Аланрэ Сабинэрэ «Артек»-м макIуэ
2019-08-15
- 2019 гъэр ди къэралым щагъэуващ Театрым и илъэсу. Абы ехьэлIауэ къызэрагъэпэща урысейпсо Iуэхугъуэхэм ящыщщ сурэтхэмрэ театр рецензиехэмрэ щагъэлъэгъуа «Театрымрэ сабийхэмрэ-2019» къэралпсо зэпеуэр. Абы и къалэн нэхъыщхьэр къытщIэхъуэ щIэблэр театрым и тхыдэ къулейм, ди лъэпкъ щэнхабзэ щIэиным щыгъуазэ щIынырщ, театр гъуазджэм цIыхухэр нэхъри дегъэхьэхынырщ.
- IыхьитIу зэщхьэщыхауэ екIуэкIа зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр зэфIэкIащ. Абы кърикIуахэм иджыблагъэ хэплъэжащ къэпщытакIуэ гуп хэхар, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин зи пашэр. Абыхэм наIуэ зэращIамкIэ, зэпеуэм хэта псоми я нэхъыфIу къалъытащ Дыджэ Аланрэ АфэщIагъуэ Сабинэрэ зэхьэзэхуэм и утыку ирахьа я лэжьыгъэхэр. Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм сабийхэр гъуазджэм щыхуагъасэу дэт школым, Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэм, и гъэсэн Дыджэ Алан щытекIуащ «Театрым теухуа сурэт» унэтIыныгъэм. ХьэтIохъущыкъуей жылэм КIурашын ТIэхьир и цIэр зэрихьэу дэт курыт школ №1-м и еджакIуэ АфэщIагъуэ Сабинэ и лэжьыгъэр щигъэлъэгъуар «Театрым дытотхыхь» унэтIыныгъэрати, абы и сочиненэр къэпщытакIуэхэм нэхъыфI дыдэу къалъытащ.
- Аланрэ Сабинэрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыбгъэдэкIыу хэтынущ урысейпсо зэпеуэм и кIэух Iыхьэм. Ахэр щыIэнущ Кърымым щылажьэ «Артек» дунейпсо сабий центрым, абы къыщызэрагъэпэщыну театр сменэм хэту.
- Ди республикэм щыщ ныбжьыщIэхэм дохъуэхъу зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэфIымкIэ. Ди щIыналъэр цIэрыIуэ зыщIын текIуэныгъэ куэд дяпэкIи зыIэрагъэхьэну ди гуапэщ.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.