ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мэжаджэ хуабэм и мэ IэфIыр

2022-06-01

  • Шэч хэлъкъым, гурэ псэкIэ къабзэу, IуэхуфIхэр и бащэу зи гъащIэр дахэу къезыхьэкI, фIыр и гуращэрэ Iыхьлыми, благъэми, гъунэгъуми пщIэ зыхуащI цIыху угъурлы ухуэзэмэ, узэрызэщIиIэтэнум. Абы уепсэлъылIэмэ, дэрэжэгъуэ ин уогъуэт, уеблэмэ, дунейр нэхъ дахэ хъуауэ, фIыгъуэ гуэр къыпхэхъуауэ къыпфIощI, дэплъагъу хьэл-щэным щыщ гуэр сэри схэлъарэт жыпIэу уохъуапсэ. Мис апхуэдэ цIыхущ ди псалъэмакъыр зытеухуар. Ар Вольнэ Аул щыпсэу Блий Хъанджэрийщ.

  • Баш къиIэтыф зэрыхъурэ махуэл щIагъуэ димыхыу лажьэу зи дунейр къезыхьэкIа Хъанджэрий куэд щIакъым иужьу зыIута IэнатIэм къызэрыIукIыжрэ. Дауи, абы къыхуихуэ къыщIэкIынщ зэплъэкIыжу къикIуа гъуэгуанэм щриплъэж, и IуэхущIафэр зыхуэдар, къызэринэкIа илъэсхэр и гупсысэхэм щызэпилъытэж. Апхуэдэхэм деж, шэч хэмылъу, ар хешэ и сабиигъуэм, я унагъуэм и къекIуэкIыкIар зыхуэдэм.
  • Зи гъащIэр матэщIэдзауэ къезыхьэкIахэм ящыщкъым зэшхэр. Я адэр пасэу, Хэку зауэшхуэр къэмысу, дунейм ехыжри, сабииплIыр анэм къыхуэнащ. Быным я нэхъыщIэр Хъанджэрийщи, и адэр ищIэжыххэркъым. Зауэ нэужьым къуажэдэсым ятелъа хьэзабыр ноби и нэгу щIэтщ абы. ЦIыхум я нэхъыбэр ерыскъыкIэ зыхуей хуэзэртэкъым. А гугъуехьхэр зыгъэвахэм ящыщщ езы Хъанджэрии. И Iэпкълъэпкъыр зэрымыубыдауэ, щIалэ цIынэу мэзым кIуэрэ пхъэгъэсыныр дамэкIэ къихьу, губгъуэм гъавэ щыIуахыжамэ, щхьэмыж къищыпу, нартыху кIэрыхуа къилъыхъуэу мащIэрэ къыхуихуа щIалэ цIыкIум.
  • Хъанджэрий и нэкIэ илъагъурт, псэкIэ зыхищIэрт анэм гугъуехьу телъыр зыхуэдэри, ахэр зэрыдигъэпсынщIэным иужь итт, зэрыхузэфIэкIкIэ Iэпыдзлъэпыдз хъурт.
  • — Ди анэм хуабжьу гугъу къыддехьу дипIащ, — игу къегъэкIыж Хъанджэрий, — губгъуэм къыщытщыпа нартыху тIэкIур щхьэлым ихьырт, иригъэхьэжырти, мэжаджэ хуабэ тхуигъэжьар фоупсу къытщыхъуу тшхырт. Къалэн мащIэ и пщэ дэлът абы: быныр пIынри, хадэр зехьэнри, лъапсэр зыхуей хуэгъэзэнри. А псом ищIыIужкIэ нэхущым къэтэджырт, тшхын игъэхьэзырырти, колхоз губгъуэм дэкIырт лэжьакIуэ — нартыху, щIэп ипщIэрт, нэгъуэщI лэжьыгъэхэр ирагъащIэрт. Дыщысабийми, тIэкIу нэхъ дыкъыдэкIуэтея нэужьи зэпымыууэ диущийрт ди анэм: «фызабэкъуэщ» зыхужевмыгъэIэу тэмэму дунейм фытет, мащIэ къэвлэжьми  куэд къэвлэжьми зыщIевмыгъэхыу Iуэхум фыпэрыт, губзыгъэу гупым фахэт, нэгъуэщIым фи зэран евмыгъэкI, цIыхум сэбэп фазэрыхуэхъуным иужь фит. А псалъэхэр нобэми сщыгъупщэркъым.
