ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЦIыхубэм я гурыщIэхэр къагъэнаIуэ

2020-02-15

  • Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир вэсэмахуэ яIущIащ къэ­ралым и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэ­хэр хэлъ­хьэным теухуауэ зэхуашэса лэ­жьакIуэ гупым. Адрей цIыху 75-м яды­щIыгъуу абы хэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, Президентым и деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ советым нэгъабэ лъандэрэ хагъэхьа Сэхъурокъуэ Хьэу­-тий.

 

  • Конституцэм хэлъхьэн хуейуэ лэ­жьа­кIуэ гупым игъэхьэзыр жэрдэмхэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэмрэ цIыхубэм я гуры­щIэр къагъэнаIуэу гъащIэр нэхъ тынш ящищIыну къэпщытакIуэхэм къалъытэ. АбыкIэ арэ­зыщ къэралым и Iэтащхьэри.
  • ЗэрыфщIэжщи, Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир иджыблагъэ Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызэхуигъазэм къыщыхилъхьащ къэралым и тхылъ нэхъыщхьэм зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ егъэгъуэтын зэрыхуейр. Ахэр ехьэлIащ парламентым, Конституцэ судым я унафэхэр здынэсым зегъэубгъуным, къулыкъущIэ­шхуэхэм хамэ къэрал гражданствэ ямы­Iэным, президент пIалъэхэр гъэмэ­щIэ­ным, дунейпсо зэгурыIуэныгъэхэм япэ урысей хабзэхэр игъэщыным, цIыхухэм я пащхьэ къэралым щиIэ пщэрылъхэм хэгъэхъуэ­-ным, нэгъуэщIхэми. А псори хьэзыр хъуа иужькIэ, урысейпсо IэIэткIэ къащтэну я мурадщ.
  • «Конституцэм халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэм теухуа IэIэтыр, дауи, Урысей Федерацэм и ХэхакIуэ Комиссэ Нэхъыщхьэм къызэригъэпэщынущ, — щыжиIащ зэIу­щIэм Путин Владимир. — Абы ехьэлIа унафэм сэ нобэ-пщэдей Iэ щIэздзынущ. Къищы­нэ­мы­щIауэ, дэ дызэгурыIуащ ар лэжьэгъуэ тхьэмахуэм и кум хуэдгъазэу зыгъэпсэхугъуэу дгъэувыну, цIыхухэм махуэшхуэхэр щагъэлъапIэ е тхьэмахуэм и кIэух гуэрхэм къы­памыудын папщIэ».
  • ЗэкIэ зэрыхуагъэфащэмкIэ, Конституцэм халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэм ехьэ­лIа урысейпсо IэIэтыр мэлыжьыхьым (апрелым) и 22-м, бэрэжьейуэ, екIуэкIынущ. Ар ди къэралым зыгъэпсэхугъуэ ­махуэу щагъэувыну я мурадщ.
  • Хьэтау  Ислъам.