Путин Владимир Iэ щIидзащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным и IуэхукIэ» Указым
2018-10-18
- Жэпуэгъуэм и 16-м Урысейм и Президент Путин Владимир Iэ щIидзащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэилъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным и IуэхукIэ» Указым.
- Абы щыубзыхуащ республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ 2022 гъэм илъэси 100 зэрырикъургъэлъэпIэным зыхуэгъэхьэзырынымрэ ар егъэкIуэкIынымкIэ Урысей Федерацэм и субъектхэмя къэрал властым и органхэм, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм яхуэгъэзачэнджэщхэр.
- «Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм я цIэкIэ Путин Владимир Владимир и къуэм фIыщIэ ин хузощI апхуэдэ унафэм папщIэ.
- Президентым и Указыр щыхьэт тохъуэ республикэм исхэм, махуэ къэс ирагъэкIуэкI лэжьыгъэшхуэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ехъулIэныгъэхэр зыгъэбагъуэ, ар япэкIэ зыгъэкIуатэ цIыхухэм гулъытэ хэха абы къазэрыхуищIым.
- Мы документымдэр папщIэ пхужымыIэным хуэдизу мыхьэнэшхуэ иIэщ. Быдэу си фIэщ мэхъу ар ди цIыхубэр нэхъри зэкъуэгъэувэнымкIэ, ди республикэм, ди Хэкум я фIыгъуэр гъэбэгъуэным цIыхубэм я къарур хуэунэтIынымкIэ сэбэп зэрыхъунур», — жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
- КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.