  • Урыху къуажэ школыр къиуха нэужь, Блий Хъанджэрий куэдрэ егупсысакъым и гъащIэ гъуэгуанэр зытриухуэну Iуэхугъуэм. ЗэрыцIыкIурэ и нэ къызыхуикI шофёр IэщIагъэм хуеджэну макIуэ Нарткъалэ. Абы щыIэ курсыр къеух, къегъэзэжри и шынэхъыжь Борис шофёру щылажьэ, пхъэщхьэмыщхьэм варенэ, повидлэ къыщыхащIыкIыу я жылэм дэт заводым стажёру, и къуэшым и дэIэпыкъуэгъуу къащтэ. Сытым хуэдэу дуней гуфIэгъуэр абы щыгъуэ зэрихьэрэт щIалэщIэм.
  • Абы иужькIэ, куэд дэмыкIыу Хъанджэрий ирагъэтIысхьэ совхозым и унафэщIыр, Арахъэ Чэмал, зэрызекIуэ автомашинэ ГАЗ-69-м. УнафэщIыр сыт и лъэныкъуэкIи къыхуэарэзыуэ, машинэр къабзэу зэрихьэу и къалэныр игъэзащIэрт щIалэм. Хъанджэрий зэрыцIыху тэмэмыр хьэкъ щыхъуат хозяйствэ Iэтащхьэм и щхьэгъусэ, судыщIэу лажьэ Душэ. Ари зэм-зэм IуэхукIэ нэгъуэщI щIыпIэхэм нигъэсыну къыхуихуэрт Блийм. ИлъэсищкIэ а IэнатIэм Iутауэ, зы махуэ гуэрым зэщхьэгъусэхэм абы къыжраIэ: «УщIалэщ, уеджэфынущ, ди зэранкIэ уи Iэм дагъэр къыпытIэтIу уи гъащIэр пхьыну дыхуейкъым, еджакIуэ удгъэкIуэнщ».
  • Хъанджэрий арэзы щыхъум, традзэри Душэ щIыгъуу къокIуэ Налшык. А зэманым, 50 гъэхэм, совхозым и щхьэ къытетыр совнархозырти, абы и унафэщI Кулик деж щIохьэ. Ар фIыуэ яцIыхурт зэщхьэгъусэхэм. Мызэ-мытIэу Урыху къакIуэурэ хозяйствэм и Iуэху зэрекIуэкIым щыгъуазэ зищIат, шыгъу-пIасти зэдашхат. «Щхьэгъусэм сэрэ мы щIалэр еджакIуэ дгъэкIуэну дыхуейт», — жеIэ Душэ. «АтIэ ар хъарзынэкъэ», — жери, абдежым совнархозым и нэхъыщхьэм стIолым къытрелъхьэ тхылъымпIэ: «Мис, мыбы итхэм фызыхуейр къыхэфх». Хъанджэрий и гум нэхъ къищтар Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэ Первомайскэ къуажэм дэт еджапIэрт. Абы щагъэхьэзырырт тхъум, кхъуейм пыщIа IэнатIэхэм Iутыну IэщIагъэлIхэр. ЕджапIэм узыщIэсыни къуитырт, махуэм щэ пщIэншэу ущагъашхэрт. ЩIалэм ар къыщыхихым, кадр Iуэхухэр зи пщэ дэлъу совнархозым щыIэ Хьэкъулхэ я къуэр Куликым къреджэри жреIэ: «Сэ гъуэгупщIэ фэстынщ, мы щIалэр Первомайскэм шэ, щIумы- гъэтIысхьауи укъэмыкIуэж».
