Сабийхэм я нэгу зрагъэужь
2021-06-24
- Ди щIыналъэм щолIалIэ сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр гъэщIэгъуэну, гукъинэжу ирахьэкIыным. Апхуэдэу Урысейпсо цIыхубэ фронтым (ОНФ) Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм хэт щIалэгъуалэм жэрдэм ящIащ «ДыгъафIэ къалэм» зыщызыгъэпсэху сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ КъБР-м и Макъамэ театрым зыщрагъэплъыхьыну.
- Гъэмахуэ лагерым щыIэ сабийхэм ящыщу гъуазджэм дихьэххэр гъусэ ящIри, ОНФ-м хэтхэр хьэщIапIэ яхуэкIуащ Макъамэ театрым, Iупхъуэ къуагъым щекIуэкI гъащIэм щыгъуазэ зыхуащIын, артистхэр нэхъ гъунэгъуу зрагъэцIыхун мурадкIэ. Апхуэдэ Iэмал махуэ къэс къызэрыкъуэмыкIыр къэплъытэмэ, «Art energy» (аращ гъуазджэм дихьэх сабийхэр зыхэт гупжьейм зэреджэр) гупым я насып къикIауэ жыпIэ хъунущ.
- — ШколакIуэхэм я нэхъыбапIэр мызэ-мытIэу щыIащ театр зэмылIэужьыгъуэхэм, абыхэм щагъэув спектаклхэм, къыщызэрагъэпэщ махуэшхуэ дауэдапщэхэм хэтащ – абыхэмкIэ сабийхэр къыпхудэхьэхынукъым. Дэ мурад тщIар нэгъуэщIщ: лагерым щыIэ сабийхэр щыгъуазэ хуэтщIынущ театрым лэжьыгъэр къызэрыщызэгъэпэща щIыкIэм, артистхэм ящыщи едгъэцIыхунущ, ахэр НыбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьынущ я IэщIагъэм епха щхьэхуэныгъэхэмкIэ, хэлъ щэхухэмкIэ, — жиIащ ОНФ-м и щIыналъэ къудамэм и «Щэнхабзэ» унэтIыныгъэмкIэ и эксперт Мэкъуауэ Ислъам. – ныбжьыщIэхэм иджы Iэмал яIэщ артистхэм спектаклхэм зыщыхуагъэхьэзыр я пэшхэм щIэплъэну, репетицэхэр зэрекIуэкIым хукъуэплъыну. КIэщIу жыпIэмэ, театрым и куэдщ узэплъынрэ уфIэхьэлэмэтынрэ.
- Макъамэ театрым щыхьэщIа сабийхэр апхуэдэу хуэзащ абы и солист Iэпщэ Алим. Пуччини и «Плащ» оперэм Растропович и цIэр зезыхьэ, Новгород Ищхъэрэ филармонием и симфоние оркестрыр и гъусэу Микеле и партиер зыгъэзащIэ артист цIэрыIуэр ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ и IэщIагъэр къызэрыхиха щIыкIэм, здэщыIа хамэ къэралхэм щита концертхэм, нэгъуэщIхэми.
- Ялъэгъуахэмрэ зыхуэзахэмкIэ арэзыуэ, ямыщIэ хьэлэмэт куэди къащIауэ лагерым екIуэлIэжащ ныбжьыщIэхэр. Гъэмахуэм щIидзэ къудейщи, ар сабийхэм гукъинэж яхуэхъуным псори девгъэлIалIэ, ОНФ-м и щIыналъэ къудамэм хэт щIалэгъуалэ жыджэрхэм хуэдэу.
- Къардэн Ритэ.