ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIыхуэ  тынным  щIедзэж

2018-07-19

  • ХъумапIэ банкым щIидзэжащ гаражрэ машинэ гъэувыпIэрэ къращэхун папщIэ кредит тыным.

  • А Iуэхугъуэм цIыхухэм Iэмал ярет гаражрэ машинэ гъэувыпIэрэ щIа хьэзыруи щаухуэкIи зыIэрагъэхьэну, къищынэмыщIауэ, яIэ щIы Iыхьэм е къащэхум ахэр езыр-езыру щызэфIагъэувэну.
  • Гараж е машинэ гъэувыпIэ къыщащэхукIэ ставкэ нэхъ мащIэ дыдэр илъэсым хуэзэу проценти 10 ирокъу. ПэщIэдзэ хэлъхьэныгъэр процент 25-м къыщыщIедзэ, щIыхуэ зэрат пIалъэр мазэ 12-м къыщыщIэдзауэ илъэс  30-м нос. Мылъкур зэреймкIэ щыхьэт тхылъыр хьэзыр хъухукIэ ставкэр зы проценткIэ докIуей. ГъащIэмрэ узыншагъэмрэ страхованэ ямыщIамэ, аргуэру зы процент къыхущIагъу.
  • «Европей хьэрычэтыщIэхэм я ассоциацэм къызэритамкIэ, 2018 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм урысей авторынокым процент 18,2-кIэ хэхъуащ. Иджы яухуэ унэ комплексхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу къызэгъэпэщащ щIы щIагъ паркингхэмкIэ. УнэщIэ къыщищэхукIэ цIыхум ахъшэшхуэ трегъэкIуадэ ар зыхуей хуэгъэзэным икIи дэ абыхэм дадоIэпыкъу автомобилхэр щагъэувыну щIыпIэр зыIэрыгъэхьэнымкIэ», — къыдгуригъэIуащ ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Урысбий Хьэмидбий.
  • Хьэтау Ислъам.