ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэхъун щыщ щIалэ хахуэ

2019-02-14

  • Мазаем и 15-р зи къалэн ягъэзащIэу нэгъуэщI къэралхэм щыхэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъ махуэщ
  • Кавказ Ищхъэрэм и нэхъ щIыпIэ къулейхэм, дахэхэм хохьэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр. Гъунапкъэншэщ, къыпхуэмыIуэтэным хуэдэуи дахащэщ ди республикэм и щIыуэпсыр: «Джэдмышх», «Шэджэм» псыкъелъэхэр, зыми емыщхь ди Гуэл ЩхъуантIэхэр, Аушыджэр къыщыщIэж псы хуабэхэр, псори дызэрыгушхуэ ди Iуащхьэмахуэ бгы лъагэр, нэгъуэщIхэри. ЩIыналъэм бгъэдэлъ щIыуэпс къулеягъым куэдкIэ ефIэкI хъугъуэфIыгъуэщ абы щыпсэу цIыхухэр.

  • Я ныбжьми, зыпэрыт IэщIагъэми, къызыхэкIа унагъуэми емылъытауэ абыхэм ящыщ куэдым ди Хэку-анэм и цIэр яIэтащ я гуащIэдэкI зэфIэкI лъагэхэмкIэ, щIэныгъэ куумкIэ, яхэлъ лIыгъэрэ хахуагъэкIэ. Иужьрейхэм, къэралым и щхьэхуитыныгъэм, абы и гъунапкъэхэр хъумэным къикIуэт ямыIэу пэрыувахэм ящыщт Аруан районым хыхьэ Къэхъун къуажэм щыщ НэгъэцIу Хьэсэнбий Мухьэжыр и къуэр.
  • Хьэсэнбий 1963 гъэм Къэхъун къуажэм къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школ №2-р хъарзынэу къиухри, куэд дэмыкIыу дзэм ираджащ, Хэкум къулыкъу хуищIэну. Гъуэгуанэ теува щIалэщIэм и гур хигъахъуэрт и къуажэгъухэу Аргъэщокъуэ Аслъэнрэ Шэшэн Iэуесрэ гъусэ зэрыхуэхъуам. СыткIэ ящIэрэт а щIалэхэр зыпэрыхьэну къулыкъур зауэ IэнатIэу къыщIидзыну? 1981 гъэм и бжьыхьэм дзэм ираджа щIалэ куэд яхэхуат зауэшхуэ къыщыхъея Афганистан Республикэм къулыкъу щызыщIэнухэм. Ди къэралым и ипщэ гъунапкъэхэр зыхъумэну дзыхь зыхуащIахэм яхэтт зи цIэ къитIуа къэхъун щIалэхэри.
  • Гъуэгуанэ теува щIалэхэм нэхъуеиншэу зыщаплъыхьырт къыщыхута щIыпIэр. Иджыри кхъухьлъатэм щисым абы и щхьэгъубжэмкIэ къыдэплъ Хьэ-
  • сэнбий илъагъурт бгылъэ щIыпIэхэр, мэз гуэрэнхэр, пшахъуэщI гъуэжьыфэхэр. Адэ-мыдэкIэ кIуэцIрыкI гъуэгу нашэкъашэхэм зэкIэлъхьэужьу щызеуэрт хьэлъэ зыхь махъшэ чырэхэр. Губгъуэхэм щаухуат палаткэ «къалэ» цIыкIухэр. А псори зи нэгу щIэкI Хьэсэнбии кхъухьлъатэм ис адрей сэлэт щIалэхэми я гум фIы щыщIэртэкъым. Совет Армэм къулыкъу зэрыщащIэну илъэситIыр абыхэм щагъэкIуэн хуейт зэзауэ гуащIэ щекIуэкI, нэрымылъагъу лагъымхэр къыщыуэ, пулемётхэмрэ автоматхэмрэ щылъалъэ, цIыху гъащIи щыздихь къэхъуу щIыр уэгум щрапхъэ Афганистан щIыналъэ «пщтырым».
  • Ди совет зауэлIхэр щымыгъуазэу щыттэкъым Iуэхур зытетым. Абыхэм нэхъапэIуэкIэ драгъэкIуэкIа псалъэмакъхэмкIэ хьэкъ ящыхъуат я Хэкумрэ абы и цIыхухэмрэ езэуэж, бгы гъуанэхэр, мэз Iувхэр, нэгъуэщI быдапIэхэр псэу- пIэ зыщIа зауэлI Iэлхэр, зэрыгущIэгъуншэр, зэхэуэ гуащIэхэр махуэ къэс емыкIуэкIынуми, здашэр фронт здэщымыIэ зэуапIэу зэрыщытыр.
  • НэгъэцIур танк ротэм хэхуат. Зэман кIэщIым къриубыдэу адыгэ щIалэщIэр хуэIэижь хъуат и «гъущIышыр» зегъэкIуэнми ар гъэуэнми. Пщэрылъ къыхуащI дэтхэнэ къалэнри къызыхуэтыншэу зэфIихырт щIалэ хахуэм.
