Кыщпэк и хьэщIэхэр
2020-02-18
- Кыщпэк курыт еджапIэм иджыблагъэ къыщызэIуахащ «ЛIыхъужьхэм я блын» зыфIаща стендыр. Ар траухуащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум.
- Зэхуэсым хэтащ Урысейм и ЛIыхъужь, генерал-майор Тулин Сергей, УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм офицеру къыхэкIыжахэм я «Мегапир» зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Атаев Жашарбек, «Урысейм дрихэкупсэщ» урысейпсо зэхыхьэм и штабым и унафэщI, запасым щыIэ полковник Балъкъэр Хьэсэн, Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къэзан Заур, Кыщпэк къуажэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Елбэд Артур, районым егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм и унафэщI Абрэдж Тамарэ, жылэдэсхэр, щIалэгъуалэр. Абыхэм зэгъусэу зыщаплъыхьащ школым и лъахэхутэ музейм. Абдеж къыщызэрагъэпэщат ТекIуэныгъэр илъэс 75-рэ зэрырикъум теухуа гъэлъэгъуэныгъэр.
- ХьэщIэхэмрэ бысымхэм-рэ дакъикъэкIэ щыгъуа нэужь, «ЛIыхъужьхэм я блыныр» къызэIуахащ, удз гъэгъахэр ягъэтIылъащ. НыбжьыщIэхэм махуэшхуэм зыхуагъэхьэзырат: абыхэм зауэ лъэхъэнэм теухуа усэхэмрэ уэрэдхэмрэ утыкум щыжаIащ.
- Къызэхуэсахэр и гукъэкIыжхэм иригъэдэIуащ Урысейм и ЛIыхъужь Тулин Сергей. Хэкур фIыуэ лъэгъун, щхьэж и къалэныр пщIэ пылъу игъэзэщIэн, благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ пщIэ яхуэщIын — апхуэдэ чэнджэщхэрщ нэхъыжьым а махуэм щIалэгъуалэм яритар. И лэжьыгъэмрэ Кыщ-пэк къуажэм хуиIэ лъагъуныгъэмрэ ныбжьыщIэхэм яхуиIуэтащ Балъкъэр Хьэсэни.
- Къэзан Заур хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхум къазэрыхуеблэгъам папщIэ.
- «СССР-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэр илъэс 70 ирокъу» медалыр иратащ запасым щыIэ полковник Балъкъэр Хьэсэн, ЛIыхъужьхэм я Урысей зэгухьэныгъэм и ЩIыхь тхылъыр Кыщпэк курыт школым и унафэщI Балъкъэр Дадусэ.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, «ЛIыхъужьхэм я блын» Iуэхум хиубыдэу, КИФЩI-м щыIэ егъэджэныгъэ IэнатIэ 15-м щагъэувыну я мурадщ Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм я сурэтхэр щызэхуэхьэса апхуэдэ стендхэр. Мурад нэхъыщхьэр щIалэгъуалэм я тхыдэр ящIэу, хэкур фIыуэ ялъагъуу къэгъэхъунырщ.
- Сурэтхэмрэ лIыхъужьхэм я гъуэгуанэм теухуа хъыбархэмрэ хэт хуейми ирихьэлIэ хъунущ абы. Ар къызэзыгъэпэщыр «Кавказ Ищхъэрэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэм язэгухьэныгъэ» щIыналъэ жылагъуэ IуэхущIапIэращ, Президент ахъшэхэр зыт фондыр и дэIэпыкъуэгъуу.
- Чылар Аринэ,
- Бахъсэн районым и щIыпIэ
- администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.