Мамлюкхэмрэ Мысырымрэ
2022-06-15
- Илъэсищэ куэдкIэ мамлюкхэмрэ янычархэмрэ зауэлI хахуэу, къару нэхъыщхьэу яIащ муслъымэн къэралыгъуэхэм. «Мамлюк» псалъэм «гъэр», «щхьэхуимыт» жиIэу аращ къикIыр. Ауэ адыгэ мамлюкхэр щхьэхуимыту къалъхуртэкъым, атIэ къадыгъуа щIалэ цIыкIухэр ящэу зэIэпахыурэ, КъуэкIыпIэм нагъэсырт. ЗауэлI хахуэу ягъэса нэужь, адыгэ щIалэхэр мамлюкхэм хагъэхьэрт. Тырку янычархэр лъэсыдзэ лъэщу я хъыбар ягъэIуами, мысыр мамлюкхэм хуэдэ шууей Iэл дунейм тетакъым, икIи адыгэ мамлюкхэм я закъуэщ къэралым бжьыпэр щаубыду, пащтыхьыгъуэр зыIэрагъэхьэн зыхузэфIэкIар.
- ФатIимидхэм ящыщ хъалиф ал-Азиз и тетыгъуэм (ди лъэхъэнэм и 975 — 996 гъэхэм) ирихьэлIэущ мамлюкхэр япэ дыдэ Мысырым къыщыщыхутар. А зэманым Мысырым лъэпкъ зэгурымыIуэныгъэ гуащIэ къыщекIуэкIырти, я хабзэм, бзэм, фIэщхъуныгъэм, хьэлым, политикэм щымыгъуазэхэм дзыхь яхуищIмэ нэхъ къищтат хъалифым. И мурадыр нахуапIэ ищIын папщIэ, хъалифыр щхьэхуимытхэм я бэзэрым кIуэурэ, къадыгъуауэ ящэ адыгэ щIалэ цIыкIу Iэчлъэчхэр, узыншэхэр, Iущхэр къищэхуу, дзэ къулыкъум щыхуагъэхьэзыр еджапIэхэм ириту щIидзащ. Абы щылажьэ егъэджакIуэхэмрэ езы хъалифымрэ къищынэмыщIа, нэгъуэщI зы цIыху ирагъэкIуэлIэнутэкъым еджапIэм. Адыгэ щIалэ цIыкIухэр я зиусхьэным хуэпэжу, шым тесыфу, джатэкIэ зэуэфу, шабзэр ягъэIэкIуэу, бэнэфу, псым есыфу ягъасэрт, хьэрыпыбзэр ирагъащIэрт, шэрихьэтым щIапIыкIырт. Апхуэдэу къэунэхуауэ щытащ япэ дыдэ мамлюкыдзэр.
- 1171 гъэм фатIимидхэр тригъэкIуэтри, Мысырым и сулътIан хъуащ хьэмшэрий Iэюбидхэм ящыщ Сэлахъ ад-Дин. СулътIаным и тетыгъуэм ирихьэлIащ чыристан диныр цIыхум хахьэн мурадкIэ жорзехьэхэм ирагъэжьа япэ зауэр. Абыхэм япэщIэтынымкIэ Сэлахъ ад-Дин хуабжьу сэбэп хуэхъуащ мамлюкхэр. Адыгэ зауэлIхэм пщIэшхуэ зэрахуищIым и щыхьэту, гвардием, дзэм хэт, псым тет зауэлIхэм зэрызыкъыщIагъэкъуам папщIэ, сулътIаным абыхэм щIы къаритащ. Апхуэдэу, мамлюкхэр дамэгъу ищIри, сулътIаным зэгуигъэхьауэ щытащ Сириемрэ Мысырымрэ.
- Адыгэ мамлюкхэр зэрызауэлI уасэншэр нэсу къыгурыIуащ Сэлахь ад-Дин и къуэ ас-Сэлихь (1240-1249 гъэхэм Мысырым тетащ). Мамлюкхэм я псэупIэу къратат Раудэ хытIыгур, Каир пэмыжыжьэу. Абыхэм я хэщIапIэр фIыуэ яхъумэрт, нэхъыжьхэм нэхъыщIэхэр ягъасэу я Iуэхури зэтеублат. А зэманращ мамлюкхэр полкитIу щагуэшар: Бурджитрэ (Сэлихьейхэр) Бахъритрэ жиIэу. Сэлихьейхэм сулътIаныр уардэунэм и кIуэцIым щахъумэрт, икIи адыгэ защIэт, етIуанэм нэхъыбэу хэтыр тыркут, ас-Сэлихь и бжэIутт.