  • Апхуэдэурэ екIуэкIащ 1983 гъэм и пэщIэдзэ пщIондэ. Хьэсэнбий зыхэт взводым зэгуэр хъыбар кърагъэщIащ къатеуэну зызыгъэхьэзыр душман гупышхуэм я хэщIапIэм кIуэуэ абыхэм я мурадыр къызэпаудыну. ПсынщIэу защтэри, бронетранспортёрхэр, нэгъуэщI зауэ техникэхэр зэкIэлъхьэужьу ежьащ. ЖыхуаIа щIыпIэм зэрынэсу заукъуэдийри, зэхэуэ гуащIэ яублащ. БыдапIэм ис бийр ди зауэлIхэм къахэуэрт лагъымыдзхэмкIэ. И танкым сакъыу ис Хьэсэнбий апхуэдэ лагъымхэр къытемыхуэн щхьэкIэ, зыкъуэдзапIэхэр къигъэсэбэпурэ ерыщу ипэкIэ кIуэрт. Зауэ гуащIэм хэту, абы зыхищIащ танкыр щIым къытриIэтыкIыу лагъымыр абы и лъаб-жьэм къызэрыщыуар. Дакъикъэ нэхъ дэмыкIыуи гъуэзыр къызыщхьэщих танкыр и пIэм иувыIы-хьащ. Адыгэ щIалэщIэр танкым къипщу къыщIэпхъуэжакъым, атIэ, ар къэуэнкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр ищIэ пэтми, уIэгъэ хъуа и ныбжьэгъухэр машинэм зырызурэ къри-хащ. Иужьрей зэуэлIыр къигъэIэпхъуа къудейуэ, танкыр къэуащ…
  • 1983 гъэм щIышылэм и 12-м екIуэкIа а ебгъэрыкIуэныгъэм хэтахэм зэрыжаIэжымкIэ, щIылъэри уафэри зы хъужа хуэдэт, ихъуреягъыр мафIэмрэ гъуэзымрэ апхуэдизу зэщIищтати. ТхьэкIумэIупсыр Iузыч а къауэ макъым къыкIэлъыкIуа зэрыхьзэрий- хэр тIэкIу зэтесабырыжа нэужь, наIуэ къэхъуащ апхуэдиз лIыгъэрэ хахуагъэрэ къызыкъуэкIа адыгэ щIалэщIэр лагъым къэуам зэриукIар.
  • НэгъэцIу Хьэсэнбий и гъащIэр итащ ди къэралым и гъунапкъэхэр хамэ щIыналъэм щихъумэу. Зэрихьа лIыгъэ иным папщIэ абы иужькIэ къыхуагъэфэщащ Вагъуэ Плъыжь орденыр (и Iыхьлыхэм иратыжащ). Апхуэдэ хахуагъэ къызыкъуэкIа, гушхуэ зыкIуэцIылI щIа-лэм и ныбжьыр иджыри илъэс 20 ирикъуатэкъым.
  • Я ныбжьэгъум и кIуэдыкIар гущIыхьэ ящыхъуауэ щытащ ротэм хэтхэм. Псом хуэдэжтэкъым а гуауэр Хьэсэнбий и къуажэгъухэм я дежкIэ. Гузэвэгъуэ инт ар Хьэснбий и адэ-анэу Мухьэжыррэ Къэралхъанрэ я унагъуэми лъэпкъми я дежкIэ. ЩIалэ хахуэм и дыуэщIым цIыхушхуэ къекIуэлIат. Хьэсэнбий иужьрей гъуэгуанэм трагъэувэжыну къызэхуэсахэм яхэтт абы и гъусэу хамэ щIыналъэм щызэуа Шэшэн Iэуеси. Арат и ныбжьэгъур Iыхьлыхэм къахуишэжыну пщэрылъ зыщащIари.
  • Хэкум папщIэ зи псэр зыта НэгъэцIу Хьэсэнбий, зауэлI хахуэм, ныбжьэгъу пэжым, и фэеплъыр яхъумэ ар къызыхэкIа унагъуэм, лъэпкъым. Хьэсэнбий зэрихьа лIыгъэр я щапхъэщ Къэхъун и мызакъуэу, ди Аруан щIыналъэми къихъуэ щIэблэхэм я дежкIи. Абы хэлъа лIыгъэм дыщытепсэлъыхьыж дерс зэIухахэр мызэ-мытIэу сэри щезгъэкIуэкIащ сыщылажьэ курыт школми. ЗауэлIым и фэеплъ спорт зэхьэзэхуэхэр зы илъэси къэмынэу щызэхашэ жылэми районми. ЩIалэр щеджа курыт школым къыщызэIуахащ абы и фэеплъ пхъэбгъу. НэгъэцIу Хьэсэнбий и цIэр нэгъабэ лъандэрэ зэрехьэ Къэ- хъун къуажэм и уэрамхэм ящыщ зыми.
  • Ди щIалэ куэдым я псэр зыгъэна Афган зауэжьыр зэриухрэ мы гъэм илъэс 30 мэхъу. Зэманыр кIуами, зауэм и лыгъейм хэкIуэда ди зауэлI хахуэхэм я фэеплъыр куэдрэ ди гум илъынщ.
  • КЪАРДЭН Хуэмей,
  • Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м
  • адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж.