ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

IэщIагъэлIхэм я зэхуэс

2022-06-01

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэхэтащ ухуэныгъэмкIэ, архитектурэмрэ дизайнымкIэ къудамэм къыщIигъэкI IэщIагъэлIхэм я зэIущIэ.

  • Зэхуэсыр теухуат университетым а и къудамэм къыщIигъэкI IэщIагъэлIхэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэща икIи IэнатIэм щIалэгъуалэр къешэлIа, дегъэхьэха зэрыхъуным, ухуэныгъэм пыщIа IуэхущIапIэхэм запыщIэным, абыхэм зэгурыIуэныгъэхэр ещIылIэным.
  • Институтым и унафэщI Хэжь Анатолэ зэхуэсыр къыщызэIуихым, ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм, еджэныгъэр къызэрызэрагъэпэщым, къэралым къищта мардэхэм зэрытехуэм тепсэлъыхьащ. Абы къищынэмыщIауэ, Хэжьым зэхуэсым кърихьэлIахэм гу лъаригъэтащ я хьэщIэхэр куэдкIэ зыщыгугъ, зэпымычу къадэлажьэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэу зэрыщытым, ахэр КъБКъУ-м и дарэгъуу илъэс куэд лъандэрэ къызэрекIуэкIым.
  • Зэхуэсым и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ Унэжокъуэ Астемыр, КъБКъУ-м IэнатIэхэмкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Куэцэ Ратмир, «Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш икIи промышленнэ ухуэныгъэхэр» зэгухьэныгъэм и унафэщI Къуэкъуей Мухьэмэд, «Дахэ» IуэхущIапIэм и унафэщI Быдэ Аслъэн, «Дамыгъэ» IуэхущIапIэм и унафэщI ПщыхьэщIэ Азэмэт, «Проект ухуэныгъэхэр» фирмэм и унафэщI Албот Рустам, КъБР-м Лъэпкъ IэщIагъэхэмкIэ и центрым и унафэщI Урыс Аслъэн, «Къалэ щхъуантIагъэ» IуэхущIапIэм и пашэ Тэрчокъуэ Хьэсэн, КъБР-м и Лъэпкъ музейм и лIыкIуэ ГъукIэмыхъу Аксанэ, КъБКъУ-м IэщIагъэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым и унафэщI Лопатинэ Кристинэ, нэгъуэщIхэри.
  • ЕджапIэр къэзыуха IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр щагъэгъуэзащ лэжьакIуэ хуэныкъуэ IуэхущIапIэхэм, абыхэм я лэжьыгъэр зэрагъэпсыну щIыкIэхэм, IэнатIэм узэрыщехъулIэну икIи узэрыдэкIуеину Iэмалхэм.
  • «IэщIагъэлIхэм сыт щыгъуи дахуэныкъуэнущ. Зыхуеджа Iуэхугъуэр гъащIэм къыщызыгъэсэбэпыф, зрагъэгъуэта щIэныгъэм гъуэгу хухэзышыф лэжьакIуэхэм сыт щыгъуи дахуейщ. Ди министерствэр къапщтэмэ, лэжьэгъу тхуэхъужри, ди къудамэхэм IуэхущIакIуэу къэуври  КъБКъУ-р къэзыуххэращ, я бжыгъэми кIуэ пэтми хохъуэ. ПцIы хэмылъу, ар епхащ щIыналъэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм фIыуэ щыгъуазэ цIыхухэм къулыкъущIапIэр зэрахуэныкъуэм, абы къыдэкIуэу дызыхэпсэукI жылагъуэ-экономикэ щытыкIэм хэзыщIыкI IэщIагъэлIи къызэрилъыхъуэм. КъБКъУ-м къыщIэкI ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ ябгъэдэлъым и мызакъуэу, гъэсэныгъи яхэлъщ. Ахэр зыхэтхэм фIыкIэ къахощ икIи яхэгъуащэркъым», —  жиIащ Унэжокъуэ Астемыр.
  • Куэцэ Ратмир къызэрыхигъэщамкIэ, иужьрей илъэсхэм дунейр щIэгъэхуэбжьауэ зыхуэкIуэ бжыгъэрылъанэ экономикэмрэ IэнатIэхэмрэ еджапIэм гулъытэ хэха хуищI хъуащ.
  • — КъБКъУ-м Бжыгъэрылъанэ IэнатIэхэмкIэ и центрым иригъэкIуэкI лэжьыгъэм уеплъмэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм ящыщу университетым «Факультетус» IуэхущIапIэм тхьэмахуэ зыбжанэ хъуауэ пашэныгъэр иIыгъщ. Абы ухуэныгъэмкIэ, архитектурэмкIэ, дизайнымкIэ и къудамэр къэзыуххэм IэщIагъэмкIэ зрагъэгъуэт щIэныгъэм къыдэкIуэу, бжыгъэрылъанэм и Iэмалхэми хуэIэижьу къыщIокI. Иджырей дунейм технологиещIэхэм, бжыгъэрылъанэ Iэмалхэм ущыгъуазэу щытыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэу щытщ. Абы и лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, ди еджапIэм къыщIэкIхэр хуэмыхуу жыпIэ хъунукъым. Къыхэгъэщын хуейщ, ди еджапIэр къэзыухахэм я нэхъыбэм «Факультетус» бжыгъэрылъанэ утыкум илъ анкетэм къигъэув упщIэхэм жэуап зэрыратар, лэжьапIэ IэнатIэ ягъуэтынымкIэ яIэ Iэмалхэр а щIыкIэм тету нэхъыбэ зэращIар. АбыкIэ щIалэгъуалэм къагъэлъагъуэ я зэфIэкIыр здынэсыр, яхузэфIэкIынур зэрымымащIэр, — жиIащ Куэцэм.
  • ЦIыхухэр лэжьапIэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэщыным епха Iуэхугъуэхэм ятеухуауэ ущыщIэупщIэ хъунущ КъБКъУ-м и ХъыбарегъащIэ центрым, мы телефонхэмкIи запыпщIэ хъунущ: +7 (8662) 40-48-06.
  • ШУРДЫМ Динэ.