ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нобэрэ пщэдейрэ

2018-10-18

  • Жэпуэгъуэм и 18, махуэку
  • Азербайджаным и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
  • 1867 гъэм Аляскэ хытIыгуныкъуэр США-м зэрыращам теухуа дэфтэрхэр зэIэпахащ. Жэпуэгъуэм и 18-м илъэс къэс а къэралым щагъэлъапIэ Аляскэм и махуэр.
  • 1723 гъэм Пётр Езанэм Кронштадт быдапIэм и лъабжьэр игъэтIылъащ.
  • 1918 гъэм Чехословакие республикэр къызэрагъэпэщащ.
  • 1921 гъэм Кърым АССР-р Урысейм хыхьэу къызэрызэрагъэпэщым теухуа декретыр къыдэкIащ. 1945 гъэм автономиер Кърым область хъуащ, 1954 гъэм Кърымыр Украинэм хагъэхьащ. Абы и автономиер 1991 гъэм зэфIагъэувэжащ, 2014 гъэм гъатхэпэм и 18-м къыщыщIэдзауэ УФ-м и щIыналъэ хъужащ.

  • 1922 гъэм Инджылызым и «BBC» радиокомпаниер къызэрагъэпэщащ.
  • 1924 гъэм СССР-м и ЦIыхубэ комиссархэм я советым унафэ ищIащ къэралым ис псоми фэрэкIым зэребэн мастэ халъхьэным теухуауэ.
  • 1942 гъэм нэмыцэдзэхэм къаувыхьауэ дыхьэпIи дэкIыпIи зимыIэ Ленинград къыщызэIуахащ Комиссаржевская Верэ и цIэр зезыхьэ театрыр.
  • 1944 гъэм советыдзэхэр Чехословакием ихьащ къэралыр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжыну.
  • 1967 гъэм «Венера-4» совет хьэрш аппаратыр ЩIым нэхъ пэгъунэгъу дыдэ Венерэ планетэм тетIысхьащ.
  • 1990 гъэм Ямало-Ненецкэ автономнэ округыр Тюмень областым къызэрыхэкIым теухуа унафэ къищтащ.
  • 1991 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и иужьрей зэIущIэр екIуэкIащ.
  • 1991 гъэм РСФСР-м и Президент Ельцин Борис Iэ щIидзащ «Политикэ залымыгъэ кIэлъызэрахьэу ягъэкIуэдахэм щIэбгъэкъуэншэн хабзэншагъэ зэрамылэжьар къэлъытэным теухуауэ» законым.
  • 2011 гъэм Урысейм, Украинэм, Белоруссием, Казахстаным, Армением, Къыргъызым, Молдавиемрэ Таджикистанымрэ СНГ-м хуиту сату щыщIыным теухуа зэгурыIуэныгъэм Iэ щIадзащ.
  • КъБР-м и япэ Президенту щыта къэрал лэжьакIуэ, политик Iэзэ КIуэкIуэ Валерий къызэралъхурэ илъэс 77-рэ ирокъу.
  • Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, РАЕН-м и академик, КъБР-м и цIыхубэ дохутыр ХьэцIыкIу Борис и ныбжьыр илъэс 76-рэ ирокъу.
  • КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Емкъуж Лиуан и ныбжьыр илъэс 60 ирокъу.
  • Америкэм щыщ актёр цIэрыIуэ, кинорежиссёр, сценарийхэр зытх Жан-Клод Ван Дамм и ныбжьыр илъэс 58-рэ ирокъу.
  • «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретару щыта, КъБР-м и Парламентым, УФ-м Связымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэм я ЩIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэща Гъурыжь Мадинэ къыщалъхуа махуэщ.
  • Урысей актёр цIэрыIуэ, режиссёр, УФ-м и цIыхубэ артист, Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтыр зрата Безруков Сергей и ныбжьыр илъэс 45-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 14 — 18, жэщым градуси 6 — 8 щыхъунущ.
  • Жэпуэгъуэм и 19, мэрем
  • Кредит зэгухьэныгъэхэм я дунейпсо махуэщ
  • Лицейм щеджэхэм я урысейпсо махуэщ
  • Къэзахъстаным къегъэлакIуэм и махуэр щагъэлъапIэ
  • Молдовэм и юристым я махуэщ
  • 1097 гъэм Мономах Владимир Урысейр пщыгъуэ-пщыгъуэу гуэшыныр къыхилъхьэри, абы арэзы дэхъуащ къэралым и пщышхуэхэм я советыр.
  • 1812 гъэм Бонапарт Наполеон и дзэр ихъумэн мурадкIэ Москва дэкIыжащ.
  • 1872 гъэм Австралием къыщагъуэтащ дунейм щынэхъ ин дыдэ дыщэ кIанэр. Абы килограмм 214-рэ грамм 32-рэ и хьэлъагът.
  • 1879 гъэм Америкэм щыщ электротехник Эдисон Томас ищIа уэздыгъэ лампIыр зищIысыр цIыхухэм яригъэлъэгъуащ.
  • 1941 гъэм Москва щытыкIэ къызэрымыкIуэ щагъэуващ, къалэм нэмыцэдзэхэр гъунэгъу къызэрыхуэхъум къыхэкIыу.
  • 1943 гъэм Америкэм щыщ щIэныгъэлI Ваксман Зельман и лабораторэм стрептомицин антибиотикыр щызэхалъхьащ.
  • 1960 гъэм США-м и правительствэм унафэ къищтащ Кубэм сату дэмыщIыным, абы экономикэ блокадэ ещIылIэным теухуауэ.
  • 1985 гъэм Мэлбахъуэ Тимборэ и къулыкъум текIащ.
  • РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Болотовэ Жаннэ и ныбжьыр илъэс 77-рэ ирокъу.
  • Мексикэм щыщ актрисэ, уэрэджыIакIуэ, ди телевизореплъхэми фIыуэ яцIыху Кастрэ Вероникэ и ныбжьыр илъэс 66-рэ ирокъу.
  • Техникэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор ЛIыбекъуэ Алексей и ныбжьыр илъэс 62-рэ ирокъу.
  • Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Шыгунэ Владимир и ныбжьыр илъэс 60 ирокъу.
  • Америкэм щыщ боксёр цIэрыIуэ, дунейм и чемпион мызэ-мытIэу хъуа, Олимп джэгухэм жэз медаль къыщызыхьа Холифилд Эвандер и ныбжьыр илъэс 56-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 15 — 18, жэщым градуси 7 — 8 щыхъунущ.