ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ГъащIэм  и  фIыгъуэ, дыщэр  зэфыгъуэ

2022-06-01

  • Нобэрей махуэр, гъэмахуэм и пэщIэдзэр, сабийуэ дунейм тетым нэхъыфI дыдэу ялъагъухэм, зыпэплъэхэм ящыщщ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъу Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу къалъытэ цIыкIухэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэм щыщIидзэмрэ Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэр щагъэлъапIэмрэ зэрызэтехуэр.

  • Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм  (ООН-м) сабийхэр хъумэным теухуа унафэ щхьэхуэ къищтауэ щытащ 1950 гъэм и мэкъуауэгъуэм и 1-м. А махуэшхуэр убзыхунымкIэ япэу жэрдэм къыхэзылъхьар ЦIыхубзхэм я дунейпсо демократие федерацэращ. IуэхугъуэщIэр диIыгъащ ООН-м икIи унафэ ищIащ сабийхэм я хуитыныгъэхэр, я узыншагъэр, уеблэмэ я гъащIэр хъумэным гулъытэ хуащIын хуейуэ. Езы дунейпсо зэгухьэныгъэми зэфIих лэжьыгъэ псоми ящыщу сабийхэм ехьэлIахэр япэ игъэщыпхъэу къилъытащ.
  • Сабийм иIэ хуитыныгъэхэмкIэ декларацэ, иужькIэ, 1979 гъэм, Конвенцэ щхьэхуэ къищтащ ООН-м. Ахэр хуэунэтIат ЩIы хъурейм щыпсэу ныбжьыщIэ псоми я Iуэхур хэпщIыкIыу ефIэкIуэным. А дэфтэрхэр ди къэралым къыщилъытар илъэс 11 дэкIа нэужьщ. Нобэ а IэнатIэр шэщIауэ щолажьэ УФ-м, къэралым и Президентым, абы Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэ Львовэ-Беловэ Марие сымэ я кIэлъыплъыныгъэ ткIийм щIэту.
  • Ди къэралым иужьрей зэманым сабийхэм-рэ сабиигъуэр хъумэнымкIэ, зэфIэкI зыбгъэдэлъхэм защIэгъэкъуэным хуэунэтIауэ къыщащтэ программэхэм я бжыгъэм хохъуэ. Абыхэм къызэщIаубыдэ Iуэхухэр куэд мэхъу: сабий садхэм я Iуэхутхьэбзэхэм хуэныкъуэ псоми               ар къагъэсэбэпыфыну Iэмал етыныр, курыт еджапIэхэм етIуанэ, ещанэ зэблэкIыгъуэхэр щымыгъэIэныр, щытыкIэ гугъу ихуа унагъуэхэм щапI сабийхэм, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм хэхауэ защIэгъэкъуэныр, нэгъуэщIхэри. А псори къалъытэ УФ-м и унафэщIхэм икIи къытщIэхъуэ щIэблэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр къэрал мыхьэнэ зиIэ унэтIыныгъэ нэхъыщхьэ дыдэу ягъэув.