ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIэныгъэлIым и гъуэгуанэ

2019-02-14

  • Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор Малкандуев Хьэмид
  • и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу
  • «ЦIыхуфIыр псоми къахыбоцIыхукI. Ар сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэщ икIи пщIэ зиIэщ. Кхъухьым къулыкъу щищIэн щыщIидза япэ махуэм щегъэжьауэ, Хьэмид дзэ техникэм егугъуу зыщигъэгъуэзащ. Къапщтэмэ, ар ныбжьэгъу пэжу, IэщIагъэлI Iэзэу къыщIэкIащ, и щхьэми и къаруми щымысхьыжу, ерыщу. Уеблэмэ щIалэр хагъэхьащ «Александр Невский» крейсерым и комсомол гупым и комитетым.

  • ЗэрыжытIащи, къулыкъу здищIэм ныбжьэгъур щикуэдщ Хьэмид. Псом хуэмыдэу Москва къэрал университетым, хыдзэлIхэр здрагъэблэгъа еджапIэм. Ар къыщIыхэдгъэщырщи, ардыдэм, щIэныгъэм и курыхыр къыщаху- тэ уардэунэм, абы къыщратащ МГУ-м и ЩIыхь тхылъыр.
  • Матрос нэхъыжь Малкандуев Хьэмид и къулыкъур ехъулIэныгъэ иIэу зэрырихьэкIым папщIэ, и чэзур къэмысауэ зыгъэпсэхуакIуэ къаутIыпщащ. КъэкIуэжащ Гундэлэн — и адэ-анэм къацIыхужакъым ар занщIэу, лIыпIэ иува, зи бгъэгум Дзэ-Тенджыз флотым и отличникым и дамыгъэр зыхэлъ щIалэ Iэчлъэчыр. Махуэ 45-рэ къратами, зэманыр псынщIэу блэлъэтащ. И къулыкъум пэрыхьэжын хуейщ. Хуей къудей мыхъуу, езыри уеблэмэ хуэзэшащ кхъухьым, хым, и ныбжьэгъухэм.
  • «Александр Невский» кхъухьыр хым техьащи, и щIыбагъымкIэ къыщигъанэ тхъурымбэм лъа- гъуэ хрегъэш. Набдзэгубдзаплъэщ икIи сакъщ абы зи къулыкъур щезыхьэкI, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалэ къызэрыгуэкI Малкандуев Хьэмиди».
  • Нэхъ пасэу газетым щатхауэ щыта мыпхуэдэ пычыгъуэм къегъэлъагъуэ «ЩIыщIэхэр къэIэтыным хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIам папщIэ», «Лэжьыгъэм и ветеран» медалхэр зыхуагъэфэща, жылапхъэхэр егъэфIэкIуэнымкIэ зригъэхъулIахэм папщIэ «Гордость республики» тхылъым зи цIэр иратха, мазаем и 13-м зи ныбжьыр илъэс 80 ирикъуа Малкандуев Хьэмид и гъуэгуанэм щIэдзапIэ хуэхъуар.
  • Курыт еджапIэр 1955 гъэм къиуха нэужь, ар щIэтIысхьащ Шымкентмэкъумэш техникумым. КъыкIэлъыкIуэу 1959 гъэм къиухащ Налшык дэт мэкъумэш еджапIэри. ИщхьэкIэ къызэрыхэщащи, Дзэ — Тенджыз флотым (Ищхъэрэ флот) Хьэмид илъэсиплIкIэ къулыкъу щищIащ. А зэманым абы къиухащ Ищхъэрэ флотым и кхъухьхэм я управленэм и парт школыр. Баренцевэ тенджызымрэ «Алек- сандр Невский» кхъухьымрэ унэ етIуанэ зыхуэхъуа Хьэмид зэман кIэщIым къриубыдэу ехъулIэныгъэхэр къигъэлъэгъуат: илъэсрэ ныкъуэкIэ ар «хыдзэлI нэхъыжь» цIэм нэсащ, иужьым комсомол зэгухьэныгъэми я пашэ ящIащ щIалэр. Къыхэгъэщыпхъэу къыщIэкIынщ «Александр Невский» крейсерыр (цIыху 1200-м къулыкъу щащIэрт абы) дзэ подразделенэ нэхъ лъэщхэм ящыщу зэрыщытар. Хьэмид офицер хъуауэ и къулыкъур къиухащ.
  • 1963 гъэм Тимирязевым и цIэр зезыхьэ Москва мэкъумэш академием щIэтIысхьащ, 1968 — 1987 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш опытнэ станцым жылапхъэхэм щелэжь и лабораторэм и унафэщIу лэжьащ Малкандуевыр. 1982 гъэм абы къиухащ СССР-м и МСХ-м мэкъумэш IэнатIэмкIэ и управленэм и Школ нэхъыщхьэр икIи 1986 гъэм щегъэжьауэ зи гугъу тщIа опытнэ станцым и унафэщIым щIэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэу щытащ илъэс 15-кIэ. 2007 гъэм къыщыщIэдзауэ Хьэмид лэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш IэнатIэмкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым жылапхъэхэр егъэфIэкIуэным щелэжь и лабораторэм и унафэщIу. 1975 гъэм опытнэ станцым щылажьэу, Малкандуевым и кандидат лэжьыгъэр — «Къэбэрдей-Балъкъэрым бжьы-
