ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Налохэ я лъэпкъ унэтIакIуэхэм я пщIэр ягъуэтыж

2021-06-09

  • «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и жэрдэмкIэ Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Хьэтуей къуажэм къыщызэIуахащ Налохэ къахэкIа лъэпкъ унэтIакIуэхэу Жансэхъу, Ахьмэдхъан, Заур, Евгение сымэ я цIэр зезыхьэ щIэныгъэ узэщIакIуэ центр. Iуэху щхьэпэм иращIэкI зэхыхьэм хэтащ щIыналъэ, къуажэ унафэщIхэр, Нало лъэпкъым и лIыкIуэхэр, цIыху щэджащэхэм я творчествэм дихьэххэр, абыхэм я ныбжьэгъуу щытахэр.

  • Центрым и пэIущIэ пэшым щрагъэжьа зэхыхьэр Нало Заур фIыуэ илъагъуу щыта адыгэ IуэрыIуатэм щыщ хъыбаркIэ къызэIуихащ ар езыгъэкIуэкIа, «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым хэт Та-быщ Мурат:
  • — И щIэплъыпIэри умылъагъуу, гъуни нэзи имыIэу мы дунеижьыр зэрыщыту хышхуэт. Я пхэщIыщхьэр зэхуэгъэзауэ абы джеишхуищ хэст. А щыми я щIыбым шылъэгу тест. Уэшх къешхми, уэс къесми, уэ къехми а шылъэгухэм ятешхэу, ятесэу, ятехуэурэ щIы-            гулъ щыхъужауэ, абы и гущIыIум исри адыгэ жылэрат. Заур ар къыщытхуиIуэтэжкIэ къыпигъэувэрт: «Си анэ мыгъуэм а таурыхъым дыщыщIигъэдэIукIэ и кIэм къыдыщIигъужырт: «Мис абдежым зы фIыцIагъэ гуэр къыхэщти, ар Хьэтуейр щыпсэу щIыпIэрт», — жиIэрти». Дэри дыдэгушыIэжу пэддзыжырт: «Абдежым иджыри зы хужьыпIэ гуэр щыIэщи, ар ХьэтIохъущыкъуейщ». Апхуэдэу хъыбар гъэщIэгъуэн куэд дыщIигъэдэIурт.
  • Заур и щIыгулъым ит адыгэ дунейм дыкъыхэхутащ нобэ, дыщIызэхуэса Iуэхури щхьэпагъышхуэ зиIэу къыдолъытэ. Псом япэрауэ, мыр щIэблэм и зэхуэсы-пIэщ, адыгэ цIыху къищIыкIы-пIэщ, а псом къакIэлъыкIуэу узэщIакIуэ, щIэныгъэ Iуэхум ухуэзыущий зэIущIапIэщ.
  • АдэкIэ центрым и бжэр къызэIухыныр пщэрылъ зыщащIахэу «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ, гупым я гъуазэ Хъурей Феликс, На-ло Лиуан, Хьэтуей къуажэ администрацэм и тхьэмадэ Дзыхь-мыщI Анзор сымэ, къалэн гуапэр зэфIагъэкIыу, лентI плъыжьыр зэпаупщIри, къызэхуэсахэр ирагъэблэгъащ цIыху щэджащэхэм я дунейм ухэзышэ пэшым. Хьэтуей къуажэм дэт курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ БищIо Мафурэ тепсэлъыхьащ центрыр къызэIуахыным щхьэусыгъуэ хуэхъуам, абы папщIэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм, щIэлъ хьэпшыпхэр зэрызэхуахьэсам, щызэрахьэну Iуэхухэм, Налохэ Жансэхъу, Ахьмэдхъан, Заур, Евгение сымэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ цIыхухэу зэрыщытым.
  • ЗэIущIэм щыпащащ ЩэнхабзэмкIэ унэм и пэшышхуэм.
