ЩIэблэ узыншэ къащIохъуэ
2019-03-19
- Иджыблагъэ Иркутск щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс 21-м нэмысахэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы къигъэлъэгъуащ ди лъахэгъу Олимп чемпионхэу Къардэн Муратрэ Хъущт Аслъэнбэчрэ, дуней псом щэнейрэ щытекIуа Махуэ Билал сымэ я щапхъэм ирикIуэ щIэблэ узыншэ республикэм зэриIэр.
- Иркутск щекIуэкIа зэхьэзэхуэм къызэхуишэсат алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къэралым щынэхъыфIхэр, зи ныбжьыр илъэс 21-м нэмысахэр. Я хьэлъагъ елъытауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм ящыщу тхур абы и финалхэм щыбэнащ.
- Ди республикэм и бэнакIуэхэм псом хуэмыдэу тепщэныгъэр щаIыгъащ нэхъ хьэлъэ дыдэхэм я зэпеуэм. Я хьэрхуэрэгъу псоми ефIэкIри, килограмми 130-м нэс зи хьэлъагъхэм я кIэух зэIущIэм щызэпэщIэуват Щад Уэсмэнрэ ЩхьэщэмыщI Рэмэзанрэ. А тIум я къарукIи зэфIэкIкIи зэрагъэхь щыIэтэкъыми, ерыщу зэныкъуэкъуащ. ИкIэм-икIэжым, Щадыр текIуащ икIи дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ. ЩхьэщэмыщIым дыжьыныр лъысащ. А гупым ещанэ увыпIэр щызыубыдари ди лъахэгъущ. Ар КIэмпIарэ Муратщ. Шэч хэлъкъым а щIалэхэр мыгувэу балигъхэм я дежи лъэ быдэкIэ зэрыщыувынум.
- Килограмм 82-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм и финалми щызэхуэзар Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэращ. Псэун Станиславрэ Гъуэныбэ Iэуесрэ я зэпэщIэтыныгъэм сыт хуэдэ зэхьэзэхуэри игъэдэхэфынут. Апхуэдэу щыт пэтми, тIум языр текIуэн хуейт. ЗэкIэ зи насып нэхъ къикIар Псэунращ. Гъуэныбэм дыжьын медалыр Iэрыхьащ.
- Гъэужьей Iэдэми Иркутск щекIуэкIа зэхьэзэхуэм текIуэныгъэр къыщихьащ. Килограмм 63-м нэс зи хьэлъагъхэм я кIэух зэIущIэм абы щыхигъэщIащ Шэшэным икIа Амаев Абу-Муслъим.
- ЗэкIэ жэз медалымкIэ арэзы хъуащ Къэрэгъул Анзор. Ар щыбэна килограмм 60-м нэблагъэхэм я зэпеуэм здынэсыфар «финал цIыкIуращ» икIи, абы щытекIуэри, ещанэ увыпIэр иубыдащ.
- Хьэтау Ислъам.