  • хьэм трасэ гуэдз лIэужьыгъуэщIэхэм щелэжьыным епха Iуэхухэр» — пхигъэкIащ.
  • Илъэс 27-кIэ Малкандуевыр зэлэжьа щIэныгъэ къэхутэныгъэ-хэм къарикIуащ абы и доктор лэжьыгъэр игъэхьэзырыныр (ар 1998 гъэм пхигъэкIащ).
  • ЦIыху къэс езым и гъуэгуанэ хешыж, ауэ Хьэмид и адэ Алийрэ и анэ Зэхьирэтрэ я къуиплIыр зэпымыууэ зыхуаущия Хэку лъагъуныгъэм, гуапагъэ лэжьыным тетыным сыт щыгъуи хущIэкъуащ. Зэкъуэшхэм я адэ-анэр арэзы ящIын яхузэфIэкIащ: Ахъмэт механизатор Iэзэ хъуащ, Исмэхьил инженер нэхъыщхьэу «Эльбрусский» совхозым щыIащ, нэхъыщIэ Сэлихь Тэрч районым щызэхэта «Новая Балкария» совхозым илъэс зыбжанэкIэ щылэжьа нэужь, Хьэмид хуэдэу щIэныгъэм зритыжащ.
  • Хьэмид щIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ. Абы и япэ гъэсакIуэ Шатилов Иван (Темирязевым и цIэр зезыхьэ Москва Мэкъумэш академием и академик) мы псалъэхэр щыжиIэм, щыуатэкъым: «Малкандуев Хьэмид щIэныгъэм къыщIыхыхьар цIэ лъагэхэм щхьэкIэкъым, атIэ цIыхум яхуэщхьэпэн къэхутэныгъэхэр иригъэкIуэкIын папщIэщ… Ар цIыху ерыщщ, зыхуейм и Iэр лъигъэIэсыфынущ…».
  • Хьэмид сыт щыгъуи гулъытэ хуищIащ бжьыхьэм трасэ гъавэр бей зэращIыну Iэмалхэр егъэфIэкIуэным. Абы и къэхутэныгъэхэр къыщагъэсэбэп хъуащ ди республикэм и мызакъуэу, Къэрэшей-Шэрджэсми, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэми. Апхуэдэу абы къихутащ жылэ лIэужьыгъуэ 23-рэ. Нэхъыбэу къагъэсэбэп хъуахэм ящыщщ «Мурат», «Южанка», «Чегет», «Эльбрус 10» жыхуиIэхэр. Псалъэм папщIэ, республикэм бжьыхьэм щытрасэ «Южанка» гуэдзым щIы гектар мин 15 къызэщIеубыдэ мы зэманым. 1998 гъэм абы аргуэру къихута нэгъуэщI зы жылапхъэм фIищауэ щытащ «Ализа». ЗэрыжаIэмкIэ, и адэ Алийрэ и анэ Захирэтрэ я цIэхэр зэпигъэувэу а фIэщыгъэр къэунэхуауэ аращ. Абы къыхэкIыу а жылапхъэр абы и дежкIэ псом нэхърэ нэхъ лъапIэщ, адэ-анэм я фэеплъщ.
  • Малкандуевым иригъэкIуэкIа щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр я лъабжьэу лэжьыгъи 120-рэ газетхэм къытрыригъэдзащ, тхылъ 25-рэ къыдигъэкIащ. Илъэс куэдкIэ ар хэтащ КъБКъСХ-м и диссертацэ советым, РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и институтым и ЩIэныгъэ советымрэ ме тодикэ комиссэмрэ, ВАСХНИЛ-м гъавэхэкIхэмкIэ и советым, н.
  • Хьэмид мызэ-мытIэу и гуащIэм къыпэкIуащ УФ-мрэ КъБР-мрэ Мэкъумэш IэнатIэмкIэ я министерствэхэм, РАСХН-м я щIыхь тхылъхэр, ВЛКСМ-м и Комитет Нэхъыщхьэм и дамыгъэр (1957). Жылапхъэхэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ Лукьяненкэ П. П. и цIэр зезыхьэ, Краснодар дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым лэжьыгъэ купщIафIэ зэрыдригъэкIуэкIам папщIэ, Малкандуевым къратащ институтыр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу къыдагъэкIа медал- ри.
  • Шэч хэлъкъым мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор Малкандуев Хьэмид и гуащIэдэкIым мыхьэнэшхуэ зэриIэм, и гъащIэр цIыхубэм, къэралым яхуэщхьэпэн лэжьыгъэшхуэм зэрытриухуам.
  •  
  • БАГЪЭТЫР Луизэ.