ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIэблэр лъэпкъ тхыдэм щIапIыкI

2019-05-23

  • Кавказ зауэжьыр зэриухрэ илъэси 155-рэ щрикъум теухуауэ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм зэIущIэ гукъинэж щекIуэкIащ. Адыгэхэм я Щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу ар къызэригъэпэщащ икIи иригъэкIуэкIащ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ нэхъыжь Безыр Ленэ.

  • Библиотекэм и къудамэм и унафэщI Гергоковэ Лейлэ зэхыхьэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм адыгэ лъэпкъым гузэвэгъуэ, хэщIыныгъэ куэд къызэрыхуихьар, цIыхухэм, гъунэгъу лъэпкъхэм пщIэ яхуэзыщIу, яхуэгуапэу къадекIуэкI лъэпкъыр и щхьэхуитыныгъэмрэ и Хэкумрэ зэрихъумэжыным дапщэщи зэрыхущIэкъур. Гергоковэм щIэблэр къыхуриджащ тхыдэм и напэкIуэцI гузэвэгъуэхэр зыщамыгъэгъупщэну, апхуэдэ нэщхъеягъуэм къытримыгъэзэжын папщIэ блэкIам дерс къыхахыну. Зэхыхьэм хэтхэр Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэдахэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ.
  • ЗэIущIэр щекIуэкI пэшым щагъэуват зауэ гущIэгъуншэм и лъэужьхэр къызыхэщ тхылъ дапхъэ. Абы хагъэхьа лэжьыгъэхэм тепсэлъыхьащ Безыр Ленэ. Апхуэдэхэт а зауэм къытхуихьа гузэвэгъуэшхуэр къызыхэщыж художественнэ тхыгъэхэр щызэхуэхьэса, адыгэхэмрэ ахэр щыпсэу щIыналъэмрэ ятеухуауэ зыплъыхьакIуэхэм ялъагъуу ятхыжахэр, адыгэхэр дуней псом зэрыщикъухьар къыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэхэр, дэфтэр хъумапIэхэм къыхахыжа тхыгъэхэр зи лъабжьэ къыдэкIыгъуэхэр. Тхылъ гъэлъэгъуэныгъэм щыплъагъурт Къумыкъу Тыгъуэн, ШинкIубэ Бэгърат, МафIэдз Сэрэбий, КIыщокъуэ Алим, IутIыж Борис, Дзэмыхь Къасболэт, Емуз Анатолэ, Бейтыгъуэн Сэфарбий, Касумов Алий, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ, нэгъуэщIхэми я лэжьыгъэ щхьэпэхэр.
  • Кавказ зауэжьым кърикIуа насыпыншагъэм, апхуэдэуи гузэвэгъуэмрэ гугъуехьхэмрэ къызэранэкIыу лъэпкъым и жьэгур Хэкум зэрыщахъумэжам, щыгъуэ-
  • щIэж махуэм теухуа «Тхыдэм и дерсхэр: Кавказ зауэр» нэтын купщIафIэр ягъэлъэгъуащ. КърихьэлIахэм ягу ирихьащ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и магистратурэм щеджэ Мэртыкъуэ Эдуард Урыс-Кавказ зауэм теухуауэ къызэджа и усэр. ЗэIущIэм гукъинэжу зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэхъун (курыт еджапIэ №2), Кэнжэ (курыт еджапIэ №20) къуажэхэм къикIа цIыкIухэм. НыбжьыщIэхэр зауэм теухуа усэхэм къеджащ, кърихьэлIахэм я нэпс кърагъакIуэу. Урыс-Кавказ зауэм теухуауэ абыхэм утыку щагъэлъэгъуа теплъэгъуэхэм уи нэгу къыщIагъэхьэрт ар къулейсызыгъэкIэ, насыпыншагъэкIэ гъэнщIауэ зэрыщытар. Лъэпкъым щыщу къэнар зымащIэт. Хэти яукIащ е хы ФIыцIэм хэкIуэдащ, хэти мэжэщIалIагъэмрэ уз бзаджэмрэ яхьащ, зи псэр Тыркум нэзыхьэсахэми я дунейр щIагъуэ зэрымыхъуари абы къыхэщырт.
  • — Адыгэхэм ди Щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу зэхыхьэ щхьэпэхэр, хабзэ хъуауэ, ди школым щыдогъэкIуэкI. ЛIэщIыгъуэрэ ныкъуэм щIигъу дэкIыжами, а зауэжьым лъэпкъым къытхуихьа гузэвэгъуэм и лъэужьыр иджыри гъущакъым. Хамэ къэралхэм щыпсэу ди хэкуэгъухэм ящыщхэр ди щIыналъэм къызэрыIэпхъуэжыр гуапэ тщохъу, дызэкIэлъокIуэ, — жиIащ Къэхъун къуажэм и курыт школ №2-м тхыдэмкIэ щезыгъаджэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Шыбзыхъуэ Хъэмсинэ. — Урыс-Кавказ зауэм и пэжыр къыщыгъэлъэгъуэжа тхылъхэр я Iэдакъэ къыщIэкIащ Къумыкъу Тыгъуэн, Касумов Алий, МэшбащIэ Исхьэкъ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ, нэгъуэщIхэми. «Адыгэ псалъэ» газетым илъэс куэд хъуауэ щыгъуазэ дещI хамэ къэралхэм щыпсэу ди хэкуэгъухэм я псэукIэм, щыIэкIэм, гугъапIэхэм. Ди еджакIуэ цIыкIухэр къызэджэну усэхэри а газетым и къыдэкIыгъуэхэм ящыщхэрщ къызэрытхар.
  • Къэхъун къуажэм и курыт еджапIэ №2-м и унафэщI Джатокъуэ Хьэуелэ пшыхьым зыкъыщызыгъэлъэгъуа еджакIуэхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ, фIыщIэ яхуищIащ екIуу, гум дыхьэу тхыдэм щыщ Iыхьэхэр къызэрагъэлъэгъуэжам папщIэ.
  • Кэнжэ къуажэм и курыт еджапIэ №20-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ МахуэлI Ларисэ жиIащ гузэвэгъуэ куэд зи нэгу щIэкIа адыгэхэм къакIуа гъуэгуанэм теухуа зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр я деж къызэрыщызэрагъэпэщыр, я щIэблэр блэкIам зэрыщагъэгъуазэр. Абы ныбжьыщIэхэм захуигъэзащ апхуэдэ гузэвэгъуэ зэи ямылъагъуну, жыджэру, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэу зыкъагъэлъэгъуэну, дяпэкIэ лъэпкъыр ефIэкIуэну, зиужьыну.
  • Безыр Ленэ зэIущIэм кърихьэлIахэмрэ абы жыджэру хэтахэмрэ фIыщIэ яхуищIащ, лъэпкъым и щхьэ кърикIуа гуауэм хуэдэ зэи я нэгу щIэмыкIынуи ехъуэхъуащ.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.
  • Сурэтыр Къарей  Элинэ трихащ.