Сытым дежи щIэщыгъуэщ тхылъ еджэ цIыхур
2019-08-15
- Къэбэрдей лъэсырызекIуэ уэрамым шыщхьэуIум и 11-м щекIуэкIащ «HomoLectis. Тхылъ еджэ цIыху» зи фIэщыгъэ фестиваль. Ар къызэрагъэпэщащ Тхылъ саугъэт щIыным и махуэм ирихьэлIэу.
- Абы кърихьэлIахэр хэтащ мастер-классхэм, лекцэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Апхуэдэу хьэщIэхэм я гукъыдэжыр къаIэтащ литературэ-макъамэ программэ гъэщIэгъуэнкIэ. ЦIыхухэм зэджа я тхылъхэр къыздахьри, зэхыхьэм кърихьэлIахэм ирахъуэжащ.
- — Мыпхуэдэ фестиваль иджы илъэс ещанэ хъуауэ идогъэкIуэкI. ЩIыналъэм щыпсэу IэпщIэлъапщIэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэрагъэпэщу, усакIуэ, музыкант ныбжьыщIэхэм щаIущIэу щыта фестивалым мы гъэм, нэхъ щIэщыгъуэу къэтлъытэри, хэдгъэхьащ лекцэхэмрэ йогэмрэ, — жаIэ зэхыхьэм и жэрдэмщIакIуэхэм. — Зым и дежкIи щэхукъым Налшык хуэдэ къалэ цIыкIухэр куэдым зэшыгъуэу къызэралъытэр. Абы къыхэкIыу, щIыпIэр зыгъэдахэр, ар щIэщыгъуэ зыщIыр абы щыпсэу цIыхухэр арауэ зэрыщытыр наIуэ ищIынырщ фестивалым и къалэн нэхъыщхьэр. Налшык щыпсэу дэтхэнэ зыми и гъащIэр хуэгъэщIэрэщIэнущ, и Iэр зэтедзауэ щымыс къудеймэ.
- ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Жылагъуэм къыхилъхьэ гукъэкIхэм я «Кавказ Ищхъэрэ» щIыналъэ зэхуаку центрым и унафэщI Магомедовэ Залму. Ар тепсэлъыхьащ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм цIыхубэм я дзыхь зэрырагъэзым ехьэлIауэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэм кърикIуахэм. Къыхэдгъэщынщи, ар ирагъэкIуэкIащ «Медиатор» проектым хыхьэу, Президентым и грантхэм я фондыр и щIэгъэкъуэну.
- — Ди къэхутэныгъэхэм къагъэлъагъуэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыпсэухэм соцсетхэмрэ мессенджерхэмрэ зэман куэд зэрытрагъэкIуадэр — ахэращ иджыпсту хъыбарыщIэр нэхъ псынщIэу къызэрыпхуэщIэ Iэмалхэр. Абы щыгъуэми, къэралым игъэлажьэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэрщ — телевиденэмрэ газет-журналхэмрэщ — дзыхь нэхъ зыхуащIыр, властымрэ къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ я IуэхущIафэхэр нэхъыфIу къэзыгъэлъагъуэу къалъытэр. Абы къегъэув СМИ-р цифровой хъун хуейуэ, къыдэкIыгъуэхэр компьютерхэм къыщагъуэтыфу щытыныр Iэмал зимыIэу, — жиIащ Магомедовэм.
- Фестивалыр къызэрагъэпэщащ Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я Къэбэрдей-Балъкъэр зэгухьэныгъэмрэ «Буква» журналымрэ, Налшык къалэ администрацэм ЩэнхабзэмкIэ и управленэр я щIэгъэкъуэну.
- «HomoLectis. Тхылъ еджэ цIыху» фестивалым ехьэлIа хъыбархэмкIэ жэуап зыхьу щытар Жылагъуэм къыхилъхьэ гукъэкIхэм я «Кавказ Ищхъэрэ» щIыналъэ зэхуаку центрырщ.
- ИСТЭПАН Залинэ.