  • — Лъэпкъым и гуащIэр къызэралъытэр и цIыху пажэхэм ялъэкIар зыхуэдизымкIэщ.           Адыгэм ди щхьэр лъагэу дэзы-гъэлъагъуж куэд диIэщи, «Адыгэ               дуней» лъэпкъ фондым къелъы-тэ зи лъабжьэр Хьэтуей адыгэ къуажэжьым щызыдза Нало лъэп-къым и цIыху гъуэзэджэхэу Жансэхъу, Ахьмэдхъан, Заур, Евгение сымэ «дылъэпкъкъэ-тIэ дэ! Дыадыги!» жыдэзыгъэIэн фIыгъуэ ялэжьауэ. Ди бзэм хуэфащэ увыпIэ лъагэр иIыгъыжыным телэжьэфын гуащIэ зыщIэлъщ а  цIыху телъыджэхэм я щIэиныр. Абыхэм я IэдакъэщIэкIыр зэрахуэфащэу утыкум къиша хъумэ, адыгэгур нэхъ ину къригъэуэжынущ, адыгэпсэр къигъэпIейтеижынущ, анэбзэмкIэ псэлъэ-ным иригъэхъуэпсэжынущ, — жиIащ Табыщ Мурат. — Адыгэ IуэрыIуатэм щыщу Нало Заур фIыуэ илъагъуу куэдрэ къиIуэтэжу щыта зы хъыбар иджыри фезгъэдэIуэну сыхуейт: «Мы дунеижьыр къигъэщIри, Тхьэр и IэрыкIым хэплъэжа нэужь, зэ зыщысплъыхьынщ, зыхуэдэр зэзгъэщIэнщ, и уасэр къэслъытэнщ, жери щIыгум къехащ. УщызэкIэщIэплъу апхуэдэт щIыгум и теплъэр: хьэуар къабзэт, къуршхэр лъагэу къыщхьэщытт, хым ухэплъамэ, укъытещу щхъуантIабзэт. Мис апхуэдэу дахэт, гуакIуэт дунеижьыр. Ху щыкI губгъуэжьым хыхьэри, жьы щабэ къепщэм зрихьэ, кърихуэкI щхьэмыжыр къыщIигъалъэри, хьэдзэ Iэбжьыбыр и Iэгум къихуащ. Ху гъуэжь тыкъырыфэ хуэдэу щытхэр къыхищыпыкIащ, тIэкIу щIигъэпщыжри, фIыцIафэу хэлъхэр, гъуабжэлъабжэ хъуахэр лъэныкъуэкIэ ирихьэкIащ. Тхьэр зэIусэм псэ къыхелъхьэ, жыхуиIэрати, гъуэжь тыкъырыфэ хуэдэу ирипхъэкIахэм чынтхэр (китайцхэр) къытепщIыкIащ, фIыцIэ-гъуабжафэхэу ирикIутэкIам цIыху фIыцIэхэр къытехъукIыжащ. И Iэгум къина ху Iэбжьыб хужьыфэр матэм ирилъхьауэ уафэм щыдэкIуеижым, абы и нэзым зы хьэдзэ цIыкIу къыдэщэтри, къехуэхыжащ щIыгум. «ЩIы», «лIы, «тIы» жиIэу щIэфиикIыурэ, нобэ дызэрыпсалъэ адыгэбзэм и макъхэр къигъэIуурэ, щIым хэхуащ. А жылэм къикIыкIари адыгэ цIыхущ». Хъыбарым и кIэм деж Заур дыщIигъужырт: «Зы шэч къытесхьэркъым а ху жылэ цIыкIур Хьэтуейр здэщысым  деж  къызэрытехуам», — жиIэрти. Сыт мыр сигу къыщIэкIыжар? Заур фIэфIт Урыхупс ефар, Урыху акъужьыр зыщIихуар, Хьэтуей жылэжьыр зылъэгъуар зыхэзэрыхьын, зыхэкIуэ-щIэн, зыхэкIуэдэн щымыIэу къилъытэрт. Мис апхуэдэу гушыIэу, нэщхъыфIэу, и щIыналъэ цIыкIум лъагъуныгъэшхуэ хуиIэу псэуащ ар. Адыгэ лъэпкъым и набдзэ, и гупсэ, и гум къипсэлъыкIа цIыху цIэрыIуэхэм ящыщщ Налохэ Жансэхъу, Заур, Ахьмэдхъан, Евгение сымэ. Сыт и уасэ абыхэм я цIэр теIуауэ щIэныгъэ-узэщIакIуэ центр уиIэныр?!
