ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-08-15

  • ШыщхьэуIум и 15, махуэку
  •  Урысейм и Археологым и махуэщ
  •  Кхъухьлъатэ зэпкърызылъхьэм и махуэщ
  •  Тыва Республикэм и махуэщ
  •  Индием и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ

  •  1498 гъэм Италием щыщ хыдзэлI-къэхутакIуэ Колумб Христофор зекIуэ ежьауэ къыздикIухьым Гренадэ хытIыгур къигъуэтащ.
  •  1723 гъэм урысей императорхэм гъэмахуэр щагъэкIуэну я унэ лъапсэр Петергоф къыщызэIуахащ.
  •  1795 гъэм Франджым валютэщIэ — франкыр — щызекIуэу хуежьащ.
  •  1877 гъэм къэхутакIуэ Эдисон Томас япэ дыдэу къыхилъхьащ телефонкIэ псэлъам трубкэр къытезыхам «Алло!» жиIэу зыхуигъэзэныр.
  •  1914 гъэм Панамэ псыдэжыпIэм япэ кхъухьыр дэкIащ.
  •  1945 гъэм маршал Жуков Георгий «ТекIуэныгъэ» орденыр етIуанэу иратащ.
  •  1956 гъэм СССР-м щату хуежьащ Лениным и цIэр зезыхьэ саугъэтыр (Сталиным и цIэр зезыхьэу щытам и пIэкIэ).
  •  1992 гъэм Азербайджаныр валютэщIэм — манатым — хуэкIуащ.
  •  Франджы дзэзешэ, а къэралым и императору щыта Бонапарт Наполеон къызэралъхурэ илъэс 250-рэ ирокъу.
  •  Адыгэ усакIуэ, джэгуакIуэ Теувэж Дзыгъуэ къызэралъхурэ илъэси 164-рэ ирокъу.
  •  Шэрджэсым и япэ егъэджакIуэ, ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжь орденыр зыхуагъэфэща Уэхъутэ Хьэсэн къызэралъхурэ илъэси 120-рэ ирокъу.
  •  ТхакIуэ, офицер КIыщокъуэ Рашид къызэралъхурэ илъэси 112-рэ ирокъу.
  •  Фильм куэдым макъамэ яхуэзытха композитор цIэрыIуэ, РСФСР-м и цIыхубэ артист, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Таривердиев Микаэл къызэралъхурэ илъэс 88-рэ ирокъу.
  •  СурэтыщI, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щхьэцэ Владимир и ныбжьыр илъэс 79-рэ ирокъу.
  •  КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мэкъуауэ Хьэсэн къызэралъхурэ илъэс 78-рэ ирокъу.
  •  СурэтыщI-график, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Горлов Михаил и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу.
  •  ХьэрычэтыщIэ, «Чесико» фирмэм (Москва) и унафэщI Шэрджэс Мухьэрбий и ныбжьыр илъэс 64-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 28 – 31-рэ, жэщым градус 17 – 18 щыхъунущ.
  • ШыщхьэуIум и 16, мэрем
  •  Астронавтикэм и дунейпсо академиер къыщызэрагъэпэща махуэщ. Швецием и къалащхьэ Стокгольм 1960 гъэм шыщхьэуIум и 16-м щызэхэтащ ХI дунейпсо Астронавтикэ конгресс. Абы унафэ къыщащтауэ щытащ а IуэхущIапIэр къызэгъэпэщыным теухуауэ.
  •  Фошыгъу хэлъу гъэва мамкъутым и махуэщ
  •  1896 гъэм Клондайк (Канадэ) щIыпIэм дыщэ куэду зэрыщIэлъыр къахутащ. Ар къыщIахыу къулей ирихъун мурадыр яIэу цIыху минищэ зэрехьэжьауэ щытауэ къыхощыж тхыдэм. А щIыпIэм нэсу дыщэ къэзыгъуэтар миниплI хуэдиз къудейщ. Адрейхэм къагъэзэжащ е гъуэгум щылIащ.
  •  1930 гъэм Дисней Уолт и студием (США) дунейм щыяпэу щытрахащ макъи зыщIэт, щхъуэкIэплъыкIэуи яла мультфильмыр.
  •  1934 гъэм Москва къыщызэIуахащ СССР-м и ТхакIуэхэм я япэ съездыр.
  •  1939 гъэм «Кабардинка» ансамблым концертхэр КъуэкIыпIэ Жыжьэм тын щыщIидзащ.
  •  1941 гъэм СССР-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я командование нэхъыщхьэм и Ставкэм унафэ къыдигъэкIащ советыдзэм къулыкъу щызыщIэхэм бийм езыхэми гъэру зратыну, я Iэщэри Iэрагъэхьэну Iэмал зэримыIэм теухуа унафэр.
  •  1956 гъэм СССР-м унафэ къыщыдэкIащ щIыщIэхэр вэным, абыхэм псы зэрыщIагъэлъадэ кIэнауэхэр щыукъуэдииным теухуа унафэр.
  •  1960 гъэм Кипрыр къэралыгъуэ щхьэхуэ – Кипр Республикэ — зэрыхъуар хэIущIыIу ищIащ.
  •  1960 гъэм Налшык къыщызэIуахащ изобразительнэ гъуазджэмкIэ музей. Абы республикэм щыцIэрыIуэу щыта сурэтыщI, егъэджакIуэ Ткаченкэ А. Л. и цIэр зэрехьэ иджыпсту.
  •  1965 гъэм Урысейм щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ я фэеплъхэр хъумэнымкIэ и зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр къызэрагъэпэщащ.
  •  1976 гъэм къару игъуэтащ псантхуэм егуэуэнкIэ хъуну веществохэр къызэрагъэсэбэп щIыкIэм кIэлъыплъыным хуэгъэза Конвенцэм.
  •  Адыгэ тхакIуэ, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат КIэрашэ Тембот къызэралъхурэ илъэси 117-рэ ирокъу.
  •  Композитор, уэрэджыIакIуэ, КъБР-м, АР-м, УФ-м я цIыхубэ артист Тхьэбысым Умар къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу.
  •  Франджым щыщ киноактёр цIэрыIуэ Ришар Пьер (и цIэ дыдэр — Пьер Ришар Морис Шарль Леопольд Дефей жиIэущ) и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирокъу.
  •  Совет хоккеист, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, олимп чемпион тIэунейрэ хъуа Цыганков Геннадий къызэралъхурэ илъэс 72-рэ ирокъу.
  •  Дуней псом и кинорежиссёр нэхъ лъэщ дыдэхэм хабжэ, зи лэжьыгъэхэм папщIэ саугъэт куэд дыдэ зыхуагъэфэща Кэмерон Джеймс и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу.
  •  Америкэм щыщ уэрэджыIакIуэ, актрисэ цIэрыIуэ Мадоннэ Чикконе и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 — 32-рэ, жэщым градус 21 — 22-рэ щыхъунущ.