ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къалэ паркыр ягу ирохь

2019-08-15

  • Бахъсэн къалэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыщыIам абы и паркыщIэм еплъахэщ «Урысейм ухуэныгъэмкIэ и министерствэм проектхэмкIэ и дирекцэ» федеральнэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сурманидзе Кемалрэ КъБР-м ухуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ, гъуэгу хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гъэсашэ Жамболэтрэ.

  • Абыхэм мы IуэхущIапIэм проект лэжьыгъэхэр къызэрыщызэгъэпэщар, икIэщIыпIэкIэ зэфIагъэкIын хуейуэ къэна Iуэхухэр къапщытащ.
  • Дызэрыщыгъуазэщи, Бахъсэн къалэм куэд мыщIауэ сом мелуан 85-рэ къыщихьэхуащ къалэ мыинхэм я щытыкIэр егъэфIэкIуэным теухуа проектхэм я урысейпсо зэпеуэм.
  • ХьэщIэхэм ягу ирихьащ Бахъсэндэсхэм а ахъшэр къызэрагъэсэбэпыр, паркым зегъэужьыным и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэхэр къызэрызэгъэпэщар.
  • Балъкъыз Iэминэ.