«Iуащхьэмахуэ» курортым нэхъри зрагъэужь
2022-06-15
- УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Решетников Максим Кавказ Ищхъэрэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къыщыкIуам, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и гъусэу «Iуащхьэмахуэ» курортым щыIащ. Ведомствэм и унафэщIым Азау хуейм щрагъэкIуэкI зэIузэпэщыныгъэ Iуэхухэр зригъэлъэгъуащ, лэжьыгъэхэр езыгъэкIуэкIхэм епсэлъащ икIи гъэм и лъэхъэнэ псоми зыгъэпсэхупIэм зиужьынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр зригъэщIащ.
- Мы зэманым Азау хуейм щекIуэкI лэжьыгъэхэм хэту гектари 6,7-рэ хъу щIыналъэм машинэ 800-м хуэщIа гъэувыпIэ щаухуэ. Ар ищхъэрэ кIапсэ гъуэгу станцым метр 360-кIэ пэжыжьэу щытынущ. Машинэ гъэувыпIэм деж щегъэжьауэ курортым нэс шаттлхэр, бгым лыжэкIэ къызэрежэх хьэпшыпхэр къезышэкI оборудованэр, щIэх-щIэхыурэ щызекIуэнущ. Лэжьыгъэхэр мы гъэм и кIэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIын хуейщ. Апхуэдэу а зэманым ирихьэлIэу нащIысыну я мурадщ Азау хуеймрэ Iуащхьэмахуэ жылагъуэмрэ щыIэ псы фIей щIэжыпIэхэр, псыр зэрагъэкъабзэ ухуэныгъэхэр зэгъэпэщыжыныр.
- «ХьэщIэхэми мы щIыпIэм щылажьэхэми тыншыгъуэ къахузэгъэпэщыным пыщIауэ унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ жыджэру Iуэхухэр ирагъэкIуэкI. КъищынэмыщIауэ, мыхьэнэшхуэ иIэщ лъэпкъ паркым и щIыуэпс телъыджэр хъумэным, абы ипкъ иткIэ псы уфIеяхэр зэрыкIуэ, зэрагъэкъабзэ ухуэныгъэхэр къэгъэщIэрэщIэжынми яужь дитщ. КъыдгурыIуэн хуейщ иджыпсту едгъэкIуэкI ухуэныгъэ, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр курортым зиужьынымкIэ, туристхэм я бжыгъэм хэхъуэнымкIэ икъукIэ дызыхуэныкъуэу зэрыщытыр. Мы илъэсым зэрыщIидзэрэ «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм щыIащ цIыху мин 280-м нэблагъэ, ар нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм зэрыхъуам нэхърэ процент 25-кIэ нэхъыбэщ. Абы къыхэкIыу инфраструктурэр къэдгъэщIэрэщIэжын хуейщ, абы Iэмал къыдитынущ зэманым декIуу курортым зиужьынымкIэ, хьэщIэ нэхъыбэ къешэлIэнымкIэ», — жиIащ Решетников Максим.
- «Турист IэнатIэр хъумэнымкIэ, абы адэкIи зиужьынымкIэ УФ-м и Правительствэм зыкъызэрытщIигъакъуэр зи чэзу Iуэхугъуэщ икIи мыхьэнэшхуэ зиIэщ. «Iуащхьэмахуэ» курортыр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ къалэн пыухыкIахэр къызэрытпэщытым икIи ахэр къызэрыд-даIыгъым Iэмал къыдет тегушхуауэ Iуэхум иужь дихьэну. ИкIи нобэ а унэтIыныгъэм щIыналъэм и бюджетым хэхъуэ къыхуихьу щIидзащ, апхуэдэуи хьэрычэтыщIэ Iуэхум зиужьыныкIэ, инвестицэ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ, лэжьапIэ IэнатIэщIэхэр къызэгъэпэщынымкIэ хэкIыпIэ хъарзынэхэр къыдет», — къыхигъэщащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
- Азау хуейм и курых щIыналъэм метр зэбгъузэнатIэу 4500-рэ къызэщIиубыдэу сату щащI, узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж-нэгузегъэужьыпIэ ухуэныгъэхэр къыщрагъэжьэнущ. УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и унафэщIыр цыхэкI хьэпшыпхэмрэ щIыналъэм и дамыгъэхэр къызытещ тыгъэ цIыкIухэмрэ щащэ бэзэрым щыIащ икIи абдеж щрагъэкIуэкIыну къэщIэрэщIэжыныгъэхэм ятеухуауэ сатуущIхэм я еплъыкIэхэми зыщигъэгъуэзащ.
- «Бэзэрыр здэщытыну щIыпIэр зыхуей хуэдгъазэмэ, зэбгрыдзауэ сату зыщIхэр а щIыпIэм дгъэкIуэжынущ. Мыбдеж цIыхухэр щылажьэу аращи, мыхьэнэшхуэ иIэщ едгъэкIуэкI зыужьыныгъэ-хэр къатемыхьэлъэн хуэдэу IэкIуэлъакIуэу, зэкIуу къызэгъэпэщыным. «Кавказ.РФ»-м и унафэщIым и гъусэу а Iуэхур тэмэм зэрытщIынум догупсыс», — жиIащ министрым.
- «ЩIыналъэм и зэIузэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэм я япэ Iыхьэр едгъэжьэнымкIэ хуитыныгъэ диIэщ. Мы илъэсым и кIэ пщIондэ Азау хуейм къыщыунэхунущ зы жыпхъэм тету ягъэхьэзыр, сату щащIыну иджырей ухуэныгъэхэр. Апхуэдэу «Iуащхьэмахуэ» курортым дяпэкIэ иIэнущ махуэшхуэхэм хуэгъэпса зэхыхьэхэр щрагъэкIуэкI утыку щхьэхуэ, щIыпIэм и унафэщIхэмрэ администраторхэмрэ щылэжьэну унэщIэ яухуэнущ. А псом къищынэмыщIауэ, бгым лыжэкIэ къыщежэх лъэхъэнэм ирихьэлIэу транспортыр зэрызекIуэм зихъуэжынущ. А зэхъуэкIыныгъэхэр нэрылъагъу хъунущ дыгъэгъазэ мазэм, абы къыкIэлъыкIуэнущ нэгъуэщIхэри, къапщтэмэ, ар мыхьэнэшхуэ зиIэ проектым и щIэдзапIэу аращ», — къыхигъэщащ «Кавказ.РФ»-м и унафэщI ТIымыжь Хьэсэн.
- ТIымыжьым и гугъу ищIащ курортым щаухуэ кIапсэ гъуэгухэм, лыжэкIэ къыщажыхьын щIыпIэщIэхэр къызэрызэрагъэпэщым. «Иджыри уэсышхуэ зэрытелъым щхьэкIэ къамыгъанэу лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI, тхьэмахуэ къэс техникэщIэхэр къытхуокIуэ. ГъуэгуанэщIэхэр мы гъэм и дыгъэгъазэ мазэм ирихьэлIэу къызэIутхыну ди мурадщ», — жиIащ абы.
- УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым объектыр къызэхиплъыхьа нэужь, «Iуащхьэмахуэ» курортым зегъэужьынымкIэ къызэрагъэпэща лэжьакIуэ гупым я зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ щIыналъэм резидентхэр къызэрырашэлIэнум, туристхэм я шынагъуэншагъэр къызэрызэрагъэпэщынум.