ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэрал гулъытэхэр ягъуэт

2022-06-15

  • Урысейм и махуэм ирихьэлIэу КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къэрал дамыгъэ лъапIэхэр яритащ республикэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу цIыхухэм. ГуфIэгъуэ зэхыхьэр щекIуэкIащ Налшык дэт Правительствэм и унэм.

  • ГуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIащ КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я унафэщIхэу Егоровэ Татьянэрэ Мусуков Алийрэ, республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • «ПщIэ зыхуэтщI, ди ныбжьэгъухэ! Псом япэрауэ гуапэу сынывохъуэхъу фэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм, махуэшхуэ къэблагъэмкIэ — Урысейм и махуэмкIэ. Ар и дамыгъэщ ди къэралым лIэщIыгъуэ куэдкIэ къикIуа гъуэгуанэм, абы щыпсэу лъэпкъ куэдым я къекIуэкIыкIар зэрызэпхам, лIэщIыгъуэ куэдым пхраша хабзэхэр, Хэкум зэрыхуэпэжыр икIи абы и хуитыныгъэмрэ и щIыхьымрэ яхъумэну зэрыхьэзырым. Хэкупсэм и лъабжьэ хуэхъуа хущIэкъуныгъэ лъагэхэр апхуэдизу куущ икIи лъэщщи, зыми икIи зэи ди зэкъуэтыныгъэр — ди къэралым и лъабжьэр — хуэгъэхъеинукъым. Щыхьэт наIуэщ дунейпсо шынагъуэм зэгъусэу урысей лъэпкъхэр зэрыпэувар. Ди къэралым и тхыдэшхуэм, абы и лIэужь къулейм нобэми дытрегъэгушхуэ текIуэныгъэщIэхэм. Ауэ сытми Урысейм и махуэм ирихьэлIэу аракъым Хэкушхуэмрэ Хэку мащIэмрэ я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэхэр хуэзыщIа цIыхухэм къэрал дамыгъэхэр етыжыныр щIытехуар. Къэрал гулъытэкIэ къыхэдгъэщахэм ящыщщ республи-кэм и экономикэ зэпIэзэрытыныгъэр куэдкIэ зэпха, гъащIэм и сыт хуэдэ унэтIыныгъэм, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ зыхуэдгъэувыж къалэнхэр езыхьэкI IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр. ФIыщIэ яхузощI абыхэм псэемыблэж лэжьыгъэ ирахьэкIыу, я къулыкъум хуэпэжу зэрыщытым папщIэ. Нобэ мы пэшым щIэсщ мыхьэнэшхуэ зиIэ, пщIэшхуэ зыхуэфащэ IэщIагъэхэм я лэжьакIуэхэр. ЕгъэджакIуэм и Iэзагъым, и лэжьыгъэм зэрыхуэпэжымрэ сабийхэм яхуиIэ лъагъуныгъэмрэ я фIыгъэкIэ къыдэкIуэтей ныбжьыщIэм яхэпща мэхъу гъащIэм мыхьэнэ щызи-Iэ Iуэхугъуэхэмрэ гупсысэхэмрэ. ЗэхыдощIыкI икIи фIыщIэ яхудощI абыхэм ирахьэкI лэжьыгъэ купщIафIэм икIи, шэч хэмылъу, псэ хуабагъэмрэ жумартыгъэмрэ папщIэ. ЦIыхубэм и псэкупсэ щытыкIэм и лъабжьэу щытыр щэнхабзэрщ. А IэнатIэм пэрытхэм къалэжьащ къэрал дамыгъэ лъапIэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэн ягъэзащIэ щэнхабзэ-тхыдэ щIэиныр хъумэным, лъэпкъ хабзэхэр щIэгъэбыдэным ехьэлIауэ. ФIыщIэшхуэ яхузощI я IэщIагъэм зэрыхуэпэжым, творческэ мурадхэм хущIэкъуу зэрыщытым къыхэкIыу.