- Ас-Сэлихь дунейм ехыжа нэужь, абы и къуэ МуIэзэм Туран-шахым тетыгъуэр къыхуэна щхьэкIэ, и къалэнхэм пэлъэщыртэкъым, къэралыр щыхупIэм зэрыщхьэщигъэувэнур наIуэти, мамлюкхэм сулътIаныр трахури, езыхэм ящыщ бахърит дзэзешэ Айбэч (1250-1257 гъэхэм тетащ) трагъэуващ. Абдеж щыщIедзэ тырку мамлюкхэм я бахърит лIакъуэм и тетыгъуэм. Пащтыхьыгъуэр адэм къуэм зэрырит хабзэр кIуэдыжащ икIи къарукIэ, лIыгъэкIэ, хахуагъэкIэ адрейхэм ефIэкI эмирым тетыгъуэр къылъысурэ екIуэкIащ.
- А зэманым щыщIидзэри, илъэси 130-м къриубыдэу Мысырым и унафэщIу мамлюк 28-рэ тетащ, япэу тетыгъуэр зыубыдар тыркуу щытами, абыхэм я нэхъыбэр адыгэт. Сыт хуэдиз зэфIэкI бахърит мамлюкхэм ямыIами, ахэр адыгэ мамлюкхэм зэи къапэщIэувакъым.
- Бахъритхэр илъэси 130-кIэ Мысырым тета нэужь, бурджитхэм я чэзур къэсащ икIи абыхэм 1517 гъэ пщIондэ (уэсмэн сулътIан Селим Езанэм зэхикъутэху) къэралыр зэрахьащ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, бурджитхэр къызытехъукIыжар 1382 гъэм бжьыпэр зыубыда адыгэ мамлюк Бэркъукъущ. Мысырым цIыху мелуани 5 щыпсэурт. Абыхэм ящыщу цIыху мини 100-р адыгэт. Къаугъэ къэхъеймэ, адыгэ мамлюкхэм хэплъыхьауэ, сыт и лъэныкъуэкIи зэщIэузэдауэ зауэлI мин 12 къагъэувыну апхуэдэ зэфIэкI ябгъэдэлът.
- Бэркъукъу бжьыпэр иубыда нэужь, бахърит мамлюкхэр я къулыкъухэм тригъэкIуэтурэ, адыгэхэр эмир ищIу, и лъэпкъэгъухэр дригъэкIуэтейуэ хуежьащ. 1395 гъэм ирихьэлIэу адыгэ мамлюкхэм Мысырыр зэрыщыту яубыдат икIи къыкIэлъыкIуэ илъэси 135-м ахэр къэгъуэгурыкIуащ тетыгъуэр зэIэпахыу.
- Мысырым тета адыгэ мамлюкхэр:
- Бэркъукъу аз-Зэхьир Сэфудин (1382-1389, 1390-1399)
- Фэрадж ан-Насир (1399- 1412)
- Шеихъ ал-МуIэед Сэфудин (1412-1421)
- Мухьэмэд I ас-Сэлихь Насруддин (1421-1422)
- Барэсбей ал-Ашраф Сэфудин (1422-1438)
- Исуф ал-Азиз Джамалуддин (1438)
- Джэкъмакъ аз-Зэхьир Сэфудин (1438-1453)
- Уэсмэн ал-Мансур Фахъруддин (1453)
- Инал ал-Ашраф Сэфудин (1453-1461)
- Ахьмэд II ал-МуIэед Шихьэбуддин (1461)
- Хъущкъуэдэм аз-Зэхьир Сэфудин (1461-1467)
- Былбей аз-Зэхьир Сэфудин (1467-1468)
- Ашрэф Сэфудин Къеит-бей (1468-1496)
- Мухьэмэд II ан-Насир (1496-1498)
- Къансыхъу аз-Зэхьир (1498-1500)
- Джэмболэт ал-Ашрэф (1500-1501)
- Тумэн-бей I Адыл (1501)
- Къанщауэ Гъур (1501-1516)
- Тумэн-бей Ашрэф (1516-1517)
- Мамлюк сулътIанхэр муслъымэнхэм, тетыгъуэр щIэину зылъысахэм, апщIондэху Мысырым ицIыхуа унафэщIхэм хуэдэтэкъым. Адыгэ мамлюкхэр псом япэ зауэлIт, итIанэт щысулътIаныр, щыполитикыр, щыIэтащхьэр. Ахэр къызэрыгуэкI зауэлIхэм ябгъурыту монголхэм, туменхэм, чыристанхэм езауэрт, сапэкIэ зыгуэрым зэхэуэр зэкIэщIигъэкIуэтамэ — ар адыгэ сулътIант, и гъащIэ щымысхьыжу, и тетыгъуэм щIэмыбэгыу, и щIыхьыр япэ иригъэщу апхуэдэт. Ауэ лIыгъэр япэ изыгъэщ мамлюкхэм политикэм зыри хамыщIыкIыу къикIыртэкъым — щIэныгъэмрэ ухуэныгъэмрэ елэжьырт.
