Сэ къысфIощIыр адыгэбзэу ЖэщкIэ мэзым къиIущэщыр
2022-06-01
- Гущэкъу уэрэдхэр
- АБРОКЪУЭ Бэллэ
- Жей нанэр къокIуэ
- Хъыдан жэрумэурэ
- Си насып вагъуэ,
- Щыгъэхуу уэгумэ
- Къыпыхуа щIагъуэ,
- Лэу-лэу-лэу жысIэмэ,
- НапIэр зэхуокIуэ,
- Лэу-лэу-лэу жысIэмэ,
- Жей нанэр къокIуэ.
- Хьэбэ хъурыфэурэ
- Си гурыфIыгъуэ,
- Дыгъэм и фыгъуэурэ
- Дыщэр зэфыгъуэ,
- Лэу-лэу-лэу жысIэурэ,
- ПщIыхь ныпхузошэ,
- Лэу-лэу-лэу жысIэурэ,
- ПщIыпщIу нызошэ.
- Бжьэфу пэщащэри
- Жейм щIэф зэпытти,
- Iупэу пIэжьажьэри
- ФIыгъуэ пыбжыкIи,
- Лэу-лэу-лэу жысIэурэ,
- Хъыринэ уощIэ,
- Си дуней бзыгъэри
- Уи жейм ныхопщIэ.
- ПщIыхьу фIэрафIэри
- Гущэм щIеупскIэ,
- Си пщащэ цIыкIури
- Жей, укъэмыскIэ.
- Лэу-лэу-лэу жысIэурэ,
- Вагъуэхэр къоблэ.
- ПщIыхьыр игъаблэурэ
- МазэщIэр къоплъэ…
- Дадэ и гугъапIэ
- Нанэ и Iу бахъэу
- Хъуэхъур зыхуигъэш,
- Еш зымыщIэ гущэм
- И псэм зезыгъэщI,
- Лэу-лэу, си нэ пIащэу
- Сэ си щIалэ нэху,
- Гурыгъузу сиIэр
- Си гум изыгъэху.
- Уэгум игу къытхуилъыр
- Уэ уи нэгум къощ,
- Хуабэу дыгъэм хэлъыр
- IэплIэу къысхубощI.
- Лэу-лэу, дыгъэ-щыгъэу
- Сэ си щIалэ щэху,
- Дадэ и гугъапIэр
- Зыхуихь гугъэпсэху.
- Лъэпкъым и пкъым — къуэпсу
- Уэ упыкIыкIын?
- ЦIыхум и псэм щыщу
- УакъыхущIэкIын?..
- Уи нэ къабзэр — уэгум
- И гум къыпыкIа?
- Тхьэм уихъумэ, нурыр
- Зи псэм къешэкIа!
- Гущэм и хъыринэм
- УещIэу зыгъэпсэху,
- ЖейкIэ зыбгъэнщIауэ
- ЗыкъызэбгъэщIэху.
- Лэу-лэу, си нэ пIащэу
- Сэ си щIалэ нэху,
- Гурыгъузу сиIэр
- Си гум изыгъэху.
- АФIЭУНЭ Лиуан
- Сыту куэд сэ сиIэ!
- Си нэ, си жьэ, си пэ,
- Си тхьэкIумэ, ныбэ.
- Си лъэ, си щхьэ, си Іэ.
- Сыту куэд сэ сиIэ!
- Тхьэгъэлэдж
- — Махуэм дэнэ
- УздэщыIэр,
- Зи бзэр дахэу
- Си IэфI цIыкIу?!
- «ЦIутIи-пIутIи»
- Уэ жумыIэу,
- ЗыщIэбгъэпщкIур сыт —
- Хуэмыху?!
- КъакIуэ мыдэ,
- Умышынэу.
- КъоIусэну
- ПфIэщIыр хэт?
- ДегъэдаIуэ
- ШыкIэпшынэм,
- Зэхэдгъэхыт
- Уи уэрэд!
- — Сожей махуэм —
- СхущIэмыхьэ,
- Сыкъэушмэ —
- Согупсысэ,
- Сошхэ,
- Дыгъэм зызогъэу.
- Нэху щыху —
- Дыгъэр зэрыкъухьэу,
- Губгъуэ Нанэ
- Сыхуоусэ,
- Губгъуэ Нанэ тызогъэу!