  • Арати, а щIыкIэм тету, экзаменхэр итри, гъэшым елэжь IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзыру Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэ еджапIэм щIэтIысхьащ адыгэ щIалэр. КъыщIэмыхуэуи фIыуэ еджащ. А лъэхъэнэм хабзэт университет, техникум, институт къэзыуха, щIэныгъэ зыгъуэта щIалэгъуалэр къэралым и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм ягъакIуэу. Ауэ, Хъанджэрий, и насып къикIри, и щIыналъэм къашэжащ лъэIукIэ — Къэхъун дэт тхъу-кхъуей заводыр щIэлъэIуат зы мастеррэ зы лаборанткэрэ дыхъуэныкъуэщи, фи еджапIэр къэзыухахэм ящыщ къытхуэвгъакIуэ жаIэри. Абы щыгъуэ Къэхъун заводым иIэт къудамитI гъэшхэкIым елэжьу, ерыскъыпхъэ къыхащIыкIыу — зыр Хьэтуей, адрейр Жэмтхьэлэ дэту. Хъанджэрий нэхъ и гъунэгъур Хьэтуейрт, езыми нэхъ фIэкъабылыр арати, абы IэнатIэ къыщратащ.
  • ИлъэситхукIэ а къуажэм щыIауэ, и Iуэхури тэмэму зэфIэувауэ, Хъанджэрий мастеру ягъакIуэ Налшык дэт гъэш заводышхуэм. Ар хуэныкъуэт зи IэщIагъэм хуэIэижь, зи лэжьыгъэр гурэ псэкIэ зезыхьэн цIыху. Зэрагугъауи къахущIэкIащ урыху щIалэр: япэ махуэхэм щыщIэдзауэ абы зыкъигъэлъэгъуащ зи IуэхущIафэр гугъэзагъэу зэфIэзыгъэкI, гупыр зэзыгъэуIуф, зэзыгъэдэIуэф лэжьакIуэу. Уи унафэм зы цIыху фIэкIа щIэмытми, цIыхуищэ щIэтми укIий-угуокIэ, «сэ сыунафэщIщи, си псалъэм фемыбакъуэ» жыпIэкIэ, а бгъэлажьэхэм пщIэ яхуумыщIмэ, уэри пщIэ уиIэнукъым, уи Iуэхури дэкIынукъым. Ар фIыуэ къыгурыIуэрт Хъанджэрий икIи и гупым хэт дэтхэнэ зыри и щхьэ ирилъыту, къаугъэншэу, абыхэм ящыщ къуаншагъэ гуэркIэ къыщIэхуэми лей тримыгъэхьэу къызэдэгъуэгурыкIуащ. «Гъэшу мыпхуэдиз нобэ идгъэхъуэну ди пщэ дэлъщ, кхъыIэ, IейкIэ дыкъыхэмыщу, а тIэкIур тэмэму зэфIэдвгъэгъэкI» щабэу яжриIэрти, и лэжьакIуэхэм къагъэщIэхъуртэкъым.
  • ИщхьэкIэ щыIэ унафэщIхэри, езыр зыхэт гупри къыхуэарэзыуэ илъэсипщIым щIигъукIэ Налшык гъэш заводым щылэжьащ Блийхэ я къуэр. Ар зыIут IэнатIэр гугъут, утеплъэкъукIынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Iэпэдэгъэлэл пщIамэ, уи пщэ къыдалъхьа къалэнри пхуэгъэзэщIэнутэкъым, гъэшхэкIыр пфIызэхадыгъуэнри хэлът. Нэхъыбэу арат абы япэ ита мастерхэр щIыIумызэгъари. Ауэ Хъанджэрий гугъуехьым къигъэланджэртэкъым, ар заводым къыIукIынуи къыщIэкIынтэкъым, щыпсэун унэкIэ и Iуэхур зэтесу щытамэ. Езыр унагъуэ хъуат, зыщIэсыр фэтэр хьэхут. И щхьэгъусэр бухгалтеру щылажьэрт Вольнэ Аул дэт консерв заводми, зы махуэ гуэрым ар ираджэри къыжраIэ: «Ди складыр тэмэму, хэщIыныгъэншэу зезыхьэн цIыху дыхуейщ. Уи щхьэгъусэм епсалъи, а IэнатIэр и пщэ итлъхьэнщ. Тэмэму лажьэрэ — унэ къедгъэжьауэ дощIри, абы щыщу пэшищ хъу фэтэр фэттынщ, телефони фхущIедгъэшэнщ». Мо зэса гупыр, зыIут IэнатIэр сыт хуэдизу игу пымыкIми, Хъанджэрий къыIумыкIыу хъуакъым зыпэрыт лэжьыгъэм. Арати, Вольнэ Аул консерв заводым и складыр и IэмыщIэ къралъхьэри, илъэс 13-кIэ зэрихьащ къыщIэмыхуэу, зы абдж птулъкIэкIэ къимынэу. Абы иужькIэ игъэзэжащ гъэш заводым — и гум кърихуэкIырт зыхуеджа IэщIагъэм ирилэжьэну. Ар цех унафэщIу Iутащ пенсэм кIуэхукIэ.
