ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адэжь щIыналъэм и уэрэдус

2019-12-19

  • Ди газетым зэрытетащи, адыгэ усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, джэгуакIуэ Iэзэу щыта ПащIэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ илъэси 165-рэ зэрырикъур Налшык дэт Музыкэ театрым дыгъэгъазэм и 16-м Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

  • КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ АбытIэ Владимир

    «Адэжь щIыналъэм и уэрэдус» зи фIэщыгъэ Iуэхум хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, Парламентым, Правительствэм я лIыкIуэхэр, Дуней-псо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, ПащIэ Бэчмырзэ и пхъурылъху, адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ композитор, усакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм къикIа хьэщIэ лъапIэхэр, нэгъуэщIхэри.

  • КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин зэIущIэр къызэIуихри, ПащIэ Бэчмырзэ и гъащIэ гъуэгуанэр къызэхуэсахэм кIэщIу ягу къигъэкIыжащ.
  • Сэхъурокъуэ Хьэутий

    — ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр адыгэм зэи щыгъупщэнукъым. Ар и лъэпкъым и пщэдейм иригузавэ къудей мыхъуу, и усэхэм абы ехьэлIауэ гупсысэ куухэр къыщигъэлъэгъуащ. И творчествэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм. Къыхэгъэщыпхъэщ Бэчмырзэ гугъуехь инхэр и натIэу зэрыпсэуар, ауэ лъэпкъ Iуэхур абы сыт щыгъуи игъэнэхъапэт. Адыгэхэм я иужьрей джэгуакIуэхэм ящыщу къалъытэ ПащIэ Бэчмырзэ жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру хэтт, лъэпкъым и Iуэху зэрыдэкIын хэкIыпIэхэр къилъыхъуэрт икIи къигъуэтырт. Шэч хэмылъу, а лъэхъэнэм тепщэныгъэр зыIыгъахэм ар фIыуэ къалъагъуртэкъым, и гумызагъагъым и зэран къыщекIыжи куэдрэ къэхъуащ. Ауэ лъэпкъым и жэуаплыныгъэ ин къытехуэу къэзылъытэ адыгэлI ахъырзэманыр щикIуэт къэхъуакъым. Ар тIэунейрэ кIуат Тыркум. Абы адыгэхэр Iэпхъуэмэ, къащыпэплъэ гъащIэр зыхуэдэр и нэкIэ зригъэлъэгъуа иужькIэ, и лъэпкъэгъухэр хэкум къинэу, Урысейм гуэту псэуным нэхъ хэкIыпIэфI щымыIэу къызэрилъытэри яжриIат. Бэчмырзэ хуэдэхэр зырызщ! — жиIащ Къумахуэ Мухьэдин.

  • ХьэIупэ ДжэбрэIил

    Дагъыстэным и тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и лIыкIуэ Батманов Владислав пшыхьым къыщеджащ лезгиныбзэкIэ зэри-дзэкIауэ Бэчмырзэ и усэхэм ящыщ. Абы жиIащ а усакIуэ цIэрыIуэм и IэдакъэщIэкIхэр зэрадзэкIыу я деж къыщыдэкI литературэ журналхэм традзэну зэрамурадыр.

  • Лъэпкъ литературэхэм мы зэманкIэ яIэ щытыкIэм, къэкIуэнум, ахэр зэрыIыгъын хуейуэ къызэралъытэм, ПащIэ Бэчмырзэ и Iэужь дахэм, абыхэм къахэщ философием теухуауэ щытащ Шэшэн, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ — Алание, Ингуш республикэхэм я лIыкIуэхэм я къэпсэлъэныгъэхэр.
  • — Лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэ зэхыхьэхэм, цIыху щхьэхуэхэм я мыхьэнэр къызэрымыкIуэу инщ, — жиIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. — Мыпхуэдэ пшыхьхэм адэжьхэм я лъэхъэнэм уагъэгъэзэж. Ди япэ ита нэхъыжьыфIхэм я зэфIэкI лъагэр, акъыл куур, псэ къабзагъэр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Абы жылагъуэр цIыхугъэм, хьэлэлагъым къыхуриджэ зэпытт. ПащIэ Бэчмырзэ «Щэ и уасэт!» зыхужаIэ адыгэлIхэм хуэдэщ. «Зи пашэ хъупхъэм и Iуэху йофIакIуэ», — псалъэ пэжхэр зытха ПащIэ Бэчмырзэ и IэдакъэщIэкI купщIафIэхэмкIи ноби лъэпкъым йоущие, абы и бынхэр еунэтI. Адыгэр псэуху, ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр щыгъупщэнукъым, игъэлъэпIэнущ.
  • ХьэIупэ ДжэбрэIил и къэпсэлъэныгъэм и пэщIэдзэм, Бэчмырзэ и цIэр зэрихьэу Нартан къуажэм дэт фэеплъ музейр къызыхуэтыншэу зэрызэрахьам папщIэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин фIыщIэ хуищIащ.
  • — 1936 гъэм мазаем и 20-м ПащIэ Бэчмырзэ дунейм ехыжащ, абы и пхъурылъху  сэ 1942 гъэм  мазаем и 20-м сыкъалъхуащ. Ар сэркIэ жэуаплыныгъэшхуэт. Си гъащIэ псом Бэчмырзэ и цIэр си макъамэхэмрэ усэхэмкIэ зэрызгъэлъэпIэным, зэрысIэтыным сыхущIэкъуащ. Езы си адэшхуэм зэрыжиIащи, «Бланэ фещэм, щыхь къэвукIыу, хъыкIэ фещэм, дыщэ къихуэу Тхьэм фигъэпсэу!», — захуигъэзащ ХьэIупэм пэшым щIэсхэм.
  • Псом хуэмыдэу пшыхьыр гукъинэж ящIащ ПащIэ Бэчмырзэ и тхыгъэхэм ди республикэм и артист пажэхэр екIуу къызэреджам, пасэрей  макъамэхэмрэ  уэрэдхэмрэ зэрагъэзэщIам.
  • Щомахуэ  Залинэ.
  • Сурэтхэр  Къарей  Элинэ трихащ.