  • Хьэл-щэн мардэ лъапIэныгъэхэр цIыхубэм щыгъэбыдэным, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я щэнхабзэмрэ тхыдэ щIэинымрэ хъумэнымкIэ къалэнышхуэ ягъэзащIэ республикэм щыIэ ди IуэхущIапIэхэм. ПщIэшхуэрэ фIыщIэшхуэрэ яхуэфащэщ цIыхухэм псоми я зэхуэдэ хъугъуэфIыгъуэхэм зэрырашалIэм, республикэм щызэрахьэ динхэмрэ лъэпкъ мамырыгъэмрэ зэрыщIагъэбыдэм. А псом, шэч хэмылъу, я фIыщIэ хэлъщ нобэ дамыгъэхэр зыхуагъэфэща республикэм и дин зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэм.
  • Республикэм и къэрал гулъытэхэмкIэ къыхагъэщащ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэри. Дэ лъытэныгъэ ин худощI цIыхубэм къызэгъэпэщакIуэ щытыкIэ щыухуэным журналистхэм хуащI хэлъхьэныгъэм. Махуэ къэс лэжьыгъэ купщIафIэм папщIэ фIыщIэ яхузощI абыхэм.
  • Яхуэфащэ дамыгъэхэр къаIэрыхьащ щIыхь пылъу я къалэныр зыгъэзащIэ, цIыхубэ шынагъуэншагъэ къызэзыгъэпэщ, республикэм мамырыгъэр щызыхъумэ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм. Къэрал гулъытэ зыгъуэтахэм ящыщщ республикэм и гъащIэ унэтIыныгъэ нэгъуэщIхэм я лэжьакIуэхэри, абыхэм яхуэфащэщ хъуэхъу дахэ куэд.
  • «Дэтхэнэ зыми, ныбжьэгъу лъапIэхэ, езым и гъащIэ лъагъуэ, и зэфIэкIхэмрэ и акъылыфIагъэмрэ дунейм къыщытригъэхьэ лъагъуэ иIэжщ. Ауэ, си фIэщ мэхъу, дэ зы дызыщIыр ипэкIэ дыкIуэтэн, псэемыблэжу дылэжьэн, ди IэщIагъэм и лъагапIэхэм дынэсынырщ. Псоми фIыщIэ фхузощI ди Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысей лъэщымрэ хьэлэлу къулыкъу зэрыхуэфщIэм папщIэ. Иджыри зэ сынывохъуэхъу махуэшхуэ къэблагъэмкIэ, къыфхуагъэфэща дамыгъэхэмкIэ», — захуигъэзащ къызэхуэсахэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
  • А махуэм ягъэлъэпIахэщ «Урысей Федерацэм и мэкъумэш хозяйствэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэ зыхуагъэфэща «Велес-Агро» ООО-м и унафэщIым и къуэдзэ Башорэ Хъусен, КъБР-м и Парламентым и Аппаратым и унафэщI ФочыщIэ Наталье «Дагъуэншэу илъэс 25-кIэ и къалъэныр зэригъэзащIэм къыхэкIыу» дамыгъэ щхьэхуэ къратащ. Куэдым къыхуагъэфэщащ КъБР-м и щIыхь тхылъхэр, щIыхьыцIэхэр, республикэм и Iэтащхьэм и фIыщIэ тхылъхэр. Апхуэдэхэм ящыщщ ди лэжьэгъухэу КъБР-м и Парламентым Жылагъуэм зэпыщIэныгъэ яхуиIэнымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и управленэм и унафэщI Батыр Любэ, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор Бэрбэч Борис, «Заман» газетым и редактор Мусукаевэ Сакинат, «КъБР-Медиа» телеканалым и унафэщI Конаревэ Наталье, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и нэтынхэр зэхэгъэувэнымрэ къыдэгъэкIынымкIэ и редактор нэхъыщхьэ Багъэтыр Нинэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • Жыласэ Замир.