  • Хъанджэрий и IэнатIэр екIурэ-ещхьу зэрызэрихьар щапхъэ цIыкIуитIкIэ къэдгъэлъэгъуэнщ. Япэрауэ, абы и пщэ дэлъа къалэныр зы илъэскIэ, илъэситIкIэ нэхърэ нэхъыбэрэ зыгъэкъарууф къахэкIыртэкъым — хэти пэлъэщыртэкъым, хэти къинэрти IуагъэкIыжырт. ЕтIуанэрауэ, лэжьакIуэ нэхъыфIым иратын хьисэпкIэ заводым къы- хуэкIуа УАЗ автомашинэр зыхуагъэфэщар Хъанджэрийщ.
  • … Зигъэпсэхуну тIысыжа щхьэкIэ, Хъанджэрий щысакъым Iуэхуншэу. Я псэупIэм и гъунэгъу консерв заводым дэт хьэлвэ цехым щIэт и цIыхугъэхэр къелъэIури, я ерыскъыпхъэр ищэу илъэс IэджэкIэ лэжьэжащ.
  • Блий Хъанджэрий зыхуэдэ цIыхур кърипщIэфынущ абы и благъэхэм ящыщ зым — Гугъуэтыжхэ я щIалэм къызжиIам: «Дэ, зэблагъэ-зэIыхьлыхэм, сыт хуэдэ Iуэху диIэми, къуажэм кIуэжын хуейми, нэгъуэщI Iуэхутхьэбзэ зэфIэдгъэкIыну къытлъыкъуэкIами, сыт щыгъуи дызэжалIэр, къэдгъуэтыр, щIэгъэкъуэну диIэр, дыкъэзымыгъэщIэхъур Хъанджэрийщ».
  • Iэджэ и уасэкъэ уи благъэ нэхъыщIэм апхуэдэу къыпхужиIэну!
  • Хъанджэрийрэ абы и щхьэгъусэмрэ зэдапIащ пхъуитI — Эммэрэ Мадинэрэ. Эммэ Уэлджырхэ я нысэщ, Мадинэ Пекъухэ яхэсщ. Абыхэм къащIэтаджэ щIэблэрщ зэщхьэгъусэхэм я гурыфIыгъуэр, я дунейр.
  • Нобэ, мэкъуауэгъуэм и 1-м, илъэс 85-рэ ирокъу нэхъыжь Iумахуэр. Ар зыцIыху дэтхэнэ зыри акъылэгъу къыбдэхъуфынущ: апхуэдэ ныбжь иIэу хуэбгъэфэщэнкъым а лIым. Ноби жыджэрщ, таучэлышхуэ хэлъщ, Iыхьлым, благъэм, гъунэгъум гуфIэгъуэ яIэмэ ядеIэт, нэщхъеягъуэ къалъыкъуэкIмэ ядеIыгъ. И цIыхугъэ гуэрым фIы къехъулIэмэ, и щхьэм къылъысам хуэдэу щогуфIыкI, фыгъуэнэдыр и псэм техуэркъым.
  • Ди гуапэщ, Хъанджэрий, уи щхьэгъусэмрэ уэрэ фызэкIэрымыхуу иджыри илъэс куэд узыншэу къызэдэвгъэщIэну, фи дунейр зыгъэнэху, псэуэ фIут щIэблэм я Iуэху дахэхэм фрилъагэу фи гъащIэр ефхьэкIыну.
  •  МЫЗ Ахьмэд.