Гузэвэгъуэшхуэм и лIэщIыгъуэ
2019-05-23
- ЦIыхум и Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр зэрызэрыубыдым хуэдэу, зэгуэр адыгэ лъэпкъым и лIакъуэ 12-ри зэнэзэпсэу псэуащ. Урыс пащтыхьыгъуэм кърищIэкIа зауэм ахэр илъэси 101-кIэ (1763 — 1864) пэщIэтащ, тхыдэджхэм къызэралъытэмкIи, апхуэдиз хьэзаб зышэчыфа нэгъуэщI лъэпкъ щыIэкъым. Зауэм лъэпкъыр зэбгридзри, дунейм трикъухьыжащ. Абыи емылъытауэ, нобэ, илъэси 155-рэ дэкIыжа нэужьи, адыгэм и щIэблэр дунейм дытетщ. «ШэрджэскIэ» зэджэу щыIа къэралыгъуэшхуэр ди нэгу къыщIыдогъэхьэ, ди лъэпкъ уардэм и фэеплъу.
- Накъыгъэм и 21-р Адыгэхэм я фэеплъ махуэщ. Ди япэ итахэм я лIыгъэмрэ зэфIэкIымрэ ирипагэми, а махуэм адыгэу дуней псом тетыр нэщхъейщ. Гъэ къэс Налшык къалэми республикэм и районхэми дауэдапщэхэр щокIуэкI, Кавказ зауэжьыр гузэвэгъуэшхуэкIэ зэриухам теухуауэ. Мы гъэми Адыгэхэм я фэеплъ махуэм Налшык и уэрам нэхъыщхьэм шууей 200-м нэблагъэ ирикIуащ. Абыхэм я ужьым адыгэ фащэхэр къащылыдыкIыу итащ, лъэпкъ ныпымрэ «Адыгэ Хэку», «Черкесия» псалъэхэр зытет щэкIхэмрэ яукъуэдияуэ зыIыгъа щIалэгъуалэр.
- ЦIыкIури инри псори зэгъусэу екIуэлIащ Псэ жыг фэеплъым. КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэрыхагъэщамкIэ, абдеж щекIуэкIа пэкIум цIыху мини 3-м нэблагъэ хэтащ. Мы Iуэхум зыкърагъэхьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Правительствэм хэтхэм, КъБР-м и Парламентым и депутатхэм, жылагъуэ лэжьакIуэхэм, лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм я лэжьакIуэхэм, нэхъыжьхэмрэ щIалэгъуалэмрэ.
- ПэкIур иригъэкIуэкIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, къызэхуэсахэм защыхуигъазэм, жиIащ адыгэу дунейм тетыр а махуэм зэгъусэу зэрыщыгъуэр.
- — Нобэ илъэси 155-рэ мэхъу Кавказ зауэр зэриухрэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, тхыдэм и мащIэкъым цIыхубэр зыгъэгулэза зауэхэр. Ауэ Кавказ зауэр нэхъ кIыхь дыдэхэм ящыщщ, абы лъыуэ щагъэжар уи нэгу къыщIэбгъэхьэну шынагъуэщ, — пищащ Сэхъурокъуэм. — Зэманыр кIуэми, лъэпкъым и блэкIар зэи щыгъупщэнукъым. Нобэ адыгэхэр щыхэхэс хамэ къэралхэми мы Iуэхум теухуа дауэдапщэхэр щокIуэкI. А зэхуэсхэм нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщхэри йокIуалIэ, ди Iуэхур къыддаIыгъыу. Кавказ зауэм цIыхуи 10-м щыщу 9-р е хэкIуэдащ, е лъахэм ирагъэкIауэ щытащ. Адыгэ жылэ щэ бжыгъэхэр нобэ щыIэжкъым. Урысей Федерацэм адыгэу мин 700-м нэблагъэ фIэкIа щымыпсэуми, къэрал зэмылIэужьыгъуэ куэдым ди лъэпкъэгъу мелуани 8-м щIигъу щыIэщ. Абыхэм я щхьэм кърикIуар ящIэж, арщхьэкIэ мыдзыхэу а здэщыIэ щIыпIэхэм ехъулIэныгъэхэр къыщагъэлъагъуэ, жылагъуэ-политикэ Iуэхухэм жыджэру хэтщ. Ауэ нэхъыщхьэр ди бзэмрэ щэнхабзэмрэ тхъумэныр зыщыдмыгъэгъупщэнырщ. Иужьрей илъэсхэм я Хэкум къагъэзэжащ ди лъэпкъэгъу мини 3-м щIигъум. ЗэрытхузэфIэкIкIэ щIэгъэкъуэн дахуохъу Сирием къикIыжахэм. Ди еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIалэгъуалэр щIыдогъэтIысхьэ, Тыркум, Иорданием, Сирием щыпсэу адыгэхэм я бынхэр гъэ къэс къатшэурэ Хэкум зыщагъэпсэху. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр нэхъри едгъэфIэкIуэн хуейуэ къызолъытэ. Сыт хуэдэ зауэми и кIэр хьэдагъэщ. Лъэпкъхэмрэ абыхэм я пашэхэмрэ я Iущагъыр зрахьэлIапхъэр цIыхум и псэм гузэвэгъуэ тезылъхьэ апхуэдэ зэныкъуэкъухэр зэи къэмыгъэхъунырщ. Ди тхыдэм дерс къыхэтхын хуейщ, щIалэгъуалэм захузогъазэ, я блэкIар зыщамыгъэгъупщэну, ижь-ижьыж лъандэрэ къыддэгъуэгурыкIуэ ди хабзэхэр яхъумэну.
- Сыхьэт 12:00-м дунейм адыгэу тетыр дакъикъэкIэ щыгъуащ, Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу. Удз гъэгъахэр Псэ жыгым тралъхьа нэужь, пэкIум къыщыпсэлъащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIым и къуэдзэ Аттаев Жэмал. Нэхъыжьым къыхигъэщащ Кавказ зауэм адыгэм хэщIыныгъэшхуэ зэрыхихар. «Уи гур мыузу укъеджэфыркъым а зэманым лъэпкъым илъэгъуа гузэвэгъуэр къыщаIуэтэжа тхыгъэхэм, укъагъаскIэ а илъэсхэм яуса уэрэдыжьхэр щызэхэпхкIэ. БлэкIам сыт щыгъуи уегъэIущ. Нобэ мы Iуэхум зыкърагъэхьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщхэми. Абы къигъэлъагъуэу къысщохъу лъэпкъхэр дызэрызэкъуэтыр. Сыхуейт адэкIи зы унагъуэм хуэдэу, ди гугъуехьри гуфIэгъуэри зэдэдгуэшу дызэдэгъуэгурыкIуэну», — жиIащ Аттаевым.
- — Адыгэхэр, балъкъэрхэр, урысхэр куэд щIауэ къызэдокIуэкI, зым адрейм пщIэ хуищIу. Ди япэ итахэм я фэеплъыр нэхъ лъапIэ дыдэ щыхъунур ди щIыналъэр едгъэфIакIуэу, мамырыгъэмрэ зэгурыIуэмрэ абы щытхъумэу дызэдэпсэумэщ. Ди щхьэр яхудогъэщхъ Кавказ зауэм хэкIуэдахэм, — жиIащ республикэм и муниципальэ щIыналъэхэм я советым и зэгухьэныгъэм и унафэщI Маслов Николай.
- Илъэси 101-кIэ екIуэкIа зауэм Хэкум иса адыгэхэм я нэхъыбапIэр хэкIуэдащ. ЦIыху мин 500-м щIигъу къыщыхутащ Уэсмэн къэралыгъуэм. Тхыдэр тщымыгъупщэу, ди нобэмрэ пщэдеймрэ дытелажьэу, едгъэфIакIуэу дыпсэумэщ къэтпсэлъми тщIэми мыхьэнэ щиIэнур.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.