ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дипломат лэжьакIуэхэм я махуэр ягъэлъапIэ

2020-02-18

  • Хабзэ зэрыхъуауэ, Мэлба­хъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм щекIуэкIащ «Искусство дипломатии» зэIущIэр. Ар къызэрагъэпэщащ IуэхущIапIэм щеджэ и пэшым и къудамэм и лэжьакIуэхэм. Зэхыхьэм ирагъэблэгъащ Гуманитар-техникэ колледжым и кадет корпусым и «Правоохранительная деятельность» IэщIагъэм и студентхэр.

  • Дипломат IэщIагъэм жылагъуэм­рэ къэралымрэ я деж щиIэ пщIэмрэ а IэнатIэм пэрытхэм я жэуаплыныгъэмрэ я щыхьэту, Урысей Федерацэм и Президентым 2002 гъэм жэп­уэгъуэм и 31-м игъэуващ мазаем и 10-р Дипломат лэжьакIуэхэм я махуэу. Зэраубзыхуам тету, УФ-м хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм  и лэжьакIуэ мин бжыгъэхэм а махуэр ди къэралми нэгъуэщI щIыпIэхэми щагъэлъапIэ.

  • ЗэIущIэ гъэщIэгъуэныр езыгъэ­кIуэ­кIахэу библиотекэм и лэжьакIуэ Нанэ Ларисэрэ Балъкъэр Залинэрэ къы­теувыIащ Урысей диплома­тием и тхыдэм, къэралым и дипломат цIэрыIуэхэу Троцкий Л., Литвинов М., Чичерин Г., Молотов В., Громыкэ А., Примаков Е., Лавров С., а IэнатIэм и нэгъуэщI цIыху акъылыфIэхэм я ­фIыгъэкIэ Урысейм къэрал куэ­дым пыщIэныгъэ быдэхэр хуиIэу ­къы­зэрекIуэкIым. Лъэпкъ библиотекэм и унафэщI, профессор, фило­логие щIэныгъэхэм я доктор, дипломат, ООН-м и академик, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, къэрал, жыла­гъуэ лэжьакIуэ Емуз Анатолэ щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ зегъэужьыным, жылагъуэ Iуэхур егъэфIэкIуэным хуи­­щIа хэлъхьэныгъэхэр ягу къагъэкIыжа нэужь, кърихьэлIахэм абы и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ яхутеп­сэ­лъыхьащ.
  • Емуз Анатолэ КъБКъУ-м щIэ­ныгъэ нэхъыщхьитI (инджылызыбзэ, уры­сыбзэ къудамэхэр) щызригъэгъуэтащ. 1963 — 1969 гъэхэм Совет армэм и офицерщ, Москва дзэ зэдзэкIакIуэхэм  я  курс нэхъыщхьэхэр къыщиухащ. ЕджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ школхэмрэ папщIэ зэхилъхьащ инджылыз-адыгэ-урыс фразеологие псалъалъэр. Монографие зыбжанэ, «Хамэ къэралыбзэхэмрэ ар зэребгъэджы­нумрэ ятеухуа къэхутэныгъэхэр» ака­демие тхылъыр и Iэдакъэ къыщIэкIащ. 1976 — 1980 гъэхэм Индием и Совет щэнхабзэ центрым и унафэщIу лэжьащ. Хэкум къигъэзэжа нэужь, щIэныгъэ, егъэджэныгъэ лэжьыгъэхэм ­куууэ хэтащ, и доктор диссертацэр пхигъэ­кIащ. ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым и унафэщI къулыкъум пэрытащ.
  • 1992 — 1997 гъэхэм КъБР-м лъэпкъ Iуэ­хухэмрэ хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и ­министру, итIанэ хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министру лэжьащ. Урысейм и МИД-м и Дипломат акаде­мием дипломат лэжьакIуэхэм я щIэ­ныгъэр щыхагъахъуэ и курсхэр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, УФ-м и щIыналъэхэм Урысей МИД-м щIыналъэ зэхуаку, экономикэ зэхущытыкIэхэмкIэ я Консультативнэ советым хэтащ. 1995 гъэм Урысейм и посольствэу Белоруссием щыIэм и чэнджэщэгъуу щылэжьащ. Хамэ къэралхэм ­щыпсэу ди хэкуэгъухэм яхудиIэ пыщIэныгъэ-­хэр иригъэфIэкIуэн папщIэ, къэрал куэ­дым щыIэну къыхуихуащ. Апхуэдэхэщ Иорданиер, Сириер, Тыркур, Америкэм и Штат Зэгуэтхэр, Канадэр, Венгриер, Чехословакиер, Болгариер, Италиер, Индиер, Албаниер, Белорус­сиер, Кипрыр, нэгъуэщIхэри.
