ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Шэху уэздыгъэу 101-рэ

2019-05-23

  • Кавказ зауэжьыр (1763 — 1864) зэриухрэ илъэси 155-рэ зэрырикъум иращIэкIа дауэдапщэхэм ящыщ зыуэ щытащ Налшык къалэ и ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Хуитыныгъэм и хадэм ит Псэ жыг фэеплъым деж накъыгъэм и 20-м щызэхашар.

  • ЛIэщIыгъуэм щIигъукIэ екIуэкIа зауэм хэкIуэда ди лъэпкъэгъухэр ягу къыщагъэкIыж пшыхьым кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, республикэм граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, пэкIур зэхэшэным зи гуащIэ хэзылъхьахэр, нэгъуэщIхэри.
  • Пшыхьым хуэфащэ макъамэрэ уэрэдхэмрэ щагъэзэщIащ ди республикэм илъэс куэд хъуауэ щыцIэрыIуэ «Шэджэм псыкъелъэхэр» гупым, Бахъсэн щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щызэхэт «Кавказ» ансамблым, «Хьэгъэудж», «Бзабзэ», «Бзэрабзэ» джэгуакIуэ гупхэм хэтхэм, нэгъуэщIхэми.
  • Удэзыхьэхт шыкIэпшынауэ Iэзэ, и адэшхуэ ХьэхъупащIэ Амырхъан и цIи, и унэцIи зезыхьэ артист щIалэм и утыку итыкIэри. Абы иIыгъ Iэмэпсымэм езыр дежьуужурэ къригъэкIа макъамэхэми къызэхуэсахэр ятхьэкъуат.
  • Зэрыщыту къэтщтэнщи, пшыхьыр зэкIэлъыгъэкIуауэ, дахэу екIуэкIащ. ЩагъэзащIэ уэрэдхэм, макъамэхэм уатезэшэн дэнэ къэна, гущыщIэ-гурыщIэу щызыхащIахэм къызэхуэсахэр зылI и быну зэрызэкъуигъэувар я нэхэм къафIыщIэлъадэу яхуэмыгъэпщкIужа нэпсхэм къыуагъащIэу апхуэдэт.
  • Макъамэ зэпэджэжхэмрэ уэрэдыжьхэмрэ апхуэдизу щIэщыгъуэу къытщызыгъэхъуар сыт жыпIэмэ, ахэр гум къикIыу зэ- рагъэзэщIамрэ нобэрей зэманым декIуу абыхэм щIагъэува я «къэIукIэщIэмрэт».
  • Утыкум щыжаIа уэрэдыжьхэм къахэщырт икIи къызэхуэсахэм, шэч хэмылъу, ягу ирихьащ къыхадза едзыгъуэхэм пкъралъхьа гупсысэр макъ лъэщкIэ цIыхухэм я гум нэзыхьэсыфа, «Бахъсэн» гупым хэт БатIитIэ Мухьэмэдрэ «Шэджэм псыкъелъэхэр» ансамблым и уэрэджыIакIуэ пажэ Молай Алихъанрэ я гъэзэщIэкIэр. Ауэ, итIани, сэ къызэрыслъытэмкIэ, псори дызэзышэлIэж гупсысэр къызэхуэсахэм нэхъ захезыгъэщIар «Бзэрабзэ» гупыр и гъусэу макъ лъэщкIэ уэрэдыщIэхэр жызыIа, иужь зэманым ди республикэм цIэрыIуэ щыхъуа ДыщэкI Артурщ.
  • Псэ жыг фэеплъым и дэкIуеипIэхэм «Илъэси 101-рэ» псалъэхэр къикIыу, зауэр зэрекIуэкIа илъэс бжыгъэхэр къагъэлъагъуэу, трагъэува шэху уэздыгъэхэр зэхуэсым и етIуанэ Iыхьэм пагъэнащ. Пшапэ зэхэуэгъуэм яубла а Iуэху телъыджэм, гукъинэжым пшыхьым къыщызэхуэсахэм ящыщу, зэрыжаIэу, цIыкIуи ини, хулъ- хугъи бзылъхугъи, къулыкъущIи, цIыху къызэрыгуэкIи хэтащ.
  • «Нарт Хэку» щIалэгъуалэ хасэм и унафэщI Ащхъуэт Анзор щыгъуазэ дызэрищIамкIэ, а пщыхьэщхьэм Псэ жыг фэеплъым и щIыбагъым деж щызэфIащIа лэгъупыIэмпIэхэмкIэ ягъэуа жьэрымэмрэ ерыскъы гурыхьхэмкIэ хагъэщхьэжащ а махуэм нэщI зыIыгъахэр, сабийуэ кърихьэлIахэри ягъэш-хащ.
  • Пшапэ зэхэуэгъуэм цIыхухэр кIуэ пэтми нэхъыбэж хъууэ, ихъуреягъкIэ зэщIагъэлыда мафIэ цIу цIыкIухэм ди нэхэр теплъызэрэ къыкIэлъыкIуэ илъэсми, Тхьэм жиIэмэ, мыбдежым мыпхуэдэ Iуэху зэрыщекIуэкIынум дегупсысурэ, Псэ жыг фэеплъым дыкъыIукIыжащ.
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.
  • Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.