Хэкупсэхэр ягъасэ
2022-06-01
- КъБР-м щыIэ МВД-м «Полицейский дядя Стёпа» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ зэхьэзэхуэм щытекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ щагъэлъэпIащ. Зэпеуэм мы гъэм республикэм и щIыналъэхэм щыщ сабий 30 хэтащ, илъэси 6-м къыщыщIэдзауэ 14 ныбжьым къриубыдэхэу.
- Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий текIуа ныбжьыщIэхэм щехъуэхъум фIыщIэ яхуищIащ Урысей Федерацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкI творческэ зэхьэзэхуэм жыджэру зэрыхэтым папщIэ.
- — Я IэдакъэщIэкIхэм сабийхэм къыщагъэлъэгъуащ хабзэхъумэ лэжьыгъэм зэрыхущытыр икIи езыхэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэм и теплъэр къагъэнаIуащ. Щхьэхуэу фIыщIэ яхузощI адэ-анэхэм сабийхэр гъэсэным зэрегугъум папщIэ. НыбжьыщIэхэ, адэкIи ехъулIэныгъэхэр, творческэ текIуэныгъэхэр фиIэну си гуапэщ! — жиIащ министрым.
- Ведомствэм и унафэщIым къыхигъэщащ апхуэдэ Iуэхухэр къытщIэхъуэ щIэблэр цIыхугъэ яхэлъу, хэкупсэу гъэсэнымкIэ сэбэпышхуэ зэрыхъур. «Полицейский дядя Стёпа» зэхьэзэхуэм ныбжьыщIэхэм я деж нэхъри зыщеубгъу. Мы гъэм и лауреатхэм яхэтщ Совет Союзым и ЛIыхъужь Калюжный Николай и цIэр зезыхьэ СОШ №7-м и кадет классым щIэсхэр.
- Псалъэ гуапэхэм пищащ КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и унафэщI Мэкъушэ Руслан. Абы къыхигъэщащ лэжьыгъэ псори екIуу зэрагъэхьэзырар икIи жюрим и гулъытэ лъагэхэр зэрахуэфащэр.
- Iуэху гуапэм и кIэухыу къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру республикэм щыIэ Павлов Василий бжьыпэр зыубыда, къыхэжаныкIа ныбжьыщIэхэм щIыхь тхылъхэр, гукъинэж ящыхъун саугъэтхэр яритащ.
- БАХЪСЭН Азэмэт.