ЩIыналъэр зэрыгушхуэ Чэтбий Мадинэ
2019-03-19
- Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыгушхуэ, зи щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ республикэм и зыужьыныгъэм хуэзыгъэпс щIалэгъуалэ ди мащIэкъым. Апхуэдэщ иджыблагъэ Налшык щрагъэкIуэкIа «ЛъагапIэщIэ» зэпеуэм пашэ щыхъуа Чэтбий Мадинэ.
- Налшык къалэм и курыт еджапIэ №2-р 2002 гъэм ехъулIэныгъэкIэ къиухащ Мадинэ икIи а илъэс дыдэм КъБКъУ-м юрист IэщIагъэ щрагъэгъуэт и факультетым щIэтIысхьащ. 2007 гъэм еджапIэ нэхъыщхьэр диплом плъыжькIэ къиухащ Чэтбийм икIи «Налшык» бизнесклубым юрисконсульту лэжьэн щыщIидзащ. Абы илъэситхукIэ щыIащ Мадинэ икIи и щIэныгъэр, зэфIэкIыр къалъытэри, унафэщI къулыкъури дзыхь къыхуащIащ.
- 2014 гъэм къыщыщIэдзауэ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэм и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэщ Чэтбий Мадинэ. Абы и лэжьыгъэр зытеухуар хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнырщ, хабзэр къызэпемыгъэудыным теухуа чэнджэщхэр етынырщ, езыхэм къехьэлIа мардэправовой актхэм я положенэхэр ягуригъэIуэнырщ. Апхуэдэу хьэрычэтыщIэхэм я проектхэр къепщытэ, егъэджэныгъэ семинархэр къахузэрегъэпэщ, къэрал властым и органхэмрэ щIыпIэ самоуправленэм щыщхэмрэ Iуэхум къыхишэу. КъищынэмыщIауэ, Мадинэ жыджэру хэтщ щIыналъэм и хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымрэ хабзэр къызэпемыгъэудынымрэ зи Iуэхур хуэунэтIа органхэм, республикэм и прокуратурэм я жылагъуэ-чэнджэщакIуэ советхэм я лэжьыгъэм.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу щIэныгъэм, спортым, гъуазджэм, хьэрычэт Iуэхум къыхэжаныкIа щIалэгъуалэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я пашэхэмрэ унафэщIхэмрэ папщIэ 2009 гъэм Москва къыщызэрагъэпэща «Прорыв» зэхыхьэм ди республикэм и лIыкIуэу хэта цIыху 35-м ящыщщ Мадинэ. А зэхуэсым зыкъригъэхьэлIат а зэманым УФ-м и Президенту щыта Медведев Дмитрий. Апхуэдэу, нэгъабэ КъБР-м щрагъэкIуэкIа, «ЛъагапIэщIэ» зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэми Чэтбий Мадинэ пашэ щыхъуащ икIи КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ ар хагъэхьащ республикэм и унафэщI къулыкъухэм бгъэув хъуну къалъытахэм.
- — «ЛъагапIэщIэ» зэхьэзэхуэм сыщIыхыхьа щхьэусыгъуэхэм ящыщщ си зэфIэкIхэр къэспщытэжыну сыхущIэкъуныр. Си ехъулIэныгъэхэр зыхуэдэр зэзгъэщIэнымкIэ ар IэмалыфIт икIи, пэжыр жыпIэмэ, зэпеуэм и къэпщытакIуэхэм ахэр къызэралъытэнур сфIэгъэщIэгъуэнт, — жеIэ хъыджэбз акъылыфIэм. — Къыхэсха унэтIыныгъэм фIы дыдэу хэсщIыкI сыхъуным, ди щIыналъэм хьэрычэт Iуэхум зыщезгъэужьыным сытолажьэ. Республикэр езгъэфIэкIуэным си къарумрэ зэфIэкIымрэ дяпэкIи есхьэлIэну си мурадщ.
