ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Бынунагъуэшхуэхэм  зэрадэIэпыкъунум теухуауэ

2019-12-19

  • КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим дыгъэгъазэм и 17-м зи мычэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.

  • Депутатхэм къащтащ «2020 гъэм Урысейм щекIуэкIыну къыхэтхыкIыр къызэгъэпэщынымрэ егъэкIуэкIынымрэ ехьэлIауэ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ IэнатIэхэм къэралым пщэрылъ ящищIым теухуауэ» КъБР-м и законым и проектыр. КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Рахаев Борис жиIащ къыхэтхыкIыр етIанэгъэ мэлыжьыхьым и 1-м къыщыщIэдзауэ дыгъэгъазэм и 20 пщIондэ зэрекIуэкIынур.
  • — 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м УФ-м и Правительствэм къищтащ «Урысейм щыпсэухэм я къыхэтхыкIыр къызэгъэпэщыным теухуауэ» Унафэр. Фигу къэзгъэкIыжынщи, 2018 гъэм и жэпуэгъуэм къэралым и щIыналъэ 11-м щрагъэкIуэкIауэ щытащ 2020 гъэм къызэрагъэпэщыну урысейпсо къыхэтхыкIым зэрызыхуагъэхьэзыр лэжьыгъэхэр икIи абы ехъулIэныгъэ иIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iуащхьэмахуэ районри хэтащ. Дыщогугъ мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхур илъэсыщIэм къызыхуэтыншэу едгъэкIуэкIыну, — къыхигъэщащ Рахаевым.
  • Депутатхэм етIуанэ еджэгъуэу къащтащ «Сабий ещанэрэ абы къыкIэлъыкIуэхэмрэ къызыхэхъуэ, къэрал дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ унагъуэхэм мазэ къэс ахъшэ зэрыратым теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым и проектыр.
  • КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим жиIащ законым и проек-тым къызэрыщыгъэлъэгъуар 2020 гъэм щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ цIыхур ирипсэун папщIэ нэхъ мащIэу зыхуейм хуэдизу 2 нэхърэ нэхъыбэ къызыхэмыхъуэ унагъуэхэм ахъшэкIэ зэрызыщIагъэкъуэнур, ещанэу къалъху (е япIыну къащтэ) я сабийр илъэсищ хъуху. Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, 2020 гъэм апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэм къызэщIиубыдэну хуагъэфащэ сабий 2600-рэ. Абыхэм мазэ къэс зэрызыщIагъэкъуэну ахъшэр сом мин 13-рэ 700-рэ мэхъу.
  • ЗэIущIэм зэхъуэкIыныгъэхэр щыхалъхьащ республикэм и закон щхьэхуэхэм. КъБР-м финансхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Лисун Еленэ жиIащ зи адэ-анэ зыщхьэщымытыжхэмрэ сабий зеиншэхэмрэ якIэлъыплъ унагъуэхэм зэрызыщIагъакъуэ ахъшэ бжыгъэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхалъхьэр. 2020 гъэм сабий зыпIыну къэзыщтэ унагъуэхэм мазэ къэс зэрызыщIагъакъуэр сом 8.342-рэ хъунущ (процент 38,5-кIэ хохъуэ). 2019 гъэм сом мини 6 ирату щытащ. Опекунхэм къэралыр зэрадэIэпыкъум процент 46-кIэ хэхъуэнущ (сом 8910-рэ).
  • — 2020 гъэм мы Iуэхухэм текIуэдэнущ сом мелуани 130-рэ, 2021 гъэм — сом мелуани 150-рэ, 2022 гъэм — сом мелуани 170-рэ, — къыхигъэщащ къэпсэлъам.
  • ЗэIущIэм и кIэм КъБР-м и Парламентым Социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI Къэжэр Хъусен зытепсэлъыхьам теухуауэ журналистхэм и Iуэху еплъыкIэр яжриIащ. «ЦIыхухэм я псэукIэр нэхъ зэIузэпэщ зыщIыну Iуэхухэм теухуащ нобэ къэтщта законопроектитIыр. Ахэр къыхэзылъхьар КъБР-м и Iэтащхьэращ, — жиIащ абы. — «Сабий ещанэрэ абы къыкIэлъыкIуэхэмрэ къызыхэхъуэ, къэрал дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ унагъуэхэм мазэ къэс ахъшэ зэрыратым теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым и проектыр зытещIыхьар цIыхур ирипсэун папщIэ зыхуейм хуэдизу тIу къызыхэмыхъуэ унагъуэхэрщ. Апхуэдэхэм, зэIущIэм зэрыщыжаIащи, сабийр илъэсищ ирикъуху мазэ къэс сом мин 13-рэ 700-рэ иратынущ. Шэч хэмылъу, а Iэмалыр щIэгъэкъуэн яхуэхъунущ бынунагъуэшхуэхэм. ЕтIуанэ законопроектми 2020 гъэм щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къару игъуэтынущ. Сабий зыпIыну къэзыщтэхэм иратынущ цIыхур ирипсэун папщIэ зыхуейм и процент 65-р, 2021 гъэм ар процент 75-м, 2022 гъэм — процент 85-м, 2023 гъэм — проценти 100-м нагъэсыну я мурадщ».
  • БАГЪЭТЫР  Луизэ.