ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Щамым мамырыгъэкIэ хуэхъуапсэхэр

2019-12-19

  • «ТIажь Альбинэ и Фонд» IуэхущIапIэм и жэрдэмкIэ 2008 гъэ лъандэрэ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и нэIэ щIэту илъэс къэс екIуэкI «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэр» фестиваль-зэпеуэр илъэсипщI ирикъуащ.

  • «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэр» зы щIыпIэм емып-ха, гъуазджэм хуэIэзэ сабийхэм я зэфIэкIхэр къыщахутэ зэпеуэ-гъэлъэгъуэныгъэщ, урысыбзэкIэ — «арт-марафон». Мэзкуу, Мэздэгу, Черкесск, Мейкъуапэ, Севастополь, Алуштэ, Агуй, Сыхъум, Шапсыгъ, Кърым хытIыгуныкъуэм, Налшык — Урысейм къыщожьэри дунейм и дэтхэнэ лъэныкъуэкIи зыщеубгъу къэрал гъунапкъэхэм къимыгъэувыIэ фестивалым. «Мэзкуу дэт лъэпкъхэм я унэм» (Московский дом национальностей) и унафэщI Тарасов Владимир абы щытепсэлъыхькIэ и гуапэу къыхегъэщ: «Мы «арт-марафоным» сабийхэм щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ гулъытэ хуащIу ирегъасэ, нарт эпосым дихьэхынымкIэ щхьэусыгъуэфI яхуохъу, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIахэр зэныб-жьэгъу хъунымкIэ, лъэпкъым щыщу хамэ къэралхэм щыпсэухэм зыпащIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъущ. Илъэс блэкIахэм Урысейм и щIыналъэ 36-м, Европэм, Азием, Африкэм, Латин Америкэм, Австралием щыщ къэрал 27-м щыпсэу лъэпкъ 65-м къыхэкIа сабийрэ ныбжьыщIэу мин 15 къызэщIиубыдащ проектым. Гъуазджэм и бзэр тэрмэш хуэныкъуэкъым, ар хэти къыгуроIуэ, сыт хуэдэ щэнхабзэм къыхэтэджыкIами, сыт хуэдэбзэ Iурылъми».
  • «Фестивалыр илъэсипщI щрикъу илъэсым хуэзэ зэпеуэ-гъэлъэгъуэныгъэр Щамым хуэдгъэфэщэну мурад тщIащ, — жеIэ арт-марафоным и къызэгъэпэщакIуэхэм яз, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч. — Гулъытэ хэха еттыну дыхущIэкъуащ Щамым къиIэпхъукIыжауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу сабийхэм. Нарт эпосым нэхъыфIу хащIыкIын, хэлъэт яIэу гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ бгъэдыхьэфу едгъэсэн папщIэ, сабийхэм тхуэнейрэ даIущIащ, мастер-классхэр къызэдгъэпэщурэ. Утыку кърахьа сурэт 80-м щыщу 19-р зэпеуэм щытекIуахэм хагъэхьащ. Щамым щыщ сабииплI Мэзкуу щекIуэкI фестивалым кърагъэблэгъащ. Апхуэдэу Iуэхур фIыуэ къыщыдэхъулIэм, иужьрей зэхыхьэр езы Щам къэралым и щыхьэр Дамаск щедгъэкIуэкIыну мурад тщIащ, хэкум къэкIуэжахэр гъащIэм фIыуэ зэ-рыхэзэгъар абы щыпсэухэм я нэкIэ щалъагъун папщIэ».
  • Арт-марафоным и къызэгъэпэщакIуэ гупым и унафэщI, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, ТIажь Альбинэ и адэ Борис и жэрдэмкIэ, фестивалым хагъэхьащ «Урысейм ис сабийхэр Щамым мамырыгъэкIэ хуохъуапсэ» зи фIэщыгъэ зэпеуэ къудамэщIэри. Абы фIыкIэ къыщыхагъэщахэм ящыщщ илъэс зыбжанэ ипэкIэ, Щамым щекIуэкI зауэм зэрыщIидзэу, хэкум къэIэпхъуэжа унагъуэм щыщ Уэтей Хьэзем. Абы ипэкIэ шыкIэпшынэ еуэкIэрэ уэрэд жыIэкIэкIэ къыхэжаныкIыу, «Зэныбжьэгъугъэм и вагъуэбэ» зэпеуэм и лауреат хъуа щIалэ цIыкIур (и егъэджакIуэхэр — ШэджыхьэщIэ Зурьятрэ Даур Иринэрэщ) къызэрыкIуэж лъандэри щэнхабзэм кIэлъыплъ цIыхубэм фIыуэ ялъагъу. СурэтыщI зэпеуэм, езым зэрыжиIэмкIэ, Хьэзем хэзышар Щамым къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъухэм я Iуэхухэр зезыгъакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Къарэ Ратмирщ. Сабийм и гуапэу къеIуэтэж Сосрыкъуэ къыщигъэлъагъуэу ищIа сурэтыр фестивалым теухуа журналым и жинтым зэрытрагъэувар.
  • «Нобэ хуэдэ дунейм лъэпкъ щхьэхуэм къыхэкIа цIыхум зыщихъумэжыфын папщIэ, «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэр» фестивалым мыхьэнэшхуэ иIэщ, — жеIэ нартхэм я тхыдэр зыдж щIэныгъэлI, Абхъазым ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием  и президент Джапуа Зураб. — Апхуэдэ щIыкIэкIэ нарт эпосым зыхуэбгъэзэныр зэпеуэм хэпщIа сабийхэр я хэкур фIыуэ ялъагъуу къэтэджынымкIэ щхьэпэ мэхъу. Апхуэдэ щхьэусыгъуэкIэ ахэр блэкIари ящымыгъэгъупщэу, нобэрей махуэм зэрыхэувэну щIыкIэми хуэхьэзыру къыдокIуэтей».
  • ХЬЭПЦIЭ  Дисэ.