ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дызэрызэкъуэтым и къарур

2022-06-15

  • КIуэкIуэ Казбекрэ УФ-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым и чэнджэщэгъу Ильницкий Андрейрэ Терскол дэт, Iуащхьэмахуэ лъапэр яхъумэу зи псэр зытахэм я фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ Урысейм и махуэм. 1942 гъэм Iуащхьэмахуэ лъапэ деж щекIуэкIа зауэхэр Кавказ зауэзэрылIым и зы Iыхьэт. 1943 гъэм мазаем и 17-м хуит къащIыжа къурш щыгум щыхатIауэ щытащ совет ныпыр.

  • Махуэшхуэм ехьэлIа дауэдапщэм хэтащ УФ-м зыщызыубгъуа, сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я дзэ-хэкупсэ зэщIэхъееныгъэм и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хэт юнармейцхэр.
  • «Дэ щIэх-щIэхыурэ жыдоIэ: Урысейр къэрал щэджащэщ, Урысейр лъэпкъ республикэхэм, абы щыщ щIыналъэ псоми зыужьыныгъэм хуэунэтIа Iэмал абрагъуэхэр езыт къэралщ. УФ-м и Конституцэри къоув абы и щыхьэту. Нобэ Урысейм хэт лъэпкъ мащIэхэм нэхъ куууэ зыхыдощIэ къэралышхуэм дызэрыщыщыр. Дунейм апхуэдэ нэгъуэщI зы щапхъи щыIэкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрыр ирогушхуэ къэралыр щытыкIэ гугъум щихуа мы зэманым езым и хэлъхьэныгъэ зэрищIыфым», — щыжиIащ КIуэкIуэ Казбек махуэшхуэр щагъэлъапIэм.
  • Махуэ ипэкIэ «Урысейр лъагагъ    5642-м хуэунэтIащ» дзэ-хэкупсэ зэщIэхъееныгъэм ипкъ иткIэ УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм щыщ гупыр СМИ-мрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ я гъусэу Iуащхьэмахуэ дэкIуея къудейт. Урысейм и махуэм ирырагъэхьэлIа бгыдэкIым къриубыдэу щIалэхэм Европэм и къурш нэхъ лъагэ дыдэм Урысейм и ныпыр, УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм-рэ ТекIуэныгъэмрэ я ныпхэр щыха-тIащ.
  • ЕкIуэкIа дауэдапщэм трагъэхуащ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щыщ ныбжьыщIэхэм паспорт щратыну пIалъэри. КъБР-м и Iэтащхьэм сабийхэм къэралым и дэфтэр нэхъыщхьэр яIэщIилъхьащ.
  • ЩIыналъэм и унафэщIыр ныбжьыщIэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ ехъулIэныгъэ яIэну, я Хэкум хуэщхьэпэу къэтэджыну ехъуэхъуащ.
  • — Гу лъытапхъэщ сабийхэм я паспортхэр УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и дзэм я хэщIапIэм къызэрыщратыжым. Ди зауэлIхэр щIыхьым, напэм, Хэкум папщIэ псэемыблэжыныгъэм и дамыгъэщ, абы щхьэкIэ лъахъшэу захудогъэщхъ. Мы махуэр зыщывмыгъэгъупщэ, къэрал щэджащэм фызэрыщыпсэур фигу ивмыгъэху. Сэ си адэжьхэм сахуэарэзыщ илъэс щитху ипэкIэ урысхэм ябгъурыту къэгъуэгурыкIуэну мурад зэращIам щхьэкIэ, — жиIащ КIуэкIуэ Казбек. — Дэ ди нэкIэ долъагъу къэралым зэрызиужьыр, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтыну ныбжьыщIэхэм Iэмал куэд зэраIэр, щхьэж къыдалъхуа зэфIэкIым гъуэгу зэрыритыфыр. Иджыпсту фашизмэмрэ нацизмэмрэ къытпэщIэуващ. Шэч къытесхьэркъым лъэпкъ куэду зэхэт ди къэралым абыхэм яхуэфэщэн жэуап зэраритыжыфынум. Хэку зауэшхуэм и тхыдэ къызэрымыкIуэр ди дерсщ, абы къыхэкIыу сэ быдэу си фIэщ мэхъу текIуэныгъэр ди Iэпэгъу зэрыхъунур.
  • Ильницкий Андреи УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэмрэ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и администрацэмрэ я лэжьакIуэхэри хэтащ ныбжьыщIэхэм паспортхэр щратыж дауэдапщэм.
  • — Апхуэдизу дызэмыщхь пэтми, дэ ди къарур дызэрызэкъуэтым къыхокI, — жиIащ Ильницкий Андрей. — Лъэпкъ зыхъумэжыныгъэмкIэ унэтIыныгъэу мэкъуауэгъуэ кIуам Президентым Iэ зыщIидзам къыхощ абы зэрыIыгъыныр, гъэсэныгъэр, унагъуэр хъумэныр лъабжьэ зэрыхуэхъур. Нобэ паспортхэр зэрыфIэщIэтлъхьэр и щыхьэтщ дэ гъуэгу захуэм дызэрытетым. ИгъащIэ лъандэри дунейр зэтезыIыгъэр цIыхум къыдекIуэкI хабзэхэрщ, аращи, ар дяпэкIэ зыхъумэнур фэращ.
  • КЪУДЕЙ Iэминэ.