ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

НасыпыфIэу фыпсэу!

2022-06-01

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэтщIхэ!
  • Сабийхэм я дунейпсо махуэмкIэ сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу!
  • Ди гъащIэм и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэр ди щIэблэрщ, абыхэм сабиигъуэ насыпыфIэ яIэныр къахузэгъэпэщыныр къэрал политикэм щыпэрыт Iуэхугъуэ нэхъыщхьэ дыдэщ. Иужьрей илъэсхэм сабийм зиужьыным, абы и зэфIэкIым зыкъызэкъуихыным хуэунэтIауэ лэжьыгъэ куэд идогъэкIуэкI. Ахэр хуэунэтIащ гъащIэм езыхэм я гъуэгу къыщагъуэтыжыным, пщIэрэ щIыхьрэ зиIэ цIыхуу къэхъуным. Абы папщIэ иджырей сабий садхэр, школхэр доухуэ, ныбжьыщIэхэм я узыншагъэм щыкIэлъыплъ щIыпIэхэр къагъэщIэрэщIэж, социально-щэнхабзэ, спорт IуэхущIапIэхэм къахыдогъахъуэ, сабийхэмрэ унагъуэхэмрэ ягъуэт дэIэпыкъуныгъэр идогъэфIакIуэ.

  • Къэралым абыхэм зэрызащIигъакъуэ Iэмалхэр зэмылIэужьыгъуэми, гъунэншэми, дэ, балигъхэм, куэдкIэ дэлъытащ ди сабийхэр зэрыхъунур. Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ сабийхэм зи гъащIэр тыхь яхуэзыщIахэм — адэ-анэхэм, егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм, социальнэ, медицинэ лэжьакIуэхэм, жэуаплыныгъэ яхэлъу, хьэлэлу я лэжьыгъэр зэрырахьэкIым папщIэ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ фиIэну, насыпыфIэу фыпсэуну!
  • КъБР-м  и  Iэтащхьэ  КIУЭКIУЭ  Казбек.