Дыгъуасэ Ставрополь къыщызэIуахащ «Инфофорум. Кавказ Ищхъэрэ» щIыналъэ зэхуаку конференцыр. Абы хэтащ КъБР-м и Премьер-министр Мусуков А. ТI.
2018-07-19
- ЗэIущIэр зытеухуар Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм заужьынымкIэ бжыгъэхэр зи лъабжьэ экономикэм къит зэфIэкIхэр къэгъэсэбэпынырщ, информацэм и лъэныкъуэкIэ шынагъуэншагъэ къызэгъэпэщынырщ, «электрон правительствэм» и системэм хиубыдэу иджырей технологиехэр къэгъэсэбэпынырщ.
- ЗэIущIэм хэтахэм фIэхъус псалъэхэмкIэ захуигъэзащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ, Урысейм и ЛIы-хъужь Матовников А. А. Абы къыхигъэщхьэхукIащ бжыгъэхэр зи лъабжьэ технологиехэм зыщаужь лъэхъэнэм Интернетым и дунейпсо сетым шынагъуэ пыухыкIахэр къызэрихьыр икIи абыхэм защыхъумэн зэрыхуейр.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий зэрыжиIамкIэ, Инфофорумыр сэбэп хъунущ ведомствэхэм, щIыналъэхэм я зэдэлэжьэныгъэм зегъэубгъунымкIэ, иджырей технологиехэр джынымкIэ, зэпIэзэрыт зыужьыныгъэм шынагъуэ къытемыгъэхьэнымкIэ.
- Конференцым IэщIагъэлIрэ эксперту 400-м щIигъу, властым и гъэзэщIакIуэ, законхэр къыдэзыгъэкI органхэм я лIыкIуэхэр, бизнесменхэр хэтщ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.