- Адыгэ мамлюкхэм къахэкIа сулътIанхэм я тетыгъуэращ Мысырыр къыщыщIэрэщIар, зыщиужьар. Каир къалэр сату IуэхущIапIэ и закъуэ мыхъуу, муслъымэн дунейм и щэнхабзэ екIуэлIапIэ нэхъыщхьэу щытащ. А зэман жыжьэм адыгэ сулътIанхэм ирагъэщIа мэжджытхэр нобэр къыздэсым щытщ, ислъам архитектурэм и ехъулIэныгъэ нэхъ ин дыдэу къалъытэу.
- 1501 гъэм сулътIан мэхъу илъэс 60 зи ныбжь Къанщауэ Гъур. А зэманым ирихьэлIэу Мысырыр тхьэмыщкIэ хъуат, зауэ зыбжанэм къыщIэхужауэ. Арами, зэфIэкIышхуэ зиIэ цIыхум хэкум зэIумыбзу илъа Iуэхухэр пIалъэ кIэщIкIэ лъэныкъуэ ирегъэз, Мысырым мылъку гъэтIылъыгъэ ирегъэщIыж. Унафэ ищIу къэралым зэрытета илъэс 15-м къриубыдэу, Къанщауэ Гъур Каир кIэнауэ куэд къыщригъэтIащ, еджапIэ-мэжджытрэ школрэ щригъэухуащ. Адыгэ тхьэмадэм и щIыхькIэ школым «ал-Гъури» фIащ. КъищынэмыщIауэ, Къанщауэ Гъур тхылъ еджапIэ хьэлэмэт ар-Рамилэ деж щрегъэщI, щхьэл зыбжанэ Каир къыщызэIуех. Къыхэгъэщыпхъэщ, адыгэ Хэкум икIыу ар Мысырым щыкIуам балигъ хъуауэ зэрыщытар, абы къыхэкIыу и адыгэцIэр зэримыхъуэжар.
- 1516 гъэм Уэсмэн къэралыгъуэм Мысырым зауэ кърещIылIэ. Езы сулътIаныр я пашэу мысырыдзэм СириемкIэ еунэтI, тырку зэрыпхъуакIуэхэм яхуэкIуэу. 1516 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м Мэрдж-Дэбикъ деж зауэшхуэ щаублэ абыхэм. Тыркухэр адыгэхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэт, топкIэ зэщIэузэдат. Абы къыхэкIыу адыгэ мамлюкхэр къызэтраукIэ, Къанщауэ Гъури зауэм хокIуадэ.
- 1517 гъэм щIышылэм и 22-м тырку сулътIан Сэлим Шынагъуэр Мысырым тоуэ, мазэ бжыгъэкIэ тетыгъуэр зезыхьа адыгэ мамлюк сулътIан Тумэн-бей еукIри, Мысырри Сириери Тыркум и блыгу щIоувэ.
- Къыхэгъэщыпхъэщ Мысырым и щхьэхуитыныгъэр трахами, уэсмэнлыхэм езы мамлюкхэр дунейм зэрытрамыхужыфар — абыхэм къэралым щаIэ пщIэр иджыри илъэс 297-кIэ яIыгъащ.
