Щэнхабзэм и IуэхущIапIэхэр къагъэщIэрэщIэж
2020-02-15
- «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым и щIыналъэ Iыхьэм хиубыдэу яубзыхуа лэжьыгъэхэм япкъ иткIэ, 2020 гъэм КъБР-м и жылагъуэхэм щрагъэфIэкIуэнущ икIи къызэхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжынущ къуажэ щэнхабзэ унэу 9. Апхуэдэу хьэзыр ящIу къызэIуахыну я мурадщ Нартан къуажэм и щэнхабзэ унэщIэр.
- АдэкIи пащэнущ республикэм и щэнхабзэ, зыгъэпсэхупIэ IуэхущIапIэхэм зегъэужьынымкIэ лэжьыгъэхэм. ГъуазджэмкIэ сабий школу щым зыхуеину музыкэ Iэмэпсымэхэр къыхуащэхунущ. Налшык дэт ТЮЗ-мрэ Гуащэ театрымрэ я унэхэри зыхуей хуагъазэ икIи а лэжьыгъэр илъэсищкIэ екIуэкIынущ.
- «Творчествэм и лэжьакIуэхэр» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным трагъэкIуэдэн папщIэ дызэрыт илъэсым КъБР-м и республикэ бюджетым щыхухахащ творчес-кэ гупхэм, проект щхьэхуэхэм папщIэ грантхэр, апхуэдэу КъБР-м и щэнхабзэм и лэжьакIуэу 122-м я IэщIагъэм хагъэхъуэным трагъэкIуэдэну ахъшэр.