Хьэтуей жылэм и щапхъэ
2019-08-15
- Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей жылэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ Къурмэн хьид махуэр. Абы иращIэкIа тхьэлъэIур къызэрагъэпэщащ къуажэ жэмыхьэтымрэ администрацэм и унафэщIымрэ.
- Къуажэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, къыхалъхьэ Iуэхур зэкъуэту зэрырагъэкIуэкIым и щыхьэту нэхъыжьи нэхъыщIи жьыуэ щызэхуэсат тхьэлъэIур щрагъэкIуэкIыну щIыпIэм. Дэтхэнэми къалэн зырыз иIэти, псори хущIэкъурт нэгъэсауэ я пщэрылъыр зэрызэфIагъэкIыным. Ислъам диным и хабзэм тету а щIыпIэм хьид нэмэзри щащIащ.
- ФIэхъус ярихри, къызэхуэсахэм хъуэхъукIэ захуигъэзащ къуажэ администрацэм и унафэщI ДзыхьмыщI Анзор.
- — Къурмэн хьид махуэ лъапIэмкIэ псоми сынывохъуэхъу. Абы и фIыгъуэр фи щхьэкIэ, фи унагъуэкIэ къыфлъысыну си гуапэщ, — жиIащ ДзыхьмыщIым. — Нобэрей гуфIэгъуэр къыддэзыIыгъыну кърихьэлIа псоми фIыщIэ фхузощI. Iуэхум мылъкукIэ къыхыхьахэми ар егъэкIуэкIыным зи гуащIэрэ зи къарурэ хэзылъхьахэми псапэу Тхьэм къывитыж. Жылэ узыншэм и лъабжьэр зэгурыIуэращи, а фIыгъуэр ди къуажэм зэрыдэлъыр нобэ иджыри зэ къэдгъэлъэгъуащ. Дызэкъуэту, дызэдэгушхуэу, дызэдэгуфIэу муслъымэнхэм я махуэ лъапIэр идогъэкIуэкI. Щапхъэ тхуэхъу ди нэхъыжьыфIхэр тхуэузыншэу, щIэблэм я ехъулIэныгъэхэм ди щхьэр лъагэу дигъэлъагъужу, республикэ псом Хьэтуейм и цIэр фIыкIэ къыщраIуэрэ щапхъэ зытрах жылэ махуэ дыхъуну Тхьэм жиIэ!
- Къуажэм и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ БетIрожь Ибрэхьим зэхыхьэм цIыхушхуэ къызэрекIуэлIар гуапэ зэрыщыхъуар къыхигъэщри, тхьэлъэIур махуэ хъуну, етIанэгъэ пIалъэ узыншэу техьэну, гуфIэгъуэ IуэхукIэ иджыри зэхуэс куэд яIэну хъуэхъуащ.
- Лэскэн районым и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Молэмусэ Хьэсетэ япэщIыкIэ район унафэщIхэм къабгъэдэкI хъуэхъур къалъигъэIэсыжри, адэкIэ езым и псалъэхэм къыпищащ:
- — Къуажэ куэдым яхузэфIэкIакъым нобэрей махуэм гуфIэгъуэ зэхыхьэшхуэ иращIэкIыну. ЦIыкIури инри вгъэгушхуэу тхьэлъэIур къефхьэжьащи, абы хъер Тхьэм къыфхудигъакIуэ. Унафэ зыдэлъ, ар зэхуэдэу псоми щагъэзащIэ къуажэ зэпэщу фопсэури, нэхъыфIыж фыхъуну, ехъулIэныгъэщIэхэр фиIэну сынывохъуэхъу.
- ЩIэщыгъуэу икIи нэгузыужьу екIуэкIащ махуэр. ТхьэлъэIум къекIуэлIахэм адыгэ шхыныгъуэхэр зытет Iэнэхэр къыхуаузэдащ. Сабийхэм я нэгу зрагъэужьащ таурыхъ «лIыхъужьхэм», джэгукIэ зэхуэмыдэхэм хэтащ, пщIэншэу IэфIыкIэ, пхъэщхьэмыщхьэ, псы зэмылIэужьыгъуэхэр иратащ.
- ЩIалэгъуалэм жыджэру зыкъыщагъэлъэгъуащ зэхьэзэхуэхэм. Абыхэм я зэфIэкI щызэхагъэкIащ мывэ, ентIыр дзынхэм, кIапсэкIэ зэпекъуным. Зэпеуэхэм щытекIуахэр саугъэтхэмкIэ ягъэпэжащ. Апхуэдэу мывэ, ентIыр дзынхэм япэ увыпIэр щызыубыдахэу БетIрожь Альбертрэ Бесчокъуэ Рэмэзанрэ къамэ зырыз тыгъэ хуащIащ. КIапсэ зэпекъуным Бесчокъуэ Къантемыр и гупым бжьыпэр щызыIэригъэхьащ. Абыхэм саугъэту мэл иратащ.
- Зэхыхьэм и кIэухым ар къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ яхуищIу къэпсэлъащ къуажэм и нэхъыжьыфI Бесчокъуэ Далым.
- — Жылэр фIыкIэ зэхуэзышэс сыт хуэдэ Iуэхури гур хэзыгъахъуэщ, — жиIащ абы. – ГуфIэгъуэкIэ куэдрэ Тхьэм дызэхигъэхьэ. Нэхъыжьхэм ди пщIэр фIэтащ, нэхъыщIэхэр вгъэгушхуащи, тхьэлъэIур къызэзыгъэпэщахэм жэрдэм фщIыр къывэхъулIэу, фи фIыр фхуэбагъуэу фыпсэуну Тхьэм жиIэ!
- ЩхьэщэмыщI Изэ.