- Адыгэ мамлюкхэм я етIуанэ тетыгъуэм теухуауэ тхыгъэ куэд къыхэнэжащ тхыдэм. Псалъэм папщIэ, уэсмэн зэрыпхъуакIуэхэм я бийуэ ирагъэкIуэкIа зэщIэхъееныгъэм и унафэм щIэту щыта адыгэ пэщэ Алий-бэч (1728-1772) илъэс 22-рэ щыхъуам Мысырым и мухьэфэзхэм ящыщ зым и унафэщIт. Мамлюкхэмрэ франджыхэмрэ 1791 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м Нил адэкIэ, Эмбабэ деж, Джэзирэ пэмыжыжьэу щызэзэуащ. А зауэр зи нэкIэ зылъэгъуа, адыгэхэм къахэкIа тхыдэдж Абдел-Рэхьман аль-Джэбэрти и тхылъым щыжеIэ адыгэхэр шыщхьэмыгъазэу Наполеон и дзэм зэребгъэрыкIуар. 1801 гъэм франджыхэм Мысырыр ябгына нэужь, абыхэм я пIэ къиува инджылызхэр хущIэкъурт лIыхъужьыгъэрэ цIыхугъэрэ зыдалъагъу адыгэ мамлюкхэм бжьыпэр ирагъэубыдыжыну. АрщхьэкIэ, Мысырым и тет хъуа, Албанием щыщ Мухьэмэд Алий мурад ищIащ инджылызхэри адыгэ мамлюкхэри гъэпцIагъэкIэ игъэкIуэдыну. Мухьэмэд Алий и унафэкIэ инджылыз зауэлI 450-м я щхьэхэр бжэгъум фIаIури, Каир уэрамыщхьэхэм къытрагъэуват. КъыкIэлъыкIуэу, мамлюкхэм къарукIэ зэрапэмылъэщынур къыгуроIуэри, сулътIаным мурад ещI адыгэхэр хьилагъэкIэ зэтриукIэну. ФIыуэ илъагъу и къуэ Турсун-пэщэр Хъиджаз зэрыкIуэм и щIыхькIэ гуфIэгъуэ ефэ-ешхэ ищIу игъэIури, 1811 гъэм гъатхэпэм и 1-м адыгэ зауэлI 500 кърегъэблагъэ. Абы и пэ къихуэу Мухьэмэд Алий зыпхигъэIукIат мамлюкхэм дахэкIэ ягурыIуэну зэримурадыр, зэбииныгъэм кIэ ирагъэгъуэтмэ зэрынэхъыфIыр. Ефэ-ешхэр зэфIэкIауэ, хьэщIэхэр дэкIыпIэ зэвым дэту чэщанэм къыдэкIыжырти, гъущI куэбжэ хьэлъэхэр я гупэмкIэ щызэхуащI, блын лъагитIым я зэхуаку бэнзэвым къыдонэри, лъагапIэм къытес Iэрнэутхэр къеухыурэ, адыгэ мамлюк 500-м щыщу зы закъуэ фIэкIа къэмынэу къызэтраукIэ.
- А нэщхъеягъуэр дуней псом хъыбарышхуэу ирикIуэри, сурэтыщIхэм къагъэлъэгъуэжу, пащтыхьхэр зыщышынэу щыта адыгэ зауэлI хахуэхэр кIуэдыкIей зэрыхъуар ягъэщIагъуэу яIуэтэжу щытащ. Наполеон Мысырым къытемыуэ щIыкIэ а къэралыгъуэм адыгэ мамлюкыу мин 40 исащ. «Адыгэ мамлюк мини 10 сиIатэмэ, дуней псор къэззэуат!», — жиIауэ щытащ абы щыгъуэ Наполеон.
- Адыгэ мамлюкхэр я Хэкужьым пэIэщIэу илъэсищэ бжыгъэкIэ псэуами, я адыгэ напэр, цIэр, щIыхьыр ямыгъэпуду, ямыгъэулъийуэ, я лъым хэт лIыгъэмрэ цIыхугъэмрэ дахэу ягъэлъагъуэу дунейм тетащ.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд «Вагъуэхэр хамэщIым щоужьых» и тхылъым къитхыжащ.