- КЪЭЖЭР Пётр
- КхъыIэ, иIэ
- Дадэ, Дадэ! КхъыIэ, иIэ,
- Таурыхъ аргуэру жыIэ…
- Хъыджэбз цIыкIур мэзым кIуауэ,
- Дыгъужьыжьым ныхуэзауэ,
- Ирихьэжьэу ежьэжауэ,
- И гъуэ кIыфIым нэсыжауэ,
- Ауэ сэ сыкъыкъуэкIауэ,
- Щхъуэжь кIэ бацэр есхужьауэ,
- Хъыджэбз цIыкIур къезгъэлауэ,
- Тхъэрэ-псэууэ къэнэжауэ…
- Дадэ, Дадэ, кхъыIэ, иIэ,
- Таурыхъ апхуэдэу жыIэ.
- ДЖЭРЫДЖЭ Арсен
- Адыгэбзэ
- ЦIыхуу щыIэм яIэжщ я бзэ,
- ЗэраIэжым хуэдэу я псэ.
- Сэри сиIэщ апхуэдэбзэ,
- Хэлъу дади нани я псэ.
- А сэ си бзэр адыгэбзэщ,
- Пшынэ Iэпэу, схуэбзэрабзэу,
- Нарзаныпсым ещхьыркъабзэщ,
- КъобыргъукIыр, псынэ къабзэу.
- Сэ къысфIощIыр адыгэбзэу
- ЖэщкIэ мэзым къиIущэщыр.
- Нэхущ бзухэм я уэрэду
- Жыг къудамэм къапыщэщыр.
- Адыгэбзэщ нанэ щабэу
- Пщэдджыжь къэскIэ зэрылъаIуэр:
- «Ухожае, тэдж, си тIасэ,
- БлэбгъэкIынущ насып къакIуэр…»
- Адыгэбзэр щыбзэрабзэм
- Адыгэпсэр щымыжей,
- ЗымыщIэжыр анэм и бзэр
- ГъащIэм куэдрэ щогужьей.
- Си нанэ
- Сэ си нанэр дэсщ ди къуажэм.
- Къуажэм сэри сыкIуэрейщ.
- ГъэщIэгъуэнкъэ, нани мами
- Я зэхуэдэу сэ сарейщ.
- Нанэ жеIэ сэрыншауэ
- Мыпсэуфу тхьэмахуитI.
- Джэди къази дэзгъэшхэну
- Сэ ди нанэ сещIыр хуит.
- Жэм къыщишкIи дызэгъусэщ,
- Нанэ къешыр, сэ сыщытщ.
- Ди шкIэ цIыкIури къызэбзейуэ
- Пщэхъур илъу къызбгъурытщ.
- Ди шкIэм и кIэр мэпIэжьажьэ,
- Сэ си Iупэм сыщIофыж.
- ШатIэгъуэблыр нанэ къишым,
- ШкIэми сэри зыдотIыж.
- КЪЭЗАН ФатIимэ
- Си лъахэр — гъэмахуэм
- Ди хадэшхуэм куэд щобагъуэ:
- Къэб, къэбыстэ, къуэнтхъурей…
- Ди жыг хадэм къыщогъагъэ:
- Дей, къыпцIей, мыIэрысей…
- ХьэкIэкхъуэкIэр мэз щыкуэдщ:
- Мыщэ, бажэ, мэз джэду…
- Къуалэбзухэр уэгум изщ:
- Хьэрхьуп, жьынду, жэнэтбзу…
- Губгъуэм удзкIэ зигъэнщIащ:
- Лъэху, дадий, яжьащхъуэ…
- Дуней псор къэщIэрэщIащ,
- Уафэр хъуащ нэхъ къащхъуэ.
- Зэрыбжэ къебжэкI
- Уэ зы — Закъуэ нэхърэ,
- Зы баш.
- Уэ тIу — НитIыр зэхуэдэмэ,
- Маплъэ.
- Уэ щы — Іэнэр лъакъуищмэ,
- Мэув,
- Уэ плIы — Жэм быдзиплIыр зэхуэдэмэ,
- ГъэшыфIэщ.
- Уэ тху — Iэпхъуамбитхум хамэ яхэткъым.
- Уэ хы — Илъэсих хъуа шым
- Гъуэгум я нэхъ кIыхьыр зэпечыф.
- Уэ блы — Вагъуэзэшиблым загъазэмэ,
- Нэху мэщ.
- Уэ йы — Вэрэвийр зэдеIэмэ,
- Вагъэбдзумэр ирач.
- Уэ бгъу — Дзыгъуибгъур зэдеIэмэ,
- Кхъуей кIадащхьэр трач.
- Уэ пщIы — Бгъум зы хэплъхьэмэ,
- ПщIы мэхъу.