  • 2002 гъэм къыщыщIэдзауэ ар и уна­фэщIу щытащ КъБКъУ-м хамэ къэ­ралыбзэхэмкIэ, иужькIэ инджылызыбзэмкIэ и кафедрэхэм. 2010 гъэм и мэлыжьыхь мазэ лъандэрэ и унафэщIщ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм. ЩIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ зегъэужьыным, жылагъуэ Iуэхур егъэфIэкIуэным ­Ему­зым хэлъхьэныгъэшхуэхэр ­хуещI. Абы и фIыгъэкIэ библиотекэм къыщы­зэ­рагъэпэщащ «Джентльмен», «Галатея», «Правовед», «Театр книги», «Гум и макъ», «ЗэфIэкI зиIэ цIыху» клубхэр, нэгъуэщIхэри. 2010 гъэм ­къыдэкIа «Лъэпкъыр зэрыгушхуэ» щIэнгъуа­зэм Емуз Анатолэ и цIэр ират­хащ, 2017 гъэм къыхуагъэфэщащ «Хэкум и пащ­хьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» ор­деныр, республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм, щIыналъэр егъэфIэкIуэнымрэ щIэ­ныгъэмрэ хуи­щIа хэлъхьэныгъэфI­хэм папщIэ. Ап­хуэдэу, къэралкIуэцI Iуэхухэм илъэс 25-кIэ хуэлэжьа Емузым къыхуа­гъэфэщащ Урысей МИД-м и щIыхь тхылъымрэ «Урысей Федерацэм хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерст­вэр илъэс 200 ирокъу» юбилей дамыгъэмрэ. Емузым и лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ библиотекэм щIэлъщ.
  • Къыхэгъэщыпхъэщ, Емуз Анатолэ и пхъурылъху Эвелинэ абы и лъа­гъуэм зэ­рырикIуэжар. Налшык къа­лэм и курыт еджапIэ №4-р дыщэ ­медалкIэ, КъБКъУ-м инджылызыбзэмкIэ и ­къу­­дамэр диплом плъыжькIэ къиуха нэужь, ар аспирантурэм щIэтIысхьэри, и кандидат лэжьыгъэр пхигъэ­кIащ. 2009 — 2013 гъэхэм Урысей МИД-м щылэжьащ. Ди республикэм и мы­закъуэу, Кавказ Ищхъэрэм ар дип­ломат ранг зиIэ япэ адыгэ цIыхубз атташе щыхъуащ. ИужькIэ къулыкъу щищIащ Азербайджанымрэ Къэзахъстанымрэ Урысейм щиIэ посольствэхэм. 2014 гъэм абы къратащ ещанэ секретарым и дипломат рангыр. Мы зэманым ар Псыхуабэ бзэ щIэныгъэхэмкIэ и университетым къэралкIуэцI политикэм теухуа и доктор лэжьыгъэм щолэжь.
  • Емузыр зэIущIэм кърихьэлIахэм яху­тепсэлъыхьащ дипломат IэнатIэм  и мыхьэнэмрэ щхьэхуэныгъэхэмрэ. Абы жэуап  иритащ  студентхэм я уп­щIэ­хэм.
  • Зэхыхьэр щекIуэкIа пэшым щагъэуващ «Дипломатия: взаимный инте­рес, доверие, сотрудничество» тхылъ дапхъэр. Абы хагъэхьащ диплома­тием и  тхыдэм теухуа тхылъхэмрэ дипло­мат цIэрыIуэхэм я лэжьыгъэ щхьэпэхэмрэ. Апхуэдэу  абдежым щыплъагъурт Емуз Анатолэ и гъащIэм­рэ и гуа­щIэмрэ теухуа тхыгъэхэр, сурэтхэр, къы­хуа­гъэ­фэща дамыгъэхэр.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.
  • Сурэтыр  Къарей  Элинэ  трихащ.