- КъулыкъущIэм хьэл-щэн дахэхэр хэлъын, и пщэрылъхэм, къыхуащIа дзыхьым жэуаплыныгъэ иIэу бгъэдыхьэн, къэралымрэ цIыху щхьэхуэхэмрэ зыхущIэкъухэр зэгурыIуэ яку дэлъу зэфIихын, а псом къадэкIуэу, и IэщIагъэм фIыуэ хищIыкIын, и щIэныгъэм зэпымыууэ хигъэхъуэн хуейуэ къелъытэ Чэтбийм. И ехъулIэныгъэхэр зи фIыгъэу Мадинэ къилъытэр япэ ита нэхъыжьхэм лэжьыгъэр фIыуэ зэрырагъэлъэгъуарщ, и мурадхэр зригъэхъулIэным зэрыхуагъэсарщ, цIыхухэм пщIэ яхуищIу, хуэныкъуэм дэIэпыкъуу къызэрагъэхъуарщ. АбыкIэ щапхъэт Хэку зауэшхуэм тIасхъэщIэхыу хэта, ТекIуэныгъэ Иным Прагэ щыIущIа и адэшхуэ Чэтбий Жэмал. Апхуэдэу пхъурылъхур куэдым хурагъэджащ егъэджакIуэу щыта и адэшхуэ-анэшхуэхэу Нэхущхэ Лиуанрэ Валентинэрэ.
- — Си анэшхуэр цIыхубэ егъэджэныгъэм и отличникт, лэжьыгъэм и ветерант, ЕгъэджакIуэхэм я союзпсо съездым и лIыкIуэт. Абы къыхилъхьэри, япэ космонавт Гагарин Юрий егъэджакIуэхэм къаIущIауэ щытащ. Си адэшхуэ-анэшхуэхэм я псалъэхэмрэ IуэхущIафэхэмрэ си гъуазэщ, — жеIэ Мадинэ.
- Ди жагъуэ зэрыхъущи, къэралыр ефIэкIуэныр зымыгъэкIуатэ Iуэхугъуэхэр ди мащIэкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, и Iуэху зэIумыбзхэм ящыщу Чэтбийм къелъытэ лэжьапIэншэхэр ди деж зэрыщыкуэдыр, лэжьапщIэр зэрыщымащIэр, хьэпшыпхэмрэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ я уасэхэр щыхэхъуэкIэ, псэукIэм и фIагъыр зэрехуэхыр. Аращ лэжьэну нэгъуэщI щIыпIэхэм щIалэгъуалэ куэд щIэIэпхъуэм, языныкъуэхэм къыщIамыгъэзэжым и щхьэусыгъуэр. ЩIыналъэм ис цIыху бжыгъэр мащIэ зэрыхъур зэран хуохъу демографиеми. Абы и IуэхукIэ Мадинэ хэкIыпIэу къигъэлъагъуэр республикэм и хьэрычэтыщIэхэм ядэIэпыкъунырщ, туризмэм, цIыхухэм я узыншагъэр хъумэным щIыпIэм зыщегъэужьыным гулъытэ нэхъыбэ хуэщIынырщ. Ахэр икIэщIыпIэкIэ щIыналъэм зригъэхъулIэфмэ, быдэу и фIэщ мэхъу IэнатIэ Iутхэм я бжыгъэм пIалъэ кIэщIым къриубыдэу хухэгъэхъуэну.
- — Республикэм хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ зыщегъэужьынри Iуэху нэхъ гугъухэм ящыщу къонэж. ХьэрычэтыщIэхэм я бжыгъэм хэхъуэныр куэдым къелъахъэ.Апхуэдэщ налогыр зэрылъагэр, кредитым процент куэд зэрыщхьэщатыкIыр, — къегъэлъагъуэ Мадинэ. — Республикэм езым къыщIигъэкI продукцэхэм зэрызримыгъэужьри щIыналъэм и Iуэху зэIумыбзхэм ящыщщ. АбыкIэ IэмалыфIщ инвестицэхэр къешэлIэныр, технологиещIэхэр къэгъэсэбэпыныр, налогыр гъэмэщIэныр, къэрал дэIэпыкъуныгъэр.
- И лэжьыгъэм къыдэкIуэу, Мадинэ и гъащIэм увыпIэфI щиIыгъщ ар пасэу дэзыхьэха спортым. Чэтбийр УФ-м волейболымкIэ спортым и мастерщ. «Лэжьыгъэмрэ зыхъумэжыныгъэмрэ сахуэхьэзырщ» урысейпсо физкультурэ-спорт комплексым къигъэувахэр къызыхуэтыншэу игъэзэщIащ икIи абы и дыщэ дамыгъэр къыхуагъэфэщащ. Мадинэ къелъытэ лэжьыгъэм куэд щызригъэхъулIэнымкIэ спортри сэбэп къыхуэхъуу.
- Республикэм, къэралым я къэкIуэнур зэлъыта, къызыхэкIам хуэфащэ щIалэгъуалэ жыджэрхэм ящыщ Чэтбий Мадинэ адэкIи зиузэщIыну, и Iущагъри зэфIэкIри щIыналъэм хуигъэлэжьэну ди гуапэщ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.