 25 — 30 къытрах.
- Япэм хуэдэжкъым дунейр. МэкъумэшыщIэм и лэжьыгъэр нэхъ гугъу хъуащ: гъэмахуэм уэс къос, щIымахуэм уэшх къошх, уэр етащ, жьыбгъэ гуащIэри бэлэрыгъыркъым.
- ГъэщIэгъуэнщ щIым телэжьыхьым и Iуэхур. Гуих къэхъукъащIэхэм гъавэхэкIыр куэдрэ хьэлэч зэтращIэми, Суфян щIым телэжьыхьыным и гугъэр хихыжыркъым, и щIыб хуигъазэркъым, сэ абы дэслъэгъуащ, иджыри дызолъагъу гуащIэдэкI жыджэрагъым и щапхъи. Сохъуэхъу Шыгъэлыгъуэм зыбгъэдэт IэнатIэм пэлъэщу, зыщIэхъуэпсхэр къехъулIэу иджыри илъэс куэдкIэ Тхьэшхуэм игъэлэжьэну!
- КЪАРДЭН Мухьэмэд.
- Бахъсэн щIыналъэ, Ислъэмей къуажэ.