Налшык къалэ гъэлъэгъуэныгъэ щокIуэкI
2021-06-09
- Къэбэрдей-Балъкъэрым сурэт гъуазджэмкIэ и музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, иджыблагъэ щекIуэкIащ «Псыхъуэ ныджэ» зи фIэщыгъэ урысейпсо зэхьэзэхуэм къагъэхьа сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
- Сурэт гъуазджэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм (FIAP) и жьауэм щIэту Рязань къалэ илъэс къэс къыщызэрагъэпэщ Iуэхугъуэр мы гъэм Налшык щекIуэкIыну къыхуагъэфэщащ. Зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэр зыхуэунэтIар сурэттех щхьэхуэхэр мыхъуу, щIыналъэхэм щыIэ сурэт хасэхэр нэIуасэ зэхуищIынырщ, я зэхуакум зэпыщIэныгъэхэр дэлъхьэнырщ. Зэхьэзэхуэм и къэунэхуныр епхащ сурэт гъуазджэмкIэ сурэттеххэм я Iэзагъэр хэгъэхъуэным и мызакъуэу, IэмалыщIэрэ еплъыкIэщIэхэмрэ абы халъхьэкIэрэ и гъунапкъэхэр зэлъыIугъэкIуэтыным, унэтIыныгъэщIэхэр къыхэгъэкIыным, сурэт техыным хъэтIыщIэхэр хэлъхьэным икIи абыхэм зегъэубгъуным.
- «Псыхъуэ ныджэ» сурэт зэхьэзэхуэм хэтащ Налшык къалэ щыIэ «Уней хъэтI» сурэт хасэм и сурэтыщIхэр, икIи, ди гуапэ зэрыхъунщи, я IэдакъэщIэкIхэр къыхэжаныкIащ. Сурэт хасэм щыщ Подва Александр зэрыжиIэмкIэ, зэпеуэм и хъыбарыр абы зэрымыщIэкIэ къищIауэ арат, и IуэхущIэгъухэм ар щажриIэми, акъылэгъу къыдэхъури, хыхьащ. Хасэм щыщу зэхьэзэхуэм я зэфIэкIыр щагъэлъэгъуэну цIыхуих тегушхуащ.
- Сурэт зэхьэзэхуэр унэтIыныгъиплIкIэ екIуэкIащ, абы и утыкуми Урысейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ сурэт хасэ 97-м я IэдакъэщIэкIхэр кърахьащ. Налшык къалэ щыщ «Уней хъэтI» сурэт хасэм еянэ увыпIэр къыхуагъэфэщащ, Мейкъуапэ, Бытырбыху, Владивосток, Челябинск къикIа сурэтыщIхэр зыхэхуа япэ нэхъыфIипщIым щыщу къалъытащ.
- Сурэт гъуазджэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм (FIAP) и фIыщIэгуапэ тхылъхэр къыхуагъэфэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Подва Александр, Байсиев Ахъмэт, Гуртуев Елдар сымэ.
- «Пэжыр жыпIэмэ, — къыхигъэщащ зэпеуэм зэрыщытекIуам кърит гузэхэщIэ иныр имыбзыщIу Подва Александр, — мы зэхьэзэхуэм дыкъызэрыхэщар ди сурэт хасэмкIэ къызэрымыкIуэу гушхуэныгъэ инщ. Зэпеуэм ди цIэр къыщраIуэхукIэ, дунейм дытетми дытемытми зыщIэ щыIакъым. Ауэ, къызэрыщIэкIамкIэ, ди зэфIэкIкIи ди лъэкIыныгъэкIи ди къэралым щыцIэрыIуэ сурэт хасэхэм нэхърэ дынэхъ гуащIэмащIэкъым. ДыщIэлажьэр цIыхухэращ, тщIэми уасэ езытыфынур ахэращ. ДыкъызэрымыкIуэкъым, дауи. Ауэ тфIэфIщ сурэт техыным теухуауэ щыIэ хабзэхэм я гъунапкъэм дыкъикIыну, щIэщыгъуэ гуэрхэр ди лэжьыгъэм хэтлъхьэну, зыми имыщIа икIи имылъэгъуа сурэтым хэтлъхьэну».
- Сурэттехыр и лэжьэгъу Байсиев Ахъмэт и ехъулIэныгъэхэм зэрыщыгуфIыкIми тепсэлъыхьащ, сурэт гъэлъэгъуэныгъэ зыбжанэ къызэрыхузэгъэпэщами, Эстонием щигъэлъэгъуа и лэжьыгъэм пщIэшхуэ зэригъуэтами и гугъу ищIащ.
- «Ди лъахэм дахагъэу илъым укъызэщIимыIэтэнкIэ Iэмал иIэкъым, ди ехъулIэныгъэхэм я псыпэхэшыр арауэ зэрыщытым пцIы хэлъкъым», — жиIащ сурэттехым. ЗэрыжаIэщи, фIыщIэ зыщIыфым фIыщIапщIэри и бэщ.
- ШУРДЫМ Динэ.