  • Япэу  псалъэ зрата, Лэскэн район администрацэм и унафэщI Инжыджокъуэ Сэфарбий жиIащ апхуэдэ цIыху щэджащэхэр къызыхэкIа лъэпкъым Тхьэр къызэрегуэпар икIи абы я гъуэгум пащэу, я Iэужьыр адэкIи ягъэкIуатэу лэжьыгъэ зэрырагъэкIуэкIыпхъэр. Апхуэдэуи къыхигъэщащ центрым гъэсэныгъэ-ущииныгъэ мыхьэнэшхуэ иIэу къызэрилъытэр, Хьэтуей жылэм дэс сабийхэм я мызакъуэу, адрей къуажэхэм я ныбжьыщIэхэри абы щекIуэкI Iуэхухэм къыхэшэн зэрыхуейр.
  • — Налохэ я цIыху щэджащэхэм я гъащIэм фIыуэ сыщыгъуазэу сыкъекIуэкIащ, — жиIащ Кавказ Ищхъэрэм управленэмкIэ и академием и унафэщI, философие щIэныгъэм и доктор Хъурей Феликс. — Зауррэ  сэрэ дызэдэла-жьэрт, зэныбжьэгъугъэ дяку дэлът, щIэх-щIэхыури дызэкIэлъыкIуэрт. Ди еплъыкIэр зэтехуэрт, Iуэху зэхуэмыдэхэмкIэ дызэчэнджэщырт. Сытми хищIыкIырт, сыт хуэдэ IуэхукIи еупщI, шэч хэлътэкъым Заур и деж жэуап зэрыщыбгъуэтынум. ЦIыху хьэлэмэтт, гуапэт, зэманым жыжьэу пхрыплъыфырт, куэдым гу лъитэрт, цIыхур фIыуэ илъагъурт, уасэ иIэтэкъым удэлэжьэну, апхуэдизкIэ псэгъэтыншти. Мыпхуэдэ центрхэм дэтхэнэ зы къуажэри хуэныкъуэщ, гущхьэгъэсэкIэм и къежьапIэу плъытэ хъунущ ар. Абы и мыхьэ-нэр къызыгурыIуэу Iуэхур къыд-  дэзыIыгъа район, къуажэ унафэщIхэм фIыщIэ яхузощI.
  • — Налохэ Зауррэ Женярэ нэху щыху сабгъэдэсыфынут, сэ абыхэм  телъыджэ куэд ядэслъэгъуащ, насып сиIэти, а тIур си гъащIэм хэтащ, — къыпищащ псалъэмакъым УФ-м гъуазджэхэм- кIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, композитор цIэрыIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил. — Жансэхъу теухуауэ куэд сщIэркъым, ауэ зы хъыбар гъэщIэгъуэн фыщызгъэгъуа-зэнщ, ГъукIэмыхъу Iэбубэчыр къызжиIэжауэ. Ар тутнакъэщым щрадзам щыгъуэ, тIасхъэщIэхыу къыкIэщIагъэтIысхьат куржы тхакIуэ. Абы «итха» романыр зи IэдакъэщIэкIыр Нало Жансэхъущ, къыфIидыгъуауэ аращ. Ахьмэдхъан теухуауи зы гукъэкIыж фхуэсIуэтэнщ. Къэрмокъуэ Мухьэмэд и махуэр игъэлъапIэу сригъэблэгъат. Iэнэм и тхьэмадэр Ахьмэдхъант. Сэ IэнэкIэмкIэ сыщысти, псоми псалъэ яритурэ си деж къэсри: «Иджы, Джэбрэ-Iил, уэ къэтэджи хъуэхъум и пIэкIэ «Телъхьэ уанэм си шыр» уэрэдым дегъэдаIуэ», — жиIащ. Ар нэзгъэса нэужь: «АтIэ, си псэм хуэдэ, а зы уэрэдым фIэкIа умытхами ирикъунщ, нэгъуэщI Iуэху зумыхуэжми, хъунущ. Ауэ а уэрэдыр адыгэ фIэкIа  къызыгурыIуэн дунейм теткъым», — къызжиIат. Женя дежкIэ згъэзэжын-щи, ди зэрыцIыхуныгъэр къыщежьамкIэ къыщIэздзэнщ. ПащIэ Бэчмырзэ теухуауэ пшыхь ящIу, щыуэри  псалъэ къызатащ.  Сэ утыку къисхьэнкIэ хъуну псор дэнэ щащIэнт абы?!  «Мы щIалэм мафIэ къыIуролъэлъ, Тхьэм къихъумэ», — жиIат абы щыгъуэм Женя сэ щхьэкIэ. ЕтIуанэ махуэм ар и ныбжьэгъу цIыхубзым къыщызжиIэжым, и хэщIапIэр къеIысхри,  а пщыхьэщхьэм сыкIуащ. ЦIыхубз щхьэц баринэ дахэм бжэр къыщыIуихым: «Женя, мафIэ къызыIурылъэлъ ХьэIупэ ДжэбрэIилыр сэращ», — жысIащ. Абдеж щыщIэдзауэ дунейм ехыжыху дызэрыщIащ. Мы дунейм зы актрисэ сценэр хуэныкъуэу слъэгъуамэ,  ар Женят. Апхуэдэ талант бгъэдэлът абы. Университетым къыщыдэлажьэхэм запищIыжу плъагъуныр спектакль хьэзырым хуэдэт. Абы хуэдэу гушыIэ дахэ зыхэлъ адыгэ цIыхубз срихьэлIакъым. ГъэщIэгъуэн Iэджэ къыщысщIащ сэ Женя деж, егъэ-леяуэ цIыхубз щэджащэт. Нало Заур сэ хужысIэнур псори усэу стхащ. Илъэс 18 фIэкIа сымыхъуу абы сыхуэзыша Тхьэшхуэр насыпкIэ къысхуэупсат. Куэдым сыхуиущиящ, куэдкIэ гъуазэ схуэ-              хъуащ, къысхилъхьа плъэкIэр ноби сиIэщ. Нало Заур щымыIамэ, ХьэIупэ ДжэбрэIили щыIэнутэкъым. Ар пэжщ, езгъэлейкъым. Заур дунейм къытрина и IэдакъэщIэкIхэм цIыкIухэр еджэу тлъагъуныр фIыгъуэшхуэщи, абыкIэ Тхьэшхуэр къытхуэупсэну                 солъаIуэ. Нобэ зи гугъу тщIы цIыхухэм хуэдэрщ лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыжыр.
  • Хьэтуей щыщу Налшык къалэ дэсхэм къызэрагъэпэща, «Мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэм-рэ» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ ГуэбэщIыкI Жантемыр жиIащ унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэм щыпашэ цIыху цIэрыIуэ куэд жылэм къызэрыдэкIар, ауэ адыгэм и къэкIуэным хуэлэжьа цIыхуиплI  зы лъэпкъым къыхэкIауэ зэрыщымыгъуазэр. Ар тепсэлъыхьащ Нало Заур зэфIигъэкIа Iуэху щхьэпэхэм.
  • — Илъэс зыбжанэ ипэкIэ къуажэм зэрихьар Старэ Урыху фIэщыгъэрщ. Абы Хьэтуей цIэр едгъэгъуэтыжыну псалъэмакъыр къыщыхалъхьэм, Iуэхур дэкIынымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ Заур, ар фIыуэ щыгъуазэт къуажэм и тхыдэм, — жиIащ абы. — Жылагъуэ-политикэ Iуэхухэми жыджэру хэтт ар. 90 гъэхэм Заур и унафэщIу щытащ  Адыгэ Хасэм. Лъэпкъым хуэщхьэпэн лэжьыгъэ куэд зэфIигъэкIащ, абы щхьэщыжакIуэ нэсу зыкъигъэлъэгъуащ. МыхъумыщIагъэ ирихьэлIамэ, ар имыгъэзэкIуэжауэ игу зэгъэнутэкъым, зыгуэркIэ зыкъыхуагъэзамэ, зэрыхъукIэ а Iуэхур зэфIигъэкIынут. Налохэ къахэкIа узэщIакIуэхэм я щIэныгъэри акъылри къызыхэкIа лъэпкъым хуагъэлэжьащ, абы къыпэкIуэжащ нобэ ягъуэт лъапIэныгъэри.
  • Нало Женя и щIэиныр дунейм къытехьэным абы и тхыгъэхэм цIыхур щыгъэгъуэзэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым тхыдэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Мэрзей Аслъэнбэч.
  • — Мыпхуэдиз цIыху щэджащэ къызыдэкIа жылэм пщIэ хуэфащэщ. Къуажэм и лъабжьэр быдэщ, хъыбарыфI иIэщ, — жиIащ Мэрзейм. — Хьэту Анзор деж щыщIэдзауэ цIыху цIэрыIуэ куэдкIэ лъэпкъым и тхыдэм фыхэуващи, дяпэкIи абыхэм я лъэужьым ирикIуэу IуэхуфIхэм хуэлэжьэн Тхьэм къывит! Си гъащIэм и унэтIакIуэ хъуауэ къызолъытэ Нало Женя. СыщIалэ дыдэу срихьэлIэри, абы и чэнджэщкIэ щIэныгъэм  нэхъ куууэ сыхыхьащ. Iуэху куэдкIэ гъуазэ схуэхъуащ, и дэIэпыкъуныгъэ ухуэныкъуэу ищIамэ, псори зригъэтIылъэкIынурэ сэбэп къызэрыпхуэхъунум иужь  итынут.  И  лэжьыгъэм и гугъу пщIымэ, къызэринэкIари мащIэкъым, хузэфIэкIынури нэхъыбэжт. Женя хуэдэ цIыху пэжхэм хуиту гъуэгу ираткъым, дэ десакъым ди фIыр и чэзум дгъэлъэпIэжрэ, хуэфэщэн гулъытэ едгъэгъуэтыжу. Къулыкъу зыIыгъкIи щIэныгъэ зыбгъэдэлъкIи зэхэгъэж зэи ищIакъым — цIыхугъэрт япэ иригъэщыр, езым ар хэлът, зыхэтым якIэлъызэрихьэфырт. ЦIыхум я гум укъызэринэнур цIыхугъэрэ IуэхущIафэкIэщ, абы и лъэныкъуэкIэ Женя Iэужь дахэ дунейм къытринащ. Уасэншэщ апхуэдэ цIыху уи гъащIэм хэтыныр.
  • Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым и унафэщI Къалмыкъ Жылэбий и гукъэкIыжхэри нэхъыбэу зытеухуар Нало Женят, абы и щхьэусыгъуэри, шэч хэмылъу, тIури тхыдэджу зэрыщытырт.
  • — Къэухьышхуэ иIэт Женя, ди тхыдэдж псори лъэрызехьэт, ауэ мы бзылъхугъэр щIэныгъэхэм я доктор, профессор мыхъуами, абы и акъылымрэ зэфIэкIымрэ хуэдэ зыбгъэдэлъ къытхэтакъым жысIэми сыщыуэнукъым. Тхыдэджми и мызакъуэу, юрист IэщIагъи зригъэгъуэтат, урысыбзэми хуэшэрыуэт. Абы итхам зэбгъэзэхуэжэн хэлътэкъым. Диссертацэр  згъэхьэзырынымкIэ  хуабжьу къыздэIэпыкъуауэ щытащ. «Женя щыхэплъэжакIэ, сэ мы лэжьыгъэм гугъу сыдехьыжынукъым», — жиIат си щIэныгъэ унафэщIым. Лъэхъэнэ хьэлъэ дыдэ къахуихуат я унагъуэм, куэдым я фэ дэхуэнукъым абы ягъэвар. Пэжым я гур хуэгъэпсауэ зэрыщытар зэран къахуэхъужат. Женя илъэси 8-кIэ тутнакъэщым исащ. Апхуэдиз гуауэ зылъэгъуа, бэлыхьыр зытелъа бзылъхугъэр а гугъуехь псом къахэкIыфащ и цIыхугъэр фIэмыкIуэдауэ икIи и гур зэIухауэ къыхуиуха и гъащIэр ирихьэкIащ. Налохэ Ахьмэдхъа- ни Заури садэлэжьащ, мызэ-мытIэуи IуэхукIэ дызэрихьэлIащ. Лъэпкъ литературэм абы хуащIа хэлъхьэныгъэр къыпхуэмылъытэнщ, мыдрейуэ я цIыху щIыкIэкIэ  я гугъу пщIымэ, псэ хьэлэлхэт, лей зытехьэм къыщхьэщыжынут, Iущхэт, гупсысэ куу зиIэхэт, лIыгъэшхуи ябгъэдэлъащ. Налохэ я цIыху щыпкъэхэр лъэпкъым и набдзэщ.
  • Къуажэ администрацэм и унафэщI ДзыхьмыщI Анзор центрыр къызэIухыныр зи жэрдэмхэми Iуэхур къадэзыIыгъахэми псалъэ гуапэ яжриIащ, Налохэ я цIыху цIэрыIуэхэм я лъэужьым ирикIуэфын дяпэкIэ жылэм къыдэкIыну гугъапIэхэр зэриIэри къыхигъэщащ. Апхуэдэу фIыщIэ тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ яритащ «Нало-Центр»-р зи жэрдэмкIэ къызэIуаха, адыгэбзэр, адыгэ щэнхабзэр хъумэным телажьэ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и къызэгъэпэщакIуэхэм, КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым тхыдэмкIэ    и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Мэрзей Аслъэнбэч (къэхутакIуэ, тхыдэтх Нало Евгение и Iэрытххэм елэжьыжу тедзэным зэрыхуигъэхьэзырам икIи къызэрыдигъэкIыжам папщIэ), КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и кафедрэм и доцент Абазэ Албэч (КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Ахьмэдхъан и литературэ щIэи-ныр щIэблэм зэрыбгъэдилъхьэм папщIэ) сымэ.
  • Iуэхур къыхэплъхьэкIэ зэфIэкIыркъым, ар къыбдэзыIыгъын, ипэкIэ зыгъэкIуэтэн къыпкъуэмыувэмэ. «Нало-Центр»-р къызэIуахын мурад зэраIэр къуажэ унафэщIым  щраIуэтылIэм: «Лъэпкъым сэбэп хуэхъун сыт хуэдэ лэжьыгъэми схузэфIэкIкIэ сыхэувэнущ», — къажриIащ. И псалъэри игъэпэжащ: и къару къызэрихькIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуащ. Налохэ Жансэхъу, Ахьмэдхъан, Заур, Евгение сымэ я цIэр зезыхьэ щIэныгъэ-узэщIакIуэ центрыр Хьэтуей къуажэм къыщызэгъэпэщыным хэлъхьэныгъэ хуищIам папщIэ ДзыхьмыщI Анзор къыхуагъэфэщащ «Адыгэ лъэпкъ» фондым, Тыркум щыIэ Адыгэ хасэхэм я Хасащхьэм къабгъэдэкI фIыщIэ, фIыщIэгуапэ тхылъхэр.
  • ЗэIущIэм къыщеджащ ХьэIупэ ДжэбрэIилрэ Бицу Анатолэрэ Налохэ Ахьмэдхъан, Заур, Евгение сымэ хуатха усэхэм. Лъэпкъ узэщIакIуэхэм я гъащIэ гъуэгуанэм кIэщIу тепсэлъыхьащ Урыху къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-м и гъэсэнхэу Мэкъуауэ Инал, Сындыку Аскэр, Гугъуэтыж Тамерлан сымэ. Iуэху дахэр ягъэлъэпIащ уэрэджыIакIуэхэу ГъукIэ Ислъам, Нэдгъэгъу Альберт, «Бзабзэ» гупым я пшынауэ Iэпсэ Дианэ сымэ.
  • — ЦIыхум псалъэ гуапэ хужыIэжын хуейщ, ар къыщилэжьакIэ. Жансэхъуи, Заури, Ахьмэдхъани, Евгении  дэ  ди щытхъу хуеижкъым. Абы жаIами, ящIами, хъуэпсапIэу зылъэмыIэсахэми хуэныкъуэр дэращ. Ди бзэр тхуэхъумэмэ, жылагъуэр зыгъэпIейтей Iуэхухэм дызэкъуэту дыхэлIыфIыхьыфмэ, щIэблэм щIэныгъэ-рэ IэщIагъэрэ еттыфмэ — мис абы щыгъуэм лIэщIыгъуэ къэс а цIыху гъуэзэджэхэм ещхь зы лъэпкъым къыхэкIынкIэ, езы лъэпкъым зиузэщIынкIэ мэхъу. «Лъэпкъыр къызэрызэтедгъэнэным девгъэгупсыс», — жиIэгъащ Заур. Абы и лъэныкъуэкIэ нобэ къызэIутха щIэныгъэ-узэщIакIуэ центрыр къытхуэгупсысахэм ящыщ зыщи, гъуэгу махуэ техьауэ Тхьэм жиIэ! — а псалъэхэмкIэ зэхуищIыжащ зэIущIэр Табыщ Мурат.
  • ЩхьэщэмыщI  Изэ.
  • Сурэтхэр Битокъу  Маринэ  трихащ.