ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъБР-м и Iэтащхьэр хэтащ ухуэныгъэм зегъэужьыным теухуа зэIущIэм

2020-02-15

  • Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат дыгъуасэ Москва щригъэ­кIуэ­кIащ псэупIэхэр ухуэным, экологием, гъуэгу инфраструктурэм зегъэу­жьы­ным, ­къалэхэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIа лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным теухуауэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
  • ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ щIыналъэхэм комплекснэу зегъэужьыным, псэу­пIэхэр ухуэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм зегъэубгъуным, уасэхэр зэрагъэув щIыкIэр гъэтэмэмыным, бжыгъэхэр зи лъабжьэ технологиехэр ухуэныгъэм къыщыгъэ­сэбэпыным пыщIауэ япэ игъэщыпхъэ ­къалэнхэм. Апхуэдэу гулъытэ хуащIащ ипотекэмкIэ ставкэхэр гъэмэщIэнымкIэ, ипотекэ кредитхэм проценткIэ щхьэщатыкIым кIэрыгъэхунымкIэ щыIэ хэ­кIыпIэхэм.

  • Хуснуллин Марат зэIущIэм къыщыхилъ­хьащ ухуэныгъэм и IэнатIэм дунейпсо стандартхэр къыщыгъэсэбэпыным и ­лъэныкъуэкIэ Iуэху пыухыкIахэр. Мыб­-деж Iуэхур нэхъ къэзылъахъэхэм ящыщу вице-премьерым къилъытащ ухуэныгъэхэм я уасэхэр тэмэму зэрамыгъэувыр.
  • Правительствэм иджыпсту къыпэщыт къалэнхэм ящыщщ ухуэныгъэм и IэнатIэр къэралым и зыужьыныгъэм тещIыхьа къалэнхэм езэгъыу зэтегъэувэныр. Абы къыхэкIыу, жиIащ Хуснуллин Марат, дэ лъэпкъ проектхэм дызэре­лэ­жьыну планхэр зэхэтлъхьэу, ахэр гъэ къэс фIэкIыпIэ имыIэу зэрыдгъэзэщIэнум дыхущIэкъун хуейщ.
  • 2019 гъэм кърикIуахэм япкъ иткIэ, псэупIэхэр хьэзыр щIынымкIэ лэжьыгъэхэр абы япэ ита илъэсым елъытауэ проценти 108,8-м нагъэсащ. Хьэзыр ящIащ псэупIэ метр зэбгъузэнатIэ мин 474-м щIигъу. ЦIыхухэр унэ кхъахэхэм къыщIэгъэIэпхъукIынымкIэ ягъэувауэ щыта планыр нэсу ягъэзэщIащ икIи унэщIэхэм унагъуэ 81-рэ щIагъэтIысхьэжащ. Къалэхэм пщIантIэу 145-рэ, цIыху зэхуэсыпIэу 28-рэ зэIузэпэщ щащIащ. Къалэ мыинхэр зэIузэпэщ щIыным теухуауэ ирагъэкIуэкIа урысейпсо конкурсым щытекIуэри, Бахъсэн къалэм бюд­жет зэхуаку трансферту сом мелуан 85-рэ къыхуаутIыпщащ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.