ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Илъэс 80 дэкIами…

2021-06-24

  • Мы махуэхэм ди къэралым и щIыналъэ псоми ягу къыщагъэкIыж 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и япэ махуэр. Абы теухуа фэеплъ пэкIухэр щызэхэтащ ди республикэми.

  • Налшык и къалэ паркым ит «ЩIыхьым и мафIэ мыужьыхым» деж илъэс къэс, хабзэ хъуауэ, щызэхуос цIыху куэд. Мы гъэми мэкъуауэгъуэм и 22-м сыхьэти 4-м абдеж щыпагъэнащ зауэ щIыхьымрэ фэеплъымрэ я шэху уэздыгъэхэр. Фэеплъ махуэм епха Iуэхугъуэхэр паркым къыщызэрагъэпэщащ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэм я жэрдэмкIэ.
  • Махуэм мащIэу зиужьа нэужь, пэкIум къыхыхьащ къалащхьэм и унафэщIхэр, абы щылажьэ IуэхущIапIэхэм, щызэхэт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Апхуэдэхэт Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, КъБР-м и Ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд, Налшык къалэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и пашэ Абдуллаев Мустэфа, УФ-м и МЧС-м КъБР-м щиIэ IэнатIэм и IэщIагъэлIхэр, «Армие ныбжьыщIэ» зэгухьэныгъэм хэтхэр, нэгъуэщIхэри.
  • — Нобэрей махуэр ди къэралым и тхыдэм IэгупIэ фIыцIэу къыхэнахэм ящыщщ. Илъэс 80 ипэкIэ нобэ хуэдэ гъэмахуэ пщэдджыжьым Совет Союзым и цIыхухэр къыщIэушауэ щытащ хъыбар гуауэм: фашист Германием ди хэкум кърищIылIат лъырэ нэпскIэ гъэнщIа зауэ гущIэгъуншэ, — жаIащ пэкIум къыщыпсэлъахэм. — Нобэ дигу къыдогъэкIыж а мафIае илъэсхэм зи гъащIэр ихьа, ТекIуэныгъэ иным зи псэр щIэзыта ди хэкуэгъу цIыху мелуанхэр. Абыхэм яхэтщ къэрал щхьэхуитыгъэм щIэзэууэ зи псэр зауэ губгъуэм щызытахэри, зэзауэ гуащIэхэм яужь хъыбарыншэу кIуэдахэри, фронтым и щIыбагъкIэ щагъэв бэлыхьхэм, мэжэщIалIагъэм ихьахэри… Дахуэарэзыщ, дунеягъэкIэ къэмыхъуапсэу я псэр тыншыжауэ Тхьэм къыщIигъэкI.
  • ЗэIущIэм хэтахэм, къалэ унафэщIхэр я пашэу, удз гъэгъахэр тралъхьащ МафIэ мыужьых фэеплъым. Абдежым къекIуэлIат КъБКъУ-м и медколледжым и студентхэр, университетым и егъэджакIуэрэ студенту Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм хуагъэува фэеплъу КъБКъУ-м и пщIантIэм дэтым деж щыпагъэна шэху уэздыгъэрэ удз гъэгъахэмрэ яIыгъыу.
  • Паркым щекIуэкIа республикэпсо Iуэхухэм хэта нэужь, КъБКъУ-м и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ университетым къагъэзэжащ икIи фэеплъ пэкIум щыпащащ еджапIэм и пщIантIэм. Ар къызэIуихащ университетым и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ.
  • — Фашист Германием 1941 гъэм къыдищIылIауэ щыта зауэр илъэси 4-кIэ екIуэкIащ. Абы ихьащ цIыху мелуан 27-м щIигъум я гъащIэр. Абыхэм ящыщу цIыху мин 40-р Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщт, — къыхигъэщащ Алътудым и къэпсэлъэныгъэм. – Ди университетым и егъэджакIуэрэ студенту цIыхуи 144-рэ хэкIуэдащ Хэку зауэшхуэм. Абыхэм я фэеплъым зы дакъикъэкIэ дахуэвгъэщыгъуэ.
  • Абдеж къыщыпсэлъахэм ящыщщ КъБКъУ-м и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Шурдым Хьэсэн, Абдуллаев Мустэфа, КъБКъУ-м и проректор ГъукIэпщокъуэ Мурат сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • Сыхьэт 14-м зэIущIэм щыпащащ университетым ЩэнхабзэмкIэ и центрым, Темыркъан Хьэту и цIэр зезыхьэм. Абы щекIуэкIа литературэ-макъамэ композицэ купщIафIэм. Абы хэтт Хэку зауэшхуэм и къэхъукъащIэ нэхъ инхэм ятеухуа теплъэгъуэхэр. Студентхэр кIэщIу тепсэлъыхьащ ди республикэм щыщу «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр зыфIаща щIалэ 26-мрэ «ЩIыхь» орденым и нагъыщэ псори зыхуагъэфэща ди лъахэгъуи 6-мрэ я гъащIэм. Зэхуэсым куэду щыIуащ зауэм, мамырыгъэм, ныбжьэгъугъэм ятеухуа уэрэдхэмрэ усэхэмрэ, теплъэгъуэ кIэщIхэри утыку кърахьащ. Абы и кIэухыу центрым щагъэлъэгъуащ «Не покидай меня» спектаклыр. Ар зыгъэувар «Занавес» студент театр гупырщ.
  • Махуэ 1418-кIэ екIуэкIащ 1941 гъэм и мэкъуауэгъуэм и 22-м щIидза Хэку зауэшхуэр. Абы лъандэрэ илъэс 80 блэкIами, цIыхубэм ящыгъупщакъым а зауэ гущIэгъуншэм ди къэралым къыхуихьа насыпыншагъэ инхэмрэ бэлыхь мыухыжхэмрэ. Апхуэдэ гуих-псэих зэи къремыхъуж